Лъэпкъ гъащIэм хэлъ дахагъыр къэтIэщIыным фIагъыу пылъыр гурыIуэгъуэ хуэдэщ. Абы зымащIэкIи пебдзых хъуну къыщIэкIынкъым а дахагъыр къэтIэщIыжыным ухуэзыгъэушэ жэрдэмхэри. Къапщтэмэ, а IуэхугъуитIыр псэкупсэ гъащIэм и лъэныкъуитIщ, жыпIэмэ, щыуагъэ хъуну къыщIэкIынкъым. Зытет дунейм дахагъэ фIэкIа химылъагъуэу, ар и гъащIэм фащэу къытещу адыгэ гъащIэм лъэужь дахэ къыщызыгъэна, егъэджакIуэ нэс, ущиякIуэ, ныбжьэгъу пэжу дунейм тета ЩоджэнцIыкIу Нинэ. Ар зи гъащIэм хэтахэм ящыщу фIы и лъэныкъуэкIэ зигу къэзымыгъэкIыж щIагъуэ щыIэу къыщIэкIынкъым.
Нинэ и акъылыр щIэблэм щIэныгъэ етыным и мызакъуэу, абыхэм я цIыхугъэр лъагэу къэIэтынми емышыжу телажьэрт. ЛъэужьыфIэу, гуащIафIэу, цIыхуфIу дунейм тета ЩоджэнцIыкIу Нинэ и фэеплъ дахэщ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа тхылъыр. «Нинэ. Дунеишхуэр лъагъукIэ мащIэм щIигъэкIыу» («Нина. Вселенная в малом преломлении») фIэщыгъэ хьэлэмэтыр зыгъуэта къыдэкIыгъуэр. Тхылъыр дунейм къызэрытехьэрэ зытIэкIу дэкIами, ЩоджэнцIыкIум дунейм щекIуэкI Iуэхугъуэхэр щызэпищIэ, цIыхугъэм и мардэхэм я гъунапкъэхэр къыщихутэ, гупсысэ куухэр зэпищIэурэ цIыхум и дуней лъагъукIэм тхыпхъэщIыпхъэу щыхилъхьэ тхылъу зэрыщытым къыхэкIыу, гулъытэншэу къэбгъанэ мыхъуну къэтлъытащ.
ЩоджэнцIыкIу Нинэ къызыщIэхъуа лъэпкъитIым – ЩоджэнцIыкIухэрэ Теунэхэрэ – яхуэфащэу къыщIэкIащ. Абы хузэфIэкIащ адыгэ дуней лъагъукIэм «дунейпсо фащэ» щитIагъэу ар щIы IэнэщIым къызэримыхъукIар, атIэ Iэсэлъасэу цIыхугъэм илъэс мин бжыгъэ лъандэрэ игъуэт зыужьыныгъэм и зы лIэужьыгъуэу зэрыщытыр къихутэн. «Пэж жыIэныр, гуапэу щытыныр, фIым щыгуфIыкIыныр, нэхъыжьыр гъэлъэпIэныр, нэхъыфI хъуным хущIэкъуныр – мыхэр псори щэнщ. ЦIыхум и щэнщ. Адыгэу, инджылызу, франджыуэ ущытын хуейкъым цIыхугъэм и пкъощIэсэхэр къыбдалъагъуу дунейм утетын щхьэкIэ. Ауэ ахэр зэрыбгъэзащIэ, утыку къызэрипхьэ, дунейм тыгъэ зэрыхуэпщI щIыкIэм щхьэхуэныгъэхэр иIэнущ, зыми емыщхь фащи щыгъынущ. Мис абдеж адыгэ, инджылыз, франджы ущохъу. Мы щIы хъурейм лъэпкъыу тетыр зэгурымыIуэжу зэрыукIыжынт, мис а щхьэхуэныгъэхэр къахутэурэ зэрымыцIыхуу щытамэ. Зэфэзэщым нэхъ шынагъуэ щыIэкъым, щIэ къэплъыхъуэу, унейр къыхэбгъэщу щытын хуейщ, ар псоми зэдай яхуэхъун щхьэкIэ. Фи фIэщ фщIы – цIыхубэми лъэхъэнэбэми яхурикъун зэщхьэщыкIыныгъэхэр КъэгъэщIакIуэм къытхуигъэфэщакIэ, дэ къыхэтлъагъукIыфу дыщытын хуейуэ аращ», – яжриIэрт Нинэ и гъэсэнхэм. Мис а гупсысэкIэр хьэлэмэту къыщыгъэлъэгъуащ ЩоджэнцIыкIум и дэтхэнэ зы къэхутэныгъэми.
ЩоджэнцIыкIу Нинэ и къэхутэныгъэхэр хамэ къэрал литературэм и фIыпIэм халъытэ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм теухуащ. Ауэ ар зылъыхъуэр, гурыIуэгъуэ зэрыхъуащи, псоми зэдай, цIыхугъэм и лъапсэр къыщежьэ, и къуэпсхэр зыхыхьэж КъежьапIэращ – абдеж щызэкIэщIэкIыурэ къэхъу щIэхэм хэлъ зэмыщхьхэр къехутэ, езыр къызыхэхъукIа дунейми кърешэлIэж.
Нинэ и къэхутэныгъэ гъащIэр Томас Вульф и IэдакъэщIэкIхэм деж къыщежьащ. И диплом лэжьыгъэри, кандидат диссертацэри арат зытеухуар. Иужьым ар зы Iыхьэу хыхьэжащ «XIX – XX лIэщIыгъуэхэм америкэ прозэм щыIэныгъэм и пэжыр къызэрыщыIуэта щIыкIэр» зи фIэщыгъэ лэжьыгъэшхуэм – гъащIэмрэ литературэмрэ я зэпыщIапIэр къэзыIуатэ псалъэ зэгъэпэщам зэхэщIыкIым зиужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр, абы ижь жылагъуэ зэхэтыкIэм зэрыщIихур къыщыгъэлъэгъуа къэхутэныгъэм.
Дунейпсо литературэм ущыгъуэзэн папщIэ, тхылъыбэ щIэбджыкIын, куэд зэбгъэпщэн хуей мэхъу. Ауэ абы сыт хуэдиз далэ фIимыхьми, Нинэ хунэсырт щалъхуа щIыналъэм къыщекIуэкI литературэ гъащIэми кIэлъыплъын, абы и гурыгъу-гурыщIэхэм къыхэIукI макъамэхэми щIэдэIун. Лэжьыгъэ зыбжани триухуащ а Iуэхугъуэм. «Текстым и дурэшплIэрэшхэр» («Лабиринты текста») зыфIищауэ щыта лэжьыгъэшхуэм Нинэ къыщигъэлъэгъуат литературэм увыпIэ щхьэхуэ щызэзыгъэгъуэтыжа ди лъэпкъэгъухэм я къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэхэр узыблэплъыкI мыхъун хъугъуэфIыгъуэу зэрыщытыр. ЗыкъомкIи Нинэ и фIыгъэщ абыхэм я IэдакъэщIэкIхэм цIыхухэр нэгъуэщIынэкIэ еплъ зэрыхъуар.
ЩоджэнцIыкIум зэригъэпэща щIэныгъэ гъуэмылэр Котляровхэ зэуIу ящIыжри, зи гугъу тщIа къэхутэныгъэхэр гупсысэ шэщIакIэ зэпащIэжащ, зы цIыхум и акъылым къигъэщIа хъугъуэфIыгъуэр зэужьу ар зыхуэгъэфэща лъэпкъым и пащхьэ иралъхьэжащ. ЦIыхур фIыуэ зылъагъуу щыта ЩоджэнцIыкIум и гурыщIэ мыужьыхыжым и уэрэд хъуауэ къэплъытэ хъунущ дунейм къытехьа тхылъыщIэр. Абы къызэщIиубыдащ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Ацкъан Руслъан, Емкъуж Мухьэмэд, Семенов Руслан, Кайданов Аркадий, Къанкъул Заур, Къаныкъуэ Заринэ сымэ ди нэгу къыщIэзыгъэувэ, я гупсысэкIэм фащэ щызытIагъэ тхыгъэ хьэлэмэтхэр.
Къэхутэныгъэ зэужьыр напэкIуэцI 320-м щIегъу, сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэмкIэ гъэнщIащ, и бжыгъэкIэ 500 хъууэ дунейм къытехьащ. Апхуэдэу къыхэгъэщын хуейщ ЩоджэнцIыкIу Нинэ теухуа тхылъыр «Ди лъэхъэнэгъу бзылъхугъэхэр» («Современницы») фIэщыгъэм щIэту Котляровхэ къыдагъэкI тхылъ серием щыщу етIуанэ къыдэкIыгъуэу зэрыщытыр. Япэрейр Нинэ и ныбжьэгъу щыпкъэу щыта профессор Смирновэ Наталье теухуат. ЩоджэнцIыкIум теухуа тхылъым иужькIэ щIэхыу дунейм къытехьащ Къэшэж Иннэ и усыгъэхэр щызэхуэхьэса, томитI хъу тхылъыр.
Псэуху Нинэ «КъежьапIэхэм» я лъыхъуакIуэу щытащ. Ар абы къызэригъуэтам и щыхьэтщ зэгуэр жиIэгъа псалъэхэр: «КъежьапIэ здэщыIэм кIэух щыIэнкIэ Iэмал иIэкъым – дауэ дахагъэр иухынкIэ хъуну уигу къызэрыбгъэкIынур. Псэуху, цIыхум и гуащIэр зэтепщIыкIыу къызыкъуех, апхуэдэ дыдэщ дахагъэм и Iуэхури – ар мэзекIуэ, мэзеплъэ, мэдаущ…». ЩоджэнцIыкIури апхуэдэ дыдэу дяпэкIи дахагъэм и псынащхьэу адыгэхэм яIэнущ. ЩоджэнцIыкIу Нинэ и щIэныгъэ щIэинри апхуэдэ дыдэщ.