Хъытех

Тхыдэтх куэдхэр ди лъэпкъым и къекIуэкIыкIам зэрытетхыхьащи, адыгэбзэр япэ дыдэу дуней псом къытехьа бзэхэм ящыщщ. Бзэм и закъуэкъым, хабзэри тхэлъ хьэл-щэнри абы дэщIыгъущ. А псом дыщыгъуэзэнымкIэ щIэгъэкъуэнышхуэщ щIэныгъэлI МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэ» тхылъыр. Ди бзэмрэ, ди хабзэмрэ, щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ лъэпкъым къыддекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр тхъумэным мыхьэнэшхуэ иIэу къыщалъыта мы зэманым, абы къэралым гулъытэ хуищI щыхъуам, дыхуейщ фигу къэдгъэкIыжыну Адыгэ хабзэм щыщ гуэрхэр, МафIэдз Сэрэбий и лэжьыгъэр ди тегъэщIапIэу. 
Мыр адыгэ унэишэм и пкъыгъуэ гъэщIэгъуэну щытащ. Абы и кIапэ лъапэу плъытэ хъуну къыщIэкIынущ нысащIэр фызыжьхэм я деж щIашауэ абы и щхьэтепхъуэр яIэтурэ щеплъыр. Хъытех хабзэр Нэгумэ Шорэ и лъэхъэнэм къыфIэкIагъэнукъым. Адыгэ хабзэм хуэгумащIэ Нэгумэ Шорэ и тхыгъэхэм абы щхьэкIэ зы тIэкIунитIэ къыхощыж, езы псалъэ «хъытехри» къыщехь. ЩIэныгъэлIым зэрыжиIэмкIэ, нысащIэм и щхьэтепхъуэр шабзэшэкIэ псынщIэу къытрапхъуэтыкIын хуейт. Ар къалэн щащIауэ къытезыпхъуэтыкIым хъытехкIэ еджэрт. 
Нэгумэ Шорэ и фIыщIэкIэ хъытех жыхуаIэм щхьэкIэ нэхъыжьхэм деупщIу къэдублат, икIи абы щхьэкIэ ди жьыщхьэмахуэхэм ящIэжыр мащIэтэкъым. Дауи, ар нобэрей нэхъыжьхэратэкъым, атIэ хыщI-блыщI гъэхэм илъэсищэм нэса, абы щхьэпырыбэкъукIахэрт, адыгэ хабзэм щIапIыкIауэ, абы ехьэлIа псори яфIэмыджэдыкIэ сабэу, атIэ яфIэадыгагъэу, яфIэдахэу ялъытэжу. Хъытехыу ущытыныр, ар къыпхуагъэфэщэныр щIыхьышхуэт икIи дзыхь щхьэхуэт. Ар ящIэу, хьэгъуэлIыгъуэ зиIэ унагъуэм я нэхъыжьыр мыр хъытех тхуэхъуащэрэт, жиIэу зэхъуапсэм я деж кIуэрти, абы и адэ-анэм елъэIурт, ямыгъэщIэхъуу я хабзэр я щIалэм ирырагъэзэщIэну. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, нэхъапэм хъытехыу щытар цIыхухъущ, щIалэ е лIы. ИужькIэ, унэишэм ар бзылъхугъэхэм къапекIуэтыкIыжащ, сыту жыпIэмэ, абы зи гугъу ищI хъытехыр бзылъхугъэщ. 
Щхьэтепхъуэр щхьэкум и деж къыщыфIагъанэрати, шабзэмкIэ, нэхъ тэмэму, шабзэшэмкIэ псынщIэу къытрапхъуэтырт. ИужькIэ ар башкIэ къытрах хъуащ. Шэрджэсхэм апхуэдэ башыр ямыгъэкIуэду зэрахьэрт, нысащIэм сабий игъуэтмэ, гущэпс баш ящIыну. 
ЦIыхухъухэр хъытехыу щыщытам щыгъуэ абы къагъэсэбэпыр е къамэт, е сэшхуэт. Абы щыгъуэми мэздэгу адыгэхэм къамэ пцIанэм и пэм хьэлу тIэкIу (бэрэчэт) палъхьэрт. НысащIэм и щхьэтепхъуэр трапхъуэтын ипэкIэ ар бгыкъу гуэрым и лъабжьэм щIагъэувэрт. Бгыкъу апхуэдэ щымыIэмэ, щIалитIым бжэгъу къащтэрти абы щхьэщаIыгъэт. АбыкIи зэфIэкIыртэкъым. Щхьэтепхъуэр сэшхуэпэкIэ е къамэпэкIэ къытрипхъуэтыным ипэ къихуэу, щIалэр нысащIэм елъэIурт, зимыхъунщIэу, Iэдэб цIыкIуу щытыну. Абы нысащIэм тепхъуа щхьэтепхъуэм и кум деж Iэщэ иIыгъым и пэр къыщыфIигъэнэну зищIырт, зэи тIэуи. Апхуэдэхэм и деж ар шынауэ къыIулъэтынум ещхьу зищIырт, итIанэ аргуэру къытригъазэурэ щхьэтепхъуэм щIэтым елъэIурт, ар губзыгъэ цIыкIуу щытыну, зишыIэну, зимыхъунщIэну. 
А псори зы джэгукIэ гъэщIэгъуэн гуэрым ещхь хъурт: щIалэм и лъэIухэр, къауIэ, къаукI зэрыпэтар. Абы щэнейрэ къытригъазэрт, еплIанэм щыгъуэ, пэж дыдэу, щхьэтепхъуэр нысащIэм и щхьэм къытрипхъуэтырти, а нысащIэр зи лъабжьэ щIэт бгыкъум е абы щхьэщаIыгъэ бжэгъум къамэкIэ е сэшхуэкIэ щэ еуэгъуэ еуэрт. 
Адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм, унэишэм хэкIуэдыкIыжа хабзэр гъэщIэгъуэныщэщ. Абы узригъэгупсысыр щхьэтепхъуэм щIэт бзылъхугъэм Iэщэ иIыгъыу е абы пэшэгъу гуэр иIэу, ар бзаджэ гуэрхэм пыщIауэ, цIыхур абы щышынэу зэрыщытырщ. ПщIэнукъым, лъэхъэнэ жыжьэ гуэрым, адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм хабзэ хуэхъуахэр щызэхыхьэм, щызэпцIым бзылъхугъэхэми Iэщэ яIэу, зэрахьэу щытагъэнри хуэIуакъым. Абы зыгуэрурэ йощыхьэтылIэ адыгэ бзылъхугъэ фащэм къыхэна тажым ещхь дыщэ пыIэри, афэ джанэм, гъущI джанэм и пкъыгъуэу къыпфIэщI щIыIухэмрэ бгырыпх хьэлъэмрэ. Арыншамэ, апхуэдизыр зи уэндэгъуагъ хьэпшыпхэр бзылъхугъэ фащэм щхьэ хыхьэн хуей хъуа? 

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪАН Ринэщ.
Поделиться:

Читать также: