Сатыр пщыкIуплI хъу усэСонет жанрым адыгэ литературэм щиубыд увыпIэм, ди лъэпкъ тхакIуэхэм ящыщу а унэтIыныгъэм зи къару щеплъыжахэм ятеухуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БакIуу Хъанджэрий «Адыгэ сонетым хэлъ гъэщIэгъуэнагъхэр» зыфIища и тхыгъэр.
«Сонет жанрыр ХII лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ къыщагъэсэбэп литературэм, и къежьапIэр Италиерауэ къалъытэ. «Сонет» псалъэм итальяныбзэкIэ «уэрэд цIыкIу» жиIэу аращ. Япэу абы зезыпщытар усакIуэ Джакомо де Лентинощ, ауэ литературэм зыщезыгъэубгъуар Петраркэ Франческэщ (сонет 317-рэ къыщIэнащ). Сонет ятхыу щытащ Микеланджелэ, Брунэ Джорданэ, Тассо Торкватэ. ИужькIэ ар ялъоIэс Испанием, Португалием (ХVI), Франджым, Германием, Инджылызым (ХVII), Урысейм (ХVIII, Тредиаковский Василий, Сумароков Александр, н.). Зы зэман дэхуэхауэ щытами, ХIХ лIэщIыгъуэм жанрыр нэхъ къагъэсэбэп мэхъуж (Брюсов Валерий, Иванов Вячеслав, иужькIэ Сельвинский Илья). Уеблэмэ Сельвинскэм «сонет Iэрамэ» лIэужьыгъуэр къигъэIурыщIэн лъэкIащ. ЦIэрыIуэ хъуащ Шекспир Уильям, Бехер Иоганнес сымэ я сонетхэр.
Сонет жанрыр бгъэбелджылыну къапщтэмэ, псом япэу ар сатыр пщыкIуплI хъу усэщ. И рифмэ гъэпсыкIэм елъытауэ ар лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщокI. Сатырым хэт лъэмбхэм (стопахэм) я кIыхьагъри щызэхуэмыдэ щыIэщ. Сонетыр лирикэм и жанру ябж. ЗыкъомкIэ (сатыр бжыгъэкIэ) сонетым ещхьщ «онегин строфакIэ» еджэу Пушкин Александр къигупсыса сатыр пщыкIуплIурэ зэхэт строфари. «Евгений Онегин» романыр апхуэдэ жыпхъэм иту тхащ. Строфа къэскIэ усакIуэм къигъэсэбэпа рифмэ гъэпсыкIэри зэхуэдэщ. Сатыр пщыкIуплIыр зэхэтщ Iыхьэ плIырыплIу щырэ иужьрей сатыритI зэпхамрэ. Рифмэхэри зэкIэлъыхьащ зэблэдзауэ, тIурытI-тIурытIу, къэзыухъуреихьу, иужьреитIыр зэгуэгъу усэу.
Пушкин Александр хузэфIэкIащ сонетым ещхьу эпосым и жанр лIэужьыгъуэ къигъэщIын. Ауэ ар сонетым пэувыркъым, къыжыIэн хуейщ мы жанрым урыс литературэм зэрызыщимыубгъуари (абы ещхь иужькIэ зытхар Лермонтов Михаил, Баратынский Евгений, Тургенев Иван сымэщ). Апхуэдэу щытми, Пушкиным усэ гъэпсыкIэм хэлъхьэныгъэ хуищIащ, «урыс гъащIэм и щIэнгъуазэ» зыфIаща романыр игъэпсащ еджэгъуафIэу щыт фащэ щIэщыгъуэкIэ.
Сонетыр хабжэ «жыпхъэ быдэ» зиIэ усэ жанр лIэужьыгъуэхэм. Мыр хабзэ хэхам тетын хуейщ. Адыгэ литературэм сонетыр къызэрыхыхьар урыс поэзиемкIэщ (езы урыс литературэм къыздыхихар итальянхэм, франджыхэм, инджылызхэм я литературэрщ). Урыс литературэм сонетым зыщиубгъуащ ХХ лIэщIыгъуэм (Бальмонт, Бунин, Брюсов, Иванов, Волошин). Европэм къикIри, урыс литературэм къыхыхьащ «сонет IэрамэкIэ» («венок сонетов») зэджэ жанр гугъу дыдэри, нэхъ иужьыIуэкIэ ар «къэIэпхъуащ» адыгэ литературэми.
Сонетыр лIэужьыгъуитIу ягуэш: итальян сонетрэ инджылыз сонету. Мыхэр я пкъыгъуэкIэ, строфа зэхэгъэувэкIэкIэ зэщхьэщокIыр. Къыхэгъэщыпхъэщ сонетым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр рифмэхэм я къэгъэсэбэпыкIэм. УсакIуэхэр апхуэдэ усэ гъэпсыкIэм щебакъуэри мащIэтэкъым. Абыхэм рифмэм и мызакъуэу, сатыр лей щыщIагъуи къэхъурт, рифмэр къизымыдзэххи къахэкIырт.
Адыгэ усыгъэм укIуэцIрыплъмэ, гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым ди усакIуэхэм «инджылыз сонетыр» нэхъыбэу къызэрагъэсэбэпым. Къэбэрдей, шэрджэс, адыгей усакIуэхэм къахэкIащ сонетри, сонет Iэрамэри къэзыгъэIурыщIахэр. КъыжыIэпхъэщ абыхэм, литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа усакIуэ нэхъыжьхэм я цIэхэр (ПащIэ Бэчмырзэ, ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, Гъуэщокъуэ Хъусин, Уэхъутэ Абдулыхь, Андырхъуей Хъусен, Цей Ибрэхьим, Цыгъу Теувэж сымэ) зэрахэмытыр. Мыбы и щхьэусыгъуэр хуэбгъакIуэ хъунущ зы Iуэхугъуэм: а зэманым усэ тхыкIэм и Iэмал куэдыр нэгъэсауэ усакIуэ нэхъыжьхэм къагъэIурыщIэну зэфIэкI зэрамыIам. Къызэрыхэдгъэщащи, сонетыр лъэпкъ литературэ зызыужьахэми нэхъ гувауэщ къызэрыхыхьар.
Сонет жанрым адыгэ литературэм зыщиужьыным хэлъхьэныгъэ щхьэпэ хуащIахэщ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Сокъур Мусэрбий, Жылэтеж Сэлэдин, КIэщт Мухьэз, Мысачэ Петр, Балъкъэр Фоусэт, IутIыж Борис, Уэрэзей Афлик, КIэмыргуей Толэ, Ацкъан Руслан, Абазокъуэ Къантемыр (псори къэбэрдей усакIуэхэщ), Бемырзэ Мухьэдин (шэрджэс усакIуэщ), Бэрэтэрэ Хьэмид, Къуиикъуэ Налбий (адыгей усакIуэхэщ). КъедбжэкIахэм яхэтщ «сонет Iэрамэ» жанр нэхъ гугъу дыдэхэм хабжэр къэзыгъэIурыщIа зыбжани (Бемырзэ Мухьэдин, Жылэтеж Сэлэдин, Уэрэзей Афлик, нэгъуэщIхэри).
Адыгэ литературэ щIэныгъэм «венок сонетов» жыхуиIэр хыхьащ «сонет Iэрамэ» фIэщыгъэмкIэ. Ар эпитет дахэщ, зэхъуэкIыни хуейуэ къыщIэкIынкъым, ауэ сонетым и пкъыгъуэр Iэрамэу зэхэлъ къудейкъым, атIэ строфахэри, усэ сатырхэри, рифмэхэри зэхэухуэнауэ зэдолажьэ. Урысым къащта терминыр нэхъ тэмэму тохуэ мы жанрым и зэхэлъыкIэм. Сонет Iэрамэр сатыр пщыкIуплIу зэхэлъ сонетурэ пщыкIутху мэхъур. Мыбы егъуэт цикл мыхьэнэ. Нэхъ гъэщIэгъуэну, уебакъуэ мыхъуну хэлъ хабзэхэм ящыщ зыщ къыкIэлъыкIуэ сонетыр ипэ итыр зэриуха сатырымкIэ къызэрыщIидзэр. Сонет пщыкIуплIыр зэриух икIэ дыдэ сатырхэр зэкIэлъыхьауэ хоувэ епщыкIутхуанэ сонетым. Апхуэдэу зэхэухуэна мэхъу сонет Iэрамэр. КIэух дыдэ сонетым «магистраль» мыхьэнэ ират. Сонет къэс гупсысэ щхьэхуэ иIэми, а псори къыщызэщIэкъуэжащ кIэух сонетым. Дауи, тыншкъым сатыр 210-рэ хъу усэр хабзэ хэхам тету къэбгъэщIыныр, абы и жыпхъэми, и рифмэ гъэпсыкIэми къагъэув къалэнхэр бгъэзэщIэну. Сонет Iэрамэр литературэм къыщыхыхьар гъуазджэм и унэтIыныгъэ «бароккор» тепщэу щыщыта лъэхъэнэрщ (ХVI–ХVIII лIэщIыгъуэхэр). А зэманым дунейпсо щэнхабзэм фIыуэ зиужьауэ къалъытэ. Адыгэ усыгъэм и «барокко» хъуар лIэщIыгъуэ блэкIам и етIуанэ Iыхьэрщ, сонетым абы зэрызыщиужьам Iуэхур тепщIыхьмэ».
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 18:20 →
ДыщэидэмкIэ дерсхэр
27.11.2026 - 12:47 →
МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ!
26.11.2026 - 14:04 →
КъежьапIэхэр къэзылъыхъуа бзылъхугъэ
26.11.2026 - 12:30 →
Хабзэр къызэрежьар
24.11.2026 - 18:00 →
Нэф хъуа цIыху цIэрыIуэхэр
| ||




