КъуажитI - зы тхыдэКъэрэшей-Шэрджэсым и къурш лъапэхэм, Инжыдж ЦIыкIум и Iуфэм Iус Зеикъуэр Хьэбэз районым щыщ жылагъуэщ. Адыгэ лъэпкъым и тхыдэмрэ и цIыху пажэхэмрэ щызэхэухуэна щIыпIэщ ар. Зеикъуэм и тхыдэр 1836 гъэм къыщожьэ. Ауэ абы щыпсэухэм я къуэпсыр нэхъ жыжьэ щыIэщ - Къэбэрдейм. XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм адыгэ унагъуэхэр, лъэпкъ псохэр Iэпхъуауэ щытащ абы. Тхыдэ-лъахэхутэ тхыгъэхэм къызэрыхэщыжымкIэ, Къэбэрдейм щыщу мы щIыпIэм къэIэпхъуахэм яхэтащ Къэзанокъуэхэ. Жылэр нэхъапэ здэщысар Марэ псым и Iэгъуэблагъэрщ. 1834 гъэм ар Инжыдж ЦIыкIу и Iуфэм, Джэрпэджэж бгы лъапэм деж хуэзэу Iэпхъуащ. А лъэхъэнэм жылэм ХьэтIохъущокъуей фIащащ, пщы ХьэтIохъущокъуэ Бэчмырзэ и цIэкIэ. 1836 гъэм жылэр ищхъэрэкIэ щытIысащ, Ашабэ псынащхьэм деж. 1929 гъэм къуажэм Зеикъуэ цIэр фIащащ. Апхуэдэурэ зэфIэуващ къуажэм и тхыдэр. ГъэщIэгъуэнщ мы жылэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэмрэ я зэпыщIэныгъэр. Абыхэм я цIэр зэщхь къудейкъым. Котляровхэ Мариерэ Викторрэ «Неизвестная Кабардино-Балкария» тхылъым къыщаIуатэ Зеикъуэр зыгъэтIысар XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм мыбы къэIэпхъуа Къэзанокъуэхэ я лIакъуэм щыщхэр зэрыарар. Езы Зеикъуэ фIэщыгъэцIэм «зей ауз» е «зей къуэладжэ» мыхьэнэр иIэщ. Мы хъыбарым щхьэхуэу къыщыхагъэщ адыгэ гупсысакIуэ, дипломат, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, зи щIэинхэр адыгэ лъэпкъым и тхыдэ фэеплъ хъуа Къэзанокъуэ Жэбагъы (1685 - 1750). Лъахэхутэхэм зэрыжаIэмкIэ, мы зэманым Зеикъуэ щопсэу Къэзанокъуэ Жэбагъы и щIэблэр. 2014 гъэм и мэлыжьыхьым мы лъэпкъым щыщу Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Адыгеймрэ исхэр Къэбэрдей Зеикъуэм къэкIуауэ щытащ, Жэбагъы и фэеплъыр ягъэлъэпIэну. ЩIыпIэм щыпсэухэм я гъусэу ахэр хэтащ гупсысакIуэмрэ абы и щхьэгъусэмрэ щыщIалъхьауэ зыхуагъэфащэ щIыпIэм фэеплъ сынхэр щыгъэувыным. Къэрэшей-Шэрджэсым щыщу Къэзанокъуэ лIакъуэм къыбгъэдэкIыу цIыхуу щэщIым щIигъу а Iуэхугъуэм хэтат. Ар тхыдэ Iуэхугъуэ къудейм нэхърэ нэхъыбэщ - щIэблэхэм я зэпыщIэныгъэщ. Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэ Зеикъуэр Кавказ Ищхъэрэм и къурш лъапэм, Инжыдж ЦIыкIум и сэмэгурабгъу лъэныкъуэмкIэ Iусщ, хы Iуфэм метр 620-кIэ щхьэщыту. ЩIыпIэм щыпсэухэм жаIэ абдеж щIыгум и щхъуантIагъэр, псыхъуэр, хъупIэхэр, бгы нэкIу дахэхэр щызэдекIуу, мэкъумэш щIэнымкIэ, Iэщ гъэхъунымкIэ узэхъуэпсэн щIыналъэу. Зеикъуэр районым и IуэхущIапIэхэр здэщыIэ Хьэбэз къуажэм километри 9-10 хуэдизкIэ пэжыжьэщ, Черкесск - километр 30-кIэ. Гъунэгъуу щысщ Куэш-Хьэблэ, Инжыдж ЦIыкIу, Къызыл-Юрт, Елбыргъэн, нэгъуэщI жылагъуэхэри. Иужьрейр абазэ къуажэщ. ЩIыпIэ мыин дыдэм апхуэдэу щызэгъунэгъущ Кавказым ис зэкъуэш лъэпкъхэр. Зеикъуэ къуажэм, къызэрыхэдгъэщауэ, фIыщ мэкъумэш щыпщIэну, Iэщ щыбгъэхъуну, хьэрычэт мыинрэ сату Iуэхурэ щызепхуэну. Къуажэм пхокI Черкесскрэ Хьэбэзрэ зэпызыщIэ гъуэгур. Нобэ абы цIыху мини 3,3-рэ хуэдиз дэсщ. Ауэ Зеикъуэ и пщIэр цIыху бжыгъэкIэ, щIыналъэм и инагъкIэ е къалэшхуэхэм япэжыжьагъкIэ къэплъытэныр захуэкъым, абы и къулеигъэр и цIыхухэрщ, лъэпкъ фэеплъымрэ хабзэмрэ зэрахъумэрщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ Зеикъуэм и гугъу пщIымэ, абыи узэрыгушхуэн куэд бгъэдэлъщ. 2015 гъэм къуажэм ину игъэлъэпIащ илъэс 400 зэрырикъур. Махуэшхуэм хыхьэу, къуажэм и тхыдэм теухуа конференц ирагъэкIуэкIащ, «Полк уахътыншэмрэ» шууейхэмрэ я зекIуэрэ шыгъажэрэ къызэрагъэпэщащ, нэгъуэщI спорт зэпеуэхэри зэхэтащ. Нэхъыщхьэрати, лъэпкъ 38-м я пщIантIэхэр ягъэуващ, я тхыдэм щыхагъэгъуазэу, я шхыныгъуэхэмкIэ щагъэхьэщIэу. ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэм цIыху мини 2-м щIигъу хэтат. 2017 гъэм Зеикъуэ щыщ Щауэ Нану Урысейм и рекордхэм я тхылъым ихуащ, къэралым щыпсэу нэхъыжь дыдэу. Абы и илъэси 125-мкIэ ехъуэхъуат къэралым и Президент Путин Владимир. Щауэ Нану илъэси 128-рэ хъууэ дунейм ехыжащ. Абы и гъащIэ псор Зеикъуэ щигъэкIуат, колхозым щылажьэу. Бзылъхугъэм бынитху, къуэрылъху-пхъурылъхуу 19, абыхэм къащIэхъуэжауэ 33-рэ, абыхэм еижу блы иIащ. Мы Зеикъуэр куэдкIэ цIэрыIуэ щIэхъуа нэгъуэщI зы щхьэусыгъуи щыIэщ - ар къыщхьэщыт Хьэрэ-Кхъуэрэ бгымрэ абы и щэхухэмрэщ. Хьэрэ-Кхъуэрэр зы лъагапIэ къудейкъым, атIэ папцIэу зэхэт къыр зыбжанэрэ метр 1233-рэ зи лъагагъ Iуащхьэрэ мэхъу. Зеикъуэ уикIыу Бахъсэн псыхъуэ удэкIмэ, ар дэнэ лъэныкъуэкIи щыболъагъу. И цIэр «хьэмрэ кхъуэпIащэмрэ» къытекIащ, щыгуитIыр я теплъэкIэ а псэущхьэхэм ирагъэщхьу. 2024 гъэм «Хьэрэ-Кхъуэрэ и щэхухэр» зыфIаща документальнэ фильмыр трахащ («ЛАДА» телеканалым). ХьэщIэхэр Зеикъуэ щыпсэу нэхъыжьхэми яIущIат, бгъуэнщIагъми кIуат. Зеикъуэ къуажэхэм я тхыдэм дегъэлъагъу лъэпкъ тхыдэмрэ щэнхабзэ щIэинымрэ гъунапкъэ зэрамыщIэр. БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:
Читать также:
27.11.2026 - 12:41 →
Адыгэ дэшхуейхэм я щIэин
24.11.2026 - 14:30 →
Зыужьыныгъэр я плъапIэу
20.11.2026 - 14:26 →
ПсэукIэм зрагъэужьырт
09.11.2026 - 17:44 →
ЩыIащ апхуэдэ хабзи
09.11.2026 - 14:25 →
Урысеймрэ Астрахань хъаныгъуэмрэ
| ||




