Адыгэ щэнхабзэр хъума зэрыхъур

Ипщэ федеральнэ университетымрэ «Комсомольская правда» газетымрэ зэгъусэу ирагъэкIуэкI «Лъэпкъ-щэнхабзэ код» Iуэхум щытопсэлъыхь Урысей псом ис лъэпкъхэм я щэнхабзэм, хабзэхэм.

Адыгэхэми апхуэдэу гулъытэ къытхуащIащ. Ди тхыдэм, хабзэмрэ щэнхабзэмрэ теухуауэ и Iуэху еплъыкIэкIэ къыддогуашэ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Ипщэ федеральнэ университетым (ЮФУ) щIыналъэхэр джынымрэ евразие къэхутэныгъэхэмкIэ и кафедрэм и доцент Щукинэ Еленэ.

Абы гу зэрылъитащи, лIэщIыгъуэ бжыгъэ хъуауэ адыгэ щэнхабзэр зытещIыхьар цIыхугъэрщ, нэхъыжьым пщIэ хуэщIынырщ, хьэщIэм хуащI гулъытэрщ. «А хабзэхэр ноби дуней псом щамыгъэкIуэдауэ адыгэхэм зэрахьэ. Тхыдэм къыхощ адыгэ лIакъуэ пщыкIутI щыIауэ. Псалъэм папщIэ, вагъуэ пщыкIутI зытет Адыгей ныпыр абы и щыхьэтщ, - къегъэлъагъуэ щIэныгъэлIым. – 2020 - 2021 гъэхэм екIуэкIа цIыхубэ къыхэтхыкIыныгъэхэм къигъэлъэгъуахэм япкъ иткIэ, Урысей Федерацэм щопсэу адыгэ лъэпкъым щыщу цIыху мин 751-м нэблагъэ. Нэхъыбэр къэбэрдейхэращ - мин 500-м щIегъу. Шэрджэсхэм я бжыгъэр мини 115 хуэдиз мэхъур, адыгейхэр - мини 111-112-рэ. Шапсыгъхэм я гугъу пщIымэ, 2010 гъэм ирагъэкIуэкIа къыхэтхыкIыныгъэм елъытауэ, абыхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэу долъагъу: абы щыгъуэ цIыху 3200-м нэблагъэрт, иужьрей къыхэтхыкIыныгъэмкIэ - 1900-рэ. Ростов щIыналъэм адыгэ лъэпкъым щыщу мин иримыкъущ щыпсэур. Ауэ къэлъытэн хуейщ мыхьэнэшхуэ зиIэ зы Iуэхугъуэ: цIыхум езым зэрызилъытэжым елъытащ къыхэтхыкIыныгъэм кърикIуар. Хэт шапсыгъыу зригъэтхащ, хэти адыгэу. КъищынэмыщIауэ, Урысей Федерацэм щыпсэум и процентих хуэдизым зыщыщ лъэпкъыр къагъэлъэгъуэххакъым. Абы къыхэкIыу нэгъэсауэ къыпхуэщIэнукъым лъэпкъ къэс и бжыгъэр зыхуэдизыр».

Бзылъхугъэм къегъэлъагъуэ адыгэ хабзэр ар Iэнэм, хьэщIапIэм щызекIуэ хабзэ къудейуэ зэрыщымытыр. Ар, дауи, цIыхур жылагъуэм зэрыхэтын, нэхъыжьым, хьэщIэм, унагъуэм зэрахущытын хуей, нэгъуэщI куэди къызэщIэзыубыдэ Iуэхугъуэщ.

- КъыжыIапхъэщ, адыгэхэм я хабзэм хуэдэхэр Кавказым щыпсэу адрей лъэпкъхэми зэраIар. Ауэ адыгэхэм я деж абыхэм нэхъ зыужьыныгъэ щагъуэтащ, - пещэ абы. - Адыгэ хабзэм и лъабжьэр цIыхугъэрщ, нэмысырщ, акъылырщ, лIыгъэрщ, щIыхьырщ. Ахэр адыгэхэм лIэщIыгъуэкIэрэ щIэблэм халъхьэу къэгъуэгурыкIуа хьэл-щэн гъуэзэджэхэщ. Ноби абыхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ лъэпкъым дежкIэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Кавказ лъэпкъхэм я хьэл нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм хабжэ хьэщIэм хуащI пщIэр. Адыгэхэр абы и лъэныкъуэкIэ дауэ къахэщу щыта жыпIэмэ, хьэщIагъэр абыхэм я щэнхабзэм и зы Iыхьэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр пэжщ. Абы папщIэ пэш щхьэхуэ щыIэт, хьэщIэщкIэ еджэу, уеблэмэ унэ щхьэхуэ щащIи къэхъурт. ХьэщIэр къебгъэблэгъэныр пщIэшхуэт. ГъэщIэгъуэнракъэ, къахуеблэгъа цIыхум занщIэу еупщI хъунутэкъым къыщIеблэгъамрэ зэрыщыIэну пIалъэмрэ. Ар бысымхэм зэрызэхащIыкI нэщэнэхэр щыIэт: хьэщIэм щIопщыр здыфIидза щIыпIэр, и шыр зэригъэувар е и хьэпшыпхэр зэрызэригъэзэхуар. А Iуэхугъуэ цIыкIухэм къыбжаIэрт абы зигъэгувэнуми щIэх и гъуэгуанэм пищэжынуми».

ЩIэныгъэлIыр къытоувыIэ нэхъыжь-нэхъыщIэ зэхущытыкIэхэми адыгэхэм гулъытэ щхьэхуэ хуащIу, дзэ Iуэхухэм сыт щыгъуи хуэхьэзыру зэрыщытами. «ЗэманкIи жылагъуэкIи нобэ дызыхэпсэукIыр зэрынэгъуэщIыр гурыIуэгъуэщ, дауи. Ауэ адыгэхэм я хабзэфIхэр ноби къадокIуэкI. Псалъэм папщIэ, фэеплъ IэрыщI гъэщIэгъуэнхэм, лъэпкъым и тхыдэм щыщ къамэхэм я щIыкIэхэр яхъумащ. Щхьэхуэу гу лъытапхъэщ цIыхубзым, анэм, унагъуэм зэрыхущытым. Бзылъхугъэм пщIэшхуэ хуащIу щытащ, зэрыукIыну зэпэувахэр къигъэувыIэфу. А хабзэхэм ящыщ гуэрхэм ди зэманым уримыхьэлIэжми, ахэм ущыгъуэзэныр мыхьэнэшхуэ зиIэщ», - жеIэ Щукинэм.

ЩIэныгъэлIым къыхегъэщ адыгэхэм къадекIуэкIыу щыта унагъуэ хабзэхэм щыщ гуэрхэр иджыпсту егъэлеяуэ къыпщыхъункIэ зэрыхъунур (щапхъэу къехь нысэр тхьэмадэм пIалъэ гуэр дэмыкIауэ епсалъэу зэрыщымытар), ауэ а зэманым а хабзэр зытеухуар цIыхум и щхьэми нэхъыжьми пщIэ хуищIынырт. НэгъуэщI зы хабзэ гъэщIэгъуэни щыIащ - атэлыкъыр. Сабийр нэгъуэщI унагъуэм щапIыну иратырт. Псалъэм папщIэ, пщым и быныр уэркъхэм яригъэпIынкIэ хъунут, нэгъуэщI лъэпкъхэм - Кавказым, Кърымым исхэм, къумыкъухэм – щыщхэми иратынри хэлът. Атэлыкъыр къыщыхъуа унагъуэм ис сабийхэм ар быдзышэкIэ къуэш е шыпхъу яхуэхъурт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ зэфIэувэрт лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр», - къыхегъэщ Еленэ.

Адыгэ хабзэр жьэрыIуатэ хабзэу жыпIэ хъунущ. ТхыбзэкIэ ар щIэмыгъэбыдами, къаруушхуэ щIэлът. А псор зэманым дэкIуэдыжрэ, хьэмэрэ къэкIуэн иIэ упщIэм ехьэлIауэ Щукинэ Еленэ жиIэращ: «ЯIэщIэхупаи зэхъуэкIыныгъэ зыгъуэтаи щыIэщ. Ауэ иджыпсту гу лъыдотэ лъэпкъ хабзэхэр къызэрагъэщIэрэщIэжым, гулъытэ хэха абыхэм зэрагъуэтыжым. А псом, къапщтэмэ, щIидзауэ къыщIэкIынущ 1990 гъэхэм - ди къэралым ис лъэпкъ куэдым щэнхабзэр, хабзэр, диныр щIэгъэкъуэн яхуэхъужу щыхуежьам. Иджыблагъэ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм къэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкIащ адыгэ хабзэм, псом хуэмыдэу адыгэ нэмысым, теухуауэ. Адыгэ хабзэр зищIысыр ящIэрэ ямыщIэрэ щыщIэупщIэм, процент 60-м нэблагъэм жаIащ абы фIыуэ зэрыхащIыкIыр, хабзэхэм тетыну зэрыхущIэкъур. Процент 40 хуэдизым жаIащ хабзэхэр ягъэзащIэу къызэрамылъытэр. Ауэ узэрыгушхуэнщ лъэпкъ цIыкIухэм захъумэжыну зэрыхущIэкъур, хабзэм щыщ Iыхьэхэр къызэрагъэщIэрэщIэжыр, ахэр къызэрагъэсэбэпыр. Ипщэ федеральнэ университетым Iэ щIидзащ адыгэ хэгъуэгухэм я еджапIэ нэхъыщхьэхэм зэрадэлэжьэну зэгурыIуэныгъэхэм. Абыхэм япкъ иткIэ зэгъусэу идогъэкIуэкI щэнхабзэ зыужьыныгъэм, лъэпкъ зэхэщIыкIым епха Iуэхугъуэхэр. Псалъэм папщIэ, Адыгей къэрал университетым зыбжанэрэ щекIуэкIащ социологие еджапIэр. Абы хэтащ Ипщэ федеральнэ университетым СоциологиемкIэ и институтыр, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием СоциологиемкIэ и институтыр, Адыгей къэрал университетыр. Абыхэм еджакIуэхэм я щIэныгъэр щыхагъахъуэ, къэралым и щIэныгъэлI пажэхэм, Кавказ Ищхъэрэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я IэщIагъэлIхэм щаIуощIэ. КъищынэмыщIауэ, илъэсипщIым щIигъуауэ, Ипщэ федеральнэ университетым щагъэзащIэ «Кавказым - мамырыгъэ» Iуэхур. ЮФУ-м къокIуэ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэр. Абыхэм яхэтщ Адыгей, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетхэм щеджэхэри. Мыр утыку гъэщIэгъуэнщ егъэджакIуэхэми щIалэгъуалэми я дежкIэ. ЩIалэгъуалэм Iэмал ягъуэт хабзэ, щэнхабзэ зэхуэмыдэхэм, лъэпкъ зэхущытыкIэхэм ятеухуауэ нэхъыбэ къащIэну. Сэ жэуап сохь щIалэгъуалэр экстремизмэмрэ терроризмэмрэ зэрыщытхъумэным пыщIа дерсымкIэ. Абыхэм студентхэр жыджэру къокIуалIэ. Псом хуэмыдэу узыгъэгуфIэр иужьрей илъэсхэм абыхэм езыхэми жэрдэм къазэрыкъуэкIырщ. Студентхэм езыхэм фащэхэр ящI, лъэпкъхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ зыджхэм я лэжьыгъэхэм зыщагъэгъуазэ, упщIэхэр ягъэуври, хабзэм нэхъ пэгъунэгъуу а Iуэхугъуэр ягъэлъагъуэ. СэркIэ нэхъыщхьэр егъэджакIуэм жиIэм щIалэгъуалэр едаIуэ къудейуэ къэмынэу, атIэ езыхэри а зи гугъу тщIым хэша хъунырщ. Ди гъунэгъуу псэу лъэпкъхэм я щэнхабзэр нэхъыфIу тщIэуэ, дзыхь-нэмыс зэхуэтщIу дызэрыубыдыным ди зэманым мыхьэнэшхуэ иIэщ».

БАГЪЭТЫР Луизэ.

 

 

 

Поделиться: