ПсэукIэм зрагъэужьырт

Феодализмэм хабзэ хуэхъуа и зэныкъуэкъуныгъэхэр хыумыбжэмэ, мамлюк дзэзешэхэм фIэщхъуныгъэ яхэлъу Мысырым я лъэр щагъэбыдэрт. Ар къызыхэкIым и щхьэусыгъуэр мырат: ахэр Нил Iуфэ къэкIуатэкъым хамэщI къаубыдын мурадкIэ дзэ къашэу хьэмэ абы ис лъэпкъхэр Кавказ жыжьэм щыпсэу адыгэхэм я фейдэ папщIэ яхъунщIэну. Ахэр къэкIуатэкъым мыбы Камбиз зи пашэ къэжэр зэрыпхъуакIуэхэм, Македонский Александр зи Iэтащхьэ алыджхэм, Сэлим Шынагъуэр зи дзэзешэ тыркухэм хьэмэ Наполеон зи унафэщI франджыхэм ещхьу... Езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ ахэр Мысырым къыщыхутакъым. Кавказым пызыщIэ псори абыхэм трахат.
Мамлюкхэм я уэркъ псэукIэр сэбэп хъурт къэралыр зэгуэгъэ-хьэнымкIэ. Апхуэдэу сату гъуэгухэр, псом хуэмыдэу ЩIыкIурытыхыр, монголхэми жорзехьэхэми зауэ драгъэкIуэкI пэтми, адыгэ сулътIанхэм я зэманым нэхъ шынагъуэншэт. Зэманым кIуэцIрыплъыфа ан-Насир езым и фейдэ зыхэлъ зэгурыIуэныгъэхэр нэгъуэщI къэралхэм ярищIылIэрт. Апхуэдэт, псалъэм папщIэ, Дыщэ Ордам, къуэкIыпIэмкIэ щыIэ монголхэм я бийм, ириухылIар. Ар дыдэмкIэ абы и гъунапкъэхэр егъэбыдэ. КъимыдэкIэ, ан-Насир Константинополь мамырыгъэ щытыкIэ диIыгът. Апхуэдэ щытыкIэкIэ Мысырыр, экономикэ и лъэныкъуэкIэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и курых къэралхэм ящыщу нэхъ зызыужьар, къухьэпIэм е къуэкIыпIэм къикIа къэзэуакIуэхэм я къебгъэрыкIуэныгъэхэм пэлъэщырт. Хабзэ ткIий зыхэлъ, сыт и лъэныкъуэкIи зи IуэхущIафэхэр даIыгъ мамлюкхэм я дзэ лъэщым хузэфIэкIащ къэралым и щхьэхуитыныгъэр, щэнхабзэр, зыужьыныгъэр ихъумэжыну.
Мыбдеж гу лъытапхъэт мыпхуэдэ зы Iуэхугъуэм. XIII - XV лIэщIыгъуэхэм щыIа европей тхыдэтххэр мамлюкхэм я зэманыгъуэм мыIупщI дыдэу тепсэлъыхьырт. Ар къызыхэкIар гурыIуэгъуэщ: мамлюк сулътIанхэм мызэ-мытIэу жорзехьэхэм удын ирадзащ. Мысырымрэ Сириемрэ ахэр щытепща илъэсхэм ЩIыкурытыхым и къуэкIыпIэ лъэныкъуэхэм нэхъапэм къыщаубыдауэ щыта щIыналъэ куэди абыхэм яIэщIэкIыжат. Абы гъэщIэгъуэн хэлъкъым, курыт лIэщIыгъуэм Европэм щыпсэуа тхыдэтххэм, зыплъыхьакIуэхэм Нил Iуфэ къэрал зэгуэт щыухуэнымкIэ мамлюкхэм я фIыщIэр зэхъуэкIауэ къызэрагъэлъэгъуамкIэ.
Ан-Насир и ужькIэ абы и къуибгъум Мысырыр зэрахьащ. Ауэ абыхэм ящыщ дэтхэнэри куэдрэ тетакъым. Бахърит мамлюкхэм я тепщэныгъэр и кIэм нэблэгъат.
1382 гъэм сулътIан ящIащ аз-Захир Сейфеддин Бэркъукъу. Абдеж щыщIедзэ адыгэ мамлюкхэм я лIакъуэм. Абыхэм бжьыпэр илъэси 135-кIэ яIыгъащ. Мамлюкхэм я къарумрэ я ехъулIэныгъэхэмрэ адыгэхэм я деж псом хуэмыдэу нэхъри IупщI щохъу. Муслъымэн дунейм абыхэм къыщахь пщIэшхуэ, монгол мажусийхэмрэ чыристан жорзехьэхэмрэ я зэхэкъутакIуэ щIыхьыр. Адыгэхэм я IэмыщIэ илът къухьэпIэмкIэ Киренаики нэс, къаблэмкIэ Нубиерэ Массавэрэ, бещтокIэ Тавр бгыхэм нэс. НэгъуэщIу жыпIэмэ адыгэ мамлюк пащтыхьыгъуэм нэхъ империе абрагъуи, нэхъ лъэщи а лъэхъэнэм КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыIакъым. Абыхэм яхъумэрт Аравием и щихъ-къалэхэр. ЕпщыкIутхуанэ лIэщIыгъуэм адыгэ мамлюкхэм я бий нэхъыщхьэр уэсмэн сулътIанхэрат. Я къэрал кIэрыдзэну абыхэм къухьэпIэм щаIыгът Дийарбакррэ Зулгадыр-огуллары тыркумэн пщыгъуэмрэ.
Босуорт К. зэритхымкIэ, адыгэ мамлюкхэр Мысырымрэ Сириемрэ я тепщэу щыщытам абыхэм я экономикэ псэукIэм лъагэу зиIэтат, щэнхабзэм, гъуазджэм заузэщIат, псом хуэмыдэу архитектурэм, кхъуэщын гъэжьэным, гъущIым елэжьыным заужьат. Абыхэм я зэманым къыщыщIедзэ дамыгъэм и къежьапIэм. ЕпщыкIуханэ лIэщIыгъуэм и къыщIэдзапIэрщ адыгэхэм ныкъуэкъуэгъу щагъуэтар. Ахэр португалхэт, Васкэ да Гамэ и фIыщIэкIэ, Африкэм и хъуреягъкIэ гъуэгу щыпхызышу мамлюкхэм я щIыналъэм кIуэцIрыкI КъухьэпIэ Гъунэгъум кIуэрыкIуэм тету щрагъэкIуэкI сатур къэзыгъэмэщIахэр.
Бахъритхэмрэ бурджитхэмрэ я лIэщIыгъуэм Мысырым щыпсэухэт а зэманым и тхыдэтх ин дыдэу тIу - аль-Макризирэ ибн-Хъалдунрэ. Ибн-Хъалдун Бэркъукъу щытепщэм щыгъуэ хеящIэт. Абы итха «Пролегоменэ» лэжьыгъэ цIэрыIуэм цIыху псэуныгъэм теухуауэ къыщиIэта Iуэхугъуэ куэдым нобэр къыздэсым я мыхьэнэр кIуэдакъым. «Ибн-Хъалдун и тхылъыр, - етх Олдридж Джеймс, - Макиавелли и лэжьыгъэхэм, илъэсищэ дэкIа иужь дунейм къытехьа пэтми, я щхьэкIэ мэув. Ибн-Хъалдун Маркс ипэ илъэсищэ бжыгъэкIэ гу лъитат зэрылажьэ Iэмэпсымэхэмрэ IуэхущIапIэ мылъкумрэ тхыдэ зыужьыныгъэм зэрепхам». Бэркъукъу и тепщэгъуэм ар щыхьэт зытехъуэр умыгъэщIэгъуэну пхузэфIэкIыркъым: «Къэрал унафэм и хэкIыпIэ нэхъыфI дыдэр фIагъырщ.
ЦIыхубэр дэзыхьэх сулътIаныр - дэтхэнэ хьэпшыпми и уасэр фIыуэ зыщIэмрэ къэралым губзыгъэу унафэ щызыщIымрэщ».
Бэркъукъу бжьыпэр щиубыдам, адыгэ мамлюкхэм я бжыгъэр минитIым нэблагъэрт. Абы и тепщэгъуэм и кIэхэм (1399 гъэм) а бжыгъэр, тхыдэтх Ал-Бэдр ал-Айни къызэригъэлъагъуэмкIэ, зауэлI минитхум щIигъуат. В. Тизенгаузен и «Дыщэ Ордам и тхыдэм щыщ» тхылъым (Бытырбыху, 1884, езанэ том) дыкъыщоджэ: 1394 гъэм гъатхэпэм и 23-м Бэркъукъу сулътIаныр Щам къэкIуащ, икIи абы къыпчакъ хъан Тохъутэмыщ и хъыбарзехьэр къригъэблагъэри езыхэм я зэхуэдэ бийуэ къалъытэ Тамерлан зэгъусэу ебэныну елъэIуат. Абдежым адыгэ мамлюкхэм я Iэтащхьэм Самаркандым и эмир шынагъуэм тхыгъэ хуегъэхь, Мысырымрэ Сириемрэ къагуэтхэм я Iуэху химылъхьэну. Тамерлан бжьыбжьу Бэркъукъу жэуап къретыж: «Дэ дыбжыгъэншэщ. Дэ датокIуэ зыри зыпэмылъэщхэм. Дэ къытпэщIэмыувэр псэууэ къонэ. Дэ и Iэр къытхуэзы-Iэтыр иужькIэ щIогъуэж»...
Ауэ абы Бэркъукъу игъэшынакъым. Абы и дзэр Самаркандым и тепщэхэм я бийуэ еунэтI. АрщхьэкIэ Тамерлан, «адыгэ мамлюкхэр щымышхэм щригъэтIэхъун» гурылъыр зэрехъуэкIри, Тохъутэмыщ хъаным и дежкIэ зегъазэ. Тхыдэтх ибн-Хьэджарэ Эласкалани мыпхуэдэу етх: 1395 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м къыпчакъхэр зэрыщыту зэхакъутауэ щытащ. Мысырым и сулътIаныр хунэсакъым абыхэм ядэIэпыкъуну.
Захир Сейфеддин Бэркъукъурэ абы и къуэ Фэрэджрэ ирагъэкIуэкIа IуэхугъуэфIхэм ятеухуауэ дэ дыкъыщоджэ епщыкIубланэ лIэщIыгъуэм псэуа тырку къэкIухьакIуэ Эвлие Челеби къыдигъэкIа «ЗекIуэлIым и тхылъым» («ЩIэныгъэ» тедзапIэ, Мэзкуу, 1983): «Тамерлан и дзэ фIыцIэр Иылдырым Бэезид-хъан, Къарэ-Исуф сымэ щебгъэрыкIуам Ахьмэд Джелаир сулътIаныр кхъухьым итIысхьэу Анталье къикIыу Мысырым щыкIуэжам Бэркъукъу сулътIаным деж гъэпщкIупIэ къыщигъуэтат».
Бэркъукъу Мысырымрэ Сириемрэ я сулътIан тахътэр тIэу иубыдат: 1382-1389 икIи 1390-1399 гъэхэм. Тыркумэнхэу Диярбакыррэ Къарэмамидхэмрэ я дэIэпыкъуныгъэхэр къигъэсэбэпурэ, уэсмэнхэм щезэуам, абы и гъунапкъэхэр зыкъомкIэ егъэбыдэ.
Бэркъукъу и мавзолейр абы и къуэ ан-Насир Фэрэдж еухуэ, и адэм иужькIэ ар илъэс 13-кIэ сулътIанащ. 1405 гъэм ар зэрехъуэкI аль-Мэнсур Издин Абдул-Хьэзиз, ауэ мазэ бжыгъэ нэхъ димыгъэкIыу Фэрэдж тепщэгъуэр еубыдыж. 1411 гъэм дунейм япэ дыдэу Фэрэдж пщылIыпIэ цIыхухэр ирамыгъэтыну хабзэ къыдегъэкI.
Аргуэру зы илъэс докIри, Бэркъукъу и къуэр зэрехъуэкI МуIэед Щихъ сулътIаным. Ар хабзэ дахэ зыхэлът, усакIуэт, музыкантт. Езыр хьэпсым щрагъэса щIыпIэм деж МуIэед щрегъэухуэ Каир нэхъ къекIуу иджы дэт мэжджытыр.

 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться:

Читать также: