ДыщэидэмкIэ дерсхэр«Нур-ет» щэнхабзэ центрыр (Аруан щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и къудамэ) 1971 гъэм ЩэнхабзэмкIэ унэу яухуащ. Абы тIысыпIэ 270-рэ зиIэ и пэшым дыщэидэмкIэ дерсхэр щат. Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я гъусэу абы щэнхабзэ зэхыхьэ гуапэхэр, гъэфIэн пшыхьхэр, щIалэгъуалэм папщIэ зэпеуэхэр, джэгу гукъинэжхэр къыщызэрагъэпэщ. Щэнхабзэ центрыр жыджэру хэтщ Аруан щIыналъэми республикэми щрагъэкIуэкI зэхыхьэхэм. КъинэмыщIауэ, мы IуэхущIапIэм щыIэщ лъэпкъ къафэхэм, уэрэд жыIэным, дизайным щыхуагъасэ студие, уэрэджыIакIуэхэмрэ макъамэ Iэмэпсымэ еуэхэмрэ я «Пластик» ансамблымрэ театр студиерэ. ЩэнхабзэмкIэ «Нур-ет» центрым дыщэидэмкIэ и мастер-класс щхьэпэхэм ныбжьыщIэхэр яфIэфI дыдэу йокIуалIэ. Дыщэ, дыжьын IуданэхэмкIэ хадыкIа лэжьыгъэм и фIагъыр къызэралъытэр нэхур абы зэрытридзэ щIыкIэрщ. Дерсым ныбжьыщIэхэр щыщагъэгъуазэ IэщIагъэм и щэхухэм, нэхъапэхэм а Iэмалым тету хадыкIа хьэпшыпхэу ди деж къэсахэм, блэкIа лIэщIыгъуэхэм псэуа цIыху IэпщIэлъапщIэхэм я гъащIэм, дыщэидэм и Iэмалу абыхэм къагъэсэбэпу щытахэм, нэгъуэщIхэми. Гуапэщ щIэблэр IэпэIэсагъэм и щэхухэм зэрыдахьэхыр. Мы IуэхумкIэ щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъхэм я щапхъэщ лъэпкъыр зэрыгушхуэ, хэдыкIымрэ хъагъэ дахэхэр зэIущэнымрэ дахьэх Иуаныкъуэ (Дохъушокъуэ) Мадинэ. Ар щеджащ Урысейм, Франджым, Тыркум, Швейцарием, Куржым я IэпщIэлъапщIэхэм я деж. КъищынэмыщIауэ, ар хэтащ ди щIыналъэми хамэ къэралхэми щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэхэм. IэрыщI гъуазджэм нэсу зыхигъэгъуэза нэужь, Иуаныкъуэ Мадинэ дуней псом и библиотекэхэм щIэныгъэ куу щызыIэригъэхьащ Европэм, КъуэкIыпIэм, Азием я IэпщIэлъапщIэхэм дыщэидэм теухуауэ ябгъэдэлъ Iэзагъэм теухуауэ. Иуаныкъуэ Мадинэ 2012 гъэм къыдигъэкIащ «Адыгские (черкесские) золотошвеи из Причерноморской Шапсугии» тхылъыр. Абы хигъэхьащ 1913 гъэм Шапсыгъым щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэхэм жыджэру хэта шапсыгъ бзылъхугъэ IэпщIэлъапщIэхэу – Щхьэбэ-ТIэш ФатIимэтрэ ЧынтIыжь-ВэгулI Сальмэтрэ я лэжьыгъэхэм щыщи. КъищынэмыщIауэ, абы хигъэхьащ езы Мадинэ дыщэидэм зэрызыхуигъасэ шапсыгъ пасэрей сурэтхэр, хы ФIыцIэм Iус адыгэхэм я фащэмрэ тхыпхъэхэмрэ, ахэмкIэ IэпщIэлъапщIэу щыта шапсыгъ цIыхубзхэм я IэдакъэщIэкIхэмрэ я сурэтхэмрэ. Мадинэ дыщэидэм триухуа «Адыгэ идэ» монографием илъэс 30-м щIигъукIэ елэжьащ икIи абы щызэхуихьэсащ адыгэ дыщэидэм и тхыдэр, игъуэта зыужьыныгъэр. Адыгэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI дыщэидэ IэщIагъэм ехьэлIа псалъэхэр Мадинэ адыгэбзэм и къэбэрдей, кIэмыргуей диалектхэмкIэ зэритхыжам и мыхьэнэр къыпхуэмыIуэтэным хуэдизщ. Тхылъым щызэхуэхьэсащ сурэтищэм нэблагъэ. Ахэм яхэтщ XIX-XX лIэщIыгъуэхэм ди щIыналъэм, хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIаи, Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ республикэхэм я Лъэпкъ музейхэм я гъэтIылъыгъэхэм щыщи, цIыху щхьэхуэхэм яхъумэ дыщэидэ лэжьыгъэхэм трахаи. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
27.11.2026 - 12:47 →
МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ!
26.11.2026 - 14:04 →
КъежьапIэхэр къэзылъыхъуа бзылъхугъэ
26.11.2026 - 12:30 →
Хабзэр къызэрежьар
25.11.2026 - 13:00 →
Сатыр пщыкIуплI хъу усэ
24.11.2026 - 18:00 →
Нэф хъуа цIыху цIэрыIуэхэр
| ||




