Календарь событий

25 ноября 2026

Хъытех

Тхыдэтх куэдхэр ди лъэпкъым и къекIуэкIыкIам зэрытетхыхьащи, адыгэбзэр япэ дыдэу дуней псом къытехьа бзэхэм ящыщщ. Бзэм и закъуэкъым, хабзэри тхэлъ хьэл-щэнри абы дэщIыгъущ. А псом дыщыгъуэзэнымкIэ щIэгъэкъуэнышхуэщ щIэныгъэлI МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэ» тхылъыр. Ди бзэмрэ, ди хабзэмрэ, щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ лъэпкъым къыддекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр тхъумэным мыхьэнэшхуэ иIэу къыщалъыта мы зэманым, абы къэралым гулъытэ хуищI щыхъуам, дыхуейщ фигу къэдгъэкIыжыну Адыгэ хабзэм щыщ гуэрхэр, МафIэдз Сэрэбий и лэжьыгъэр ди тегъэщIапIэу. 

ТIуми медаль къахь

Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Киров къалэм. Ар и фэеплъу щытащ революционер Киров Сергей. Зэхьэзэхуэм хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 23-м я спортсмену 200-м щIигъу. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу зэпеуэм щIалитI щыIати, тIуми медаль зырыз къахьащ. Килограмм 55-рэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр щиубыдащ Кабалоев Виталий. Абузар Залым етIуанэ щыхъуащ килограмм 67-рэ зи хьэлъагъхэм я деж. 
БэнакIуэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ ЩхьэщэмыщI Ахьмэдхъан, Щхьэгуэш Мухьэмэд, БищIо Валерэ сымэ. 
 

Iуэхугъуэшхуэхэр и плъапIэу

Зы лIы ныбжь къыщызэбнэкIам деж блэкIам ухуоплъэкIыжри, къохъулIамрэ къомыхъулIамрэ, пхузэфIэкIамрэ узыхунэмысу къэнамрэ къыбопщытэж. Абы щыщ дэтхэнэ лъэбакъуэри лъапIэщ цIыхум дежкIэ, куэдым уогупсысыж, блэкIам нэгъуэщIу уIуоплъэж. А блэкIар бейуэ къызыхущIэкIахэм ящыщщ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ Урысей академием и академик, ФинансхэмкIэ университетым и президент-щIэныгъэхэмкIэ и унафэщI Есчындар Мухьэдин.

«Уэшх щхъуафэхэр» къыстешхащ

"УсакIуэм и лэжьыгъэр узэщIауэ къыщилъытэр хилъхьэжынIауэ къэнауэ зэрыщымыIэр щищIэм и дежкъым, атIэ афIэкIа хихыжын къызэрымынэжар къыщыгурыIуэрщ", - Леонардэ да Винчи и псалъэхэр псалъащхьэ хуищIащ Бэлагъы Любэ «Уиндзэр и уэшх щхъуафэхэр» усэхэмрэ поэмэхэмрэ щызэхуэхьэса и тхылъым. 
Любэ и усэхэм езым и гъащIэр къахощ. Псалъэм папщIэ, анэм зэрызыхуигъазэ «Зэнзэныпс» усэм ар и лъагъуэм щроплъэж:
Балъкъ псы Iуфэм къыщежьэу
Щхьэлыкъуэпсым икIам,
Иордан зэпиупщIри,

ПсэзэпылъхьэпIэ

(Къэмыгупсыса хъыбар)
Ди газетым и щIэджыкIакIуэ икIи и ныбжьэгъу, илъэс куэд хъуауэ редакцэм къыпыщIа нэхъыжьыфI, Бахъсэн районым хыхьэ Ислъэмей къуажэм щыщ Къардэн Мухьэмэд и къалэмыпэм къыпыкI тхыгъэхэр хьэлэмэтщ, узыIэпызышэщ. Абы и щхьэусыгъуэри, дауи, ахэр цIыху гъащIэм щыщ теплъэгъуэхэу зэрыщытырщ. Мухьэмэд иджыблагъэ къытхуитхари зытеухуар аращ: гъащIэмрэ абы и зэхэлъыкIэмрэ, псэуныгъэм къыщыхъу Iуэхугъуэхэм ехьэлIа гукъэкIыжщ ар. 

ЩIопщакIуэ

ЩIапщэ (щIэпщакIуэ, щIопщакIуэ) жыхуиIэр IэзэкIэ лIэужьыгъуэу, сымаджэм (уIэгъэ хъуам, зи къупщхьэ къутам, блэ е бэдж зэуам) ехьэлIа дауэдапщэу иIащ адыгэм. Епщэн псалъэм къытекIащ, «епщэрэ Iэзэбзэ къибжу зыгъэхъуж» жыхуиIэу. ЩIапщэр сымаджэр зэрылъ унэм е хьэщIэщым щащIу щытащ. Езым и унэ имысыжу цIыхур сымаджэ е уIэгъэ хъуамэ, зрихьэлIа дэтхэнэ адыгэ унагъуэми (ар ныбжьэгъуми, Iыхьлыми, хамэми) щIапщэ хуищIын хуейт. 

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 25, бэрэжьей
ЦIыхубзхэм залымыгъэ якIэлъезыхьэным пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
Урысейм и мамырщIэкъу дзэхэм я махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ пшынауэхэм я махуэр
1935 гъэм СССР-м щагъэуващ «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр.
1927 гъэм къалъхуащ литературэдж, критик, УФ-мрэ КъБР-мрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Шэвлокъуэ Пётр.

Сатыр пщыкIуплI хъу усэ

Сонет жанрым адыгэ литературэм щиубыд увыпIэм, ди лъэпкъ тхакIуэхэм ящыщу а унэтIыныгъэм зи къару щеплъыжахэм ятеухуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БакIуу Хъанджэрий «Адыгэ сонетым хэлъ гъэщIэгъуэнагъхэр» зыфIища и тхыгъэр.