Календарь событий

23 ноября 2026

Данэ и щэхур

       СыкIуэжу гъуэгу сыздытетым, Шыдыгъухэ я фызыр щысцIыхур къищIэжыну, си щхьэ куцIыр мэныкъуакъуэ. Дырр, Расул! КъэсщIэжащ! Машинэр къызоIуэнтIэкIыж, щыкъум сыIуолъэдэжри, Сабринэ унэм къыщIызогъэш. ДэIэпыкъуэгъу симыIэу хъунутэкъыми, щхьэщылъэфауэ си гурыщхъуэхэмкIэ сыдэгуашэщ, Данэ темыплъэкъукIыну унафэ быдэ хуэсщIри, сежьащ гъунэгъу лъапсэм сабий цIынэм и лъыхъуакIуэ.

Балъкъэр бэнакIуэхэр ягъэлъапIэ

 

  Къыргъызым и командэ къыхэхам хэту Къэзахъстаным и къалащхьэ Астана бэнэкIэ хуитымкIэ щекIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр къыщызыхьа Шаваев Маликрэ Минводы къалэм дзюдомкIэ щызэхэта УФ-м и чемпионатым щытекIуа Мисиров Исмэхьилрэ хэIэтыкIауэ Налшык къалэ щагъэлъэпIащ иджыблагъэ.

ГъащIэ къагъэлъагъуэ

 

ТхакIуэшхуэ КIыщокъуэ Алим и рассказхэм щхьэхуэу уатепсэлъыхьмэ, ятежыпIыхьынрэ къызэпкърыпхынрэ бгъуэтынущ. ГъащIэм и зэхэлъыкIэм, фIымрэ Iеймрэ зищIысым, цIыхухэм я хьэл-щэнхэм, къалэнхэм, гуапагъэм, бзаджагъэм, куэдым дыдэм теухуащ ахэр.

Уи лъэпкъи уи Iыхьлыи, уи ныбжьэгъуи уи жэрэгъуи здэщымыIэ хамэ щIыпIэм уи закъуэу ущыпсэуным гуауэшхуэ куэд къызэрихьынкIэ хъунум теухуащ «Лэчымэ» жыхуиIэ хъыбарыр.

И нэIэ щIигъэтщ

Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэ Абрэдж Iэдиб иджыблагъэ къызэхикIухащ щIыналъэм и къуажэхэр икIи зыщигъэгъуэзащ социальнэ  ухуэныгъэхэр  къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ абыхэм щекIуэкI лэжьыгъэхэр здынэсамрэ щIыпIэ псэупIэ фондым фэтэр куэду зэхэт унэхэр псы хуабэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и IэнатIэр къызэрагъэщIэрэщIэжамрэ.

Хэкур зэрагъэцIыху

«Урысейр Iэмалхэм я къэралщ» программэм ипкъ иткIэ, ди хэкум кърагъэблэгъащ хамэ къэралхэм щыхэхэс адыгэхэр. Ар къызэрагъэпэщащ Урысей Федерацэм Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм, «Россотрудничество» агентствэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм.

Дунейпсо мыхьэнэ зиIэ мы Iуэхур къыдахащ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым техуэу икIи ди республикэр езым фIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 470-рэ щрикъум ипэ къихуэу.

Адыгэ щэнхабзэр хъума зэрыхъур

Ипщэ федеральнэ университетымрэ «Комсомольская правда» газетымрэ зэгъусэу ирагъэкIуэкI «Лъэпкъ-щэнхабзэ код» Iуэхум щытопсэлъыхь Урысей псом ис лъэпкъхэм я щэнхабзэм, хабзэхэм.

Адыгэхэми апхуэдэу гулъытэ къытхуащIащ. Ди тхыдэм, хабзэмрэ щэнхабзэмрэ теухуауэ и Iуэху еплъыкIэкIэ къыддогуашэ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Ипщэ федеральнэ университетым (ЮФУ) щIыналъэхэр джынымрэ евразие къэхутэныгъэхэмкIэ и кафедрэм и доцент Щукинэ Еленэ.

И фIыщIэр инщ

 Сабий литературэр зэфIэувэным и япэ сатырым хэтахэм ящыщ шэрджэс  тхакIуэ ДыщэкI Мухьэмэд и цIэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ лъэпкъ литературэм зегъэужьыным. Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ХьэкIуащэ Мадинэрэ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Абазэ Албэчрэ абы и IэдакъэщIэкIхэр  щызэпкърахащ «ПсыжапIэр бгъуфIэ зыщIа тхакIуэхэр» я тхыгъэм.

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 23, блыщхьэ

ПсыкIэ зэIыпх хъу лэчым и дунейпсо махуэщ

1965 гъэм СССР-м и Кинематографистхэм я союз къызэрагъэпэщащ

1794 гъэм къалъхуащ адыгэ еджагъэшхуэ, тхыдэдж, филолог, узэщIакIуэ Нэгумэ Шорэ.

1920 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ, зэдзэкIакIуэ, щIэныгъэлI КIуащ БетIал.

1947 гъэм къалъхуащ усакIуэ, журналист, зэдзэкIакIуэ Уэрэзей Афлик.