МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ!

«Адыгэ псалъэм» илъэс куэд хъуауэ къыпыщIа и ныбжьэгъуфIхэм ящыщщ Пщыбий СулътIан. Ар ди газетым къытехуэхэм къеджэм, ахэр къызэрыщыхъуам теухуауэ къыдэпсалъэм и закъуэкъым, атIэ, езыри анэдэлъхубзэм хуэшэрыуэщи, и тхыгъэ купщIафIэхэр щIэх-щIэхыурэ къытыдодзэ. Ар зыгъэпIейтейхэм, зыщыгуфIыкIхэм ятеухуауэ газетеджэхэм я пащхьэ зэрихьэ и тхыгъэхэр куэдым гунэс ящохъу.

Зауэм и нэщIэбжьэр зыгъэва нэхъыжьыфIым и къалэмыпэм къыщIэкIащ мы усэри.

МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ!

ЩремыIэ зауэ,

Дэ абы дыхуейкъым!

Тщыгъупщакъым ЕтIуанэ

Дунейпсо зауэр.

 

Сыту тщIын дэ НАТО-р?

Дыхуейкъым дэ Евросоюз-Альянс,

Урысейр, Китайр, США-р зэкъуэтмэ,

БРИКС-м хэтхэр зэгурыIуэмэ, щыIэнщ

Мамырыгъэ, мамырыгъэ, мамырыгъэ!

 

Дыхуэныкъуэ дэ еврэвалютэм?!

Урысейр, США-р, Китайр, БРИКС-р

Дрокъу ди лъэпкъ валютэхэм!

Мамырыгъэ, мамырыгъэ, мамырыгъэ!

 

Зэи фIы къишакъым зауэм.

Мелуан тIощIрэ блырэ хэкIуэдащ Хэку зауэшхуэм,

Къалэрэ къуажэу зэтракъутар дапхуэдиз?!

Ахэр ди гум илъщи, жыдоIэ:

Мамырыгъэ, мамырыгъэ, мамырыгъэ!

 

Дыпсэуху, зы цIыху закъуэ фIэкIа щымыIэжми,

Мамырыгъэр дгъэбыдэнщ

США-м, Китайм, Урысейм, БРИКС-м!

Мамырыгъэ, мамырыгъэ, мамырыгъэ!

26.03.2025 гъэ

Поделиться: