ГукъэкIыжхэр

Театр дунейр гъэщIэгъуэнщ. Актёрхэр пьесэхэм зэрыщыджэгум щIэщыгъуэу узэреплъым нэмыщI, езы театрым къыщыхъу Iуэхугъуэхэр, абы щылажьэхэм я зэхэтыкIэм, я гукъэкIыжхэм теухуа хъыбархэри дахэщ. Абы и зы щыхьэтщ Мысостышхуэ Пщызэбий и тхыгъэхэри, гукъэкIыжхэри, гушыIэхэри, и цIыхугъэхэм къыхужаIахэри щызэхуэхьэсауэ итхауэ щыта «Дунейр чэзущ» тхылъыр. МЫСОСТЫШХУЭ Пщызэбий и гукъэкIыжхэм ящыщ зыбжанэ щапхъэу къыдохь, абы къитхыжауэ.

ГЪУЭТ Синэ.

Балетыр зэрывгъэувар адыгэбзэкIэ?

Ди университетым щеджэ ныбжьыщIэхэм пьесэ гуэр ягъэуват. Спектаклым ирахьэлIэн реквизит, щыгъын тIахыну зы егъэджакIуэрэ студент щIалэрэ театрым къытхуокIуэ. Директорыр ди гъусэу, артист гуп театр щIыхьэпIэм деж дыщызэхэтти, сэлам-чэламыр зэрызэфIэкIыу, ахэр зыхуеину псори яритыну директорым къегъэгугъэ. Сэлам къыщыдахыжым, егъэджакIуэм и нэр театр щIыхьэпIэм деж фIэлъ афишэм хуозэ. А махуэм япэ дыдэу ягъэува «Лалуцэ» балетыр ди театрым щекIуэкIын хуейт. ЕгъэджакIуэр афишэм нэхъ гъунэгъуу бгъэдохьэ, фIыуэ къызэпеплъыхь-нызэпеплъыхьри: «Ей, мы балетыр зэрывгъэувар адыгэбзэкIэ?» - жеIэри къыдоупщI. Дэ жытIэнур къытхуэмыщIэу дызоплъыж. Директорыр зыхуэмыубыдыжу дыхьэшхыурэ театрым щIохьэ. ЕгъэджакIуэм къыжьэдэхуа емыкIур игъэзэкIуэжын, къыгуригъэIуэжын и мураду, студентым абы зыхуегъэщхъри: «Сыт жыпIэр? Балетым псалъэ хэт-тIэ, зиунагъуэрэ», - жери жэуапым пэплъэу мэувыж. АрщхьэкIэ, зыпэплъэм зигъэгушыIэнэпцIу нэхъ Iеижыр къыщIегъу … «И кIэм деж нэхъ мыхъуми, псалъитI-щы хэту къыщIэкIынщ, Iэгъу…» егъэджакIуэм и нэр афишэм къытрихыжу зыщиплъыхьам, ди артистхэм ящыщу зыри бжэIупэм Iутыжтэкъым…

Си адакъэри мэкIэцI

Токъуий Хъусен щIалэгъуалэм къэдувыхьауэ, хъыбар дыхьэшхэн къыджиIэжхэм дедаIуэу бжэIупэм дыIуту, ХьэIишэт: «А Хъусеныжьым игъащIэм пэжу зы псалъэ жиIакъым, фемыдаIуэ а пцIыупсыжьым», - жиIэу хъущIэурэ дблокIри, театрым щIохьэ.

         ХьэIишэт суфлёру лажьэрт, пшыни мыIейуэ еуэрт. Хъусен абы кIэлъыдыхьэшхыу тэлайкIэ щыта нэужь, ХьэIишэт теухуауэ къыджиIэжахэр фIэщщIыгъуейщ. ИтIани къызэрыдищамкIэ фыдощэж.

         Хъусенрэ ХьэIишэтрэ зэгъунэгъуу псэурт, зы пщIантIэшхуэ дэст, махуэм зытхухрэ зэхуэзэрт, зэхуэзэхуи тIэкIу зэмыхъурджауэу къанэртэкъым. Пщэдджыжь гуэрым ХьэIишэт джэдэщым къыщIэкIыжа Хъусен бгъэдыхьауэ: «Мыр сыту джэдыкIэ куэд къыпхуакIэцIа, нэпсеижь», - йохъурджауэ. «Сэ си джэдэщым уэздыгъэ щIезгъэшауэ жэщ псом согъаблэ, нэхум джэдхэр жэщым тIэу-щэ егъэкIэцI. Джэдхэм я закъуэкъым. Мис мы джэдыкIэ пIащэшхуэр си адакъэжьым къикIэцIащ», - жеIэри Хъусен и унэм щIохьэж.

         ХьэIишэт Хъусен жиIар и фIэщ мэхъури, и джэдэщым зы мыхъуу, уэздыгъитI щIрегъашэ. ДжэдыкIэм епщIыхьу япэ жэщыр зыгъэкIуа фызыр, тепщэчышхуэр иIыгъыу, джэдэщым щIолъадэ. АрщхьэкIэ, кърих хабзэ джэдыкIищым нэмыщI дэнэ щигъуэтынт!

         Щимыгъуэтым и гъунэгъум хуотхьэусыхэ. Хъусен и жэуапыр хьэзырыххэти, ауанышхуэ къищIу: «Уа, ХьэIишэт, жыпIэ делагъэр сыт? Адакъэ бгъэкIэцIын щхьэкIэ шыIэныгъэшхуэ пхэлъын хуейщ. Нэхъ пасэу кIэцIыну ухуеймэ, джэдэщым радио щIегъаши, тхьэмахуэкIэ пэплъэ», - жеIэри йожьэж.

         Тхьэмахуэри докI, етIуанэри кIэлъокIуэ, арщхьэкIэ джэдыкIэм хэхъуэркъым. Уэздыгъэм щхьэкIэ итын хуей ахъшэм хуэдитIкIэ хэхъуауэ къыщыхуахьым, и гугъэр хихыжауэ, ХьэIишэт Хъусену плъагъур джэдэщым гыбзэкIэ щыщIегъанэ. Токъуийм къэгубжь нэпцIышхуэ зещI: «Уа, уэ уи джэдхэмрэ адакъэмрэ лодырмэ, дармэедмэ, сэ си лажьэр сыт? ПсомкIи къуаншэр уи адакъэжьращи, мис абы ешхыдэ! Дунейм теткъым ар зыхуэфI, уэрэд жиIэн фIэкIа. ДжэдыкIэ ухуеймэ, а уи адакъэ щхьэдыкъыжьыр егъэгущхъуи, си адакъэр уи джэдхэм яхэутIыпщхьэ», - щыжиIэм, ХьэIишэт нэгъуэщI къыхуэмыгъуэту, «А уи адакъэ мыхъумыбзыжьращ зэгуэщхъун хуейр», жиIэурэ и джэдэщым щIаша уэздыгъэр кърекъутэхри, макIуэ-мэлъей. Абы иужькIэ, Хъусен зыгуэр жиIэжыну зэрыхуежьэу: «ЩIидзащ аргуэру, укъуеяуэ къэнэн Хъусен пцIыупсыжьым», - шхыдэрти, ХьэIишэт лъэныкъуэкIэ IукIуэтырт.

«Ноби уи фэр исхынущ»

Тубай Мухьэмэд театрым зэрыхуэмыхъуа укIуэдыж: артисти, директори, режиссёри, драматурги, чэнджэщэгъу телъыджи, ныбжьэгъу пэжи… Дэтхэнэм и цIэ къипIуэн? Аращ сыт щыгъуи, куэд зыхузэфIэкIым Iуэхушхуэ куэдым зрепщыт, цIыхушхуэ куэдым яхуозэ… А псори фIыщIэншэ-шыгъупIастэншэу екIуэкIыркъым… Мухьэмэд режиссёру щылажьэм зэзэмызэ пщыхьэщхьэм ефэ-ешхэ хэсарэ, пщэдджыжьым репетицэм игу хэмыхьэмэ, хуэмыхьэзырыщэмэ, пьесэ игъэувым хэт артистхэм яхэплъэрт-яхэплъэрти: «Уэ кIуэж, уэ къанэ, уэри нобэ сыпхуейкъым, уэ уи пычыгъуэм селэжьынущ… уэри уи фэр исхынущ, зыгъэхьэзыр» - жиIэурэ нэхъ дзыхь зыхуищIхэр, нэхъ бзэ быдэхэр къигъанэрти, адрейхэр иутIыпщыжырт. ИутIыпщыжахэр зэрыщIэкIыжу, «сэ мыращ скъуэлъыр», - жиIэрти, сомищ стIолым кътрилъхьэрт, а сомищыр дакъикъищым хуэдищкIэ багъуэрти, напIэзыпIэм цIыхухъу Iэнэ хъарзынэ къаузэдырт. А къэнахэм ирагъэкIуэкI хабзэ «репетицэхэр» языныкъуэ артистхэм апхуэдизкIэ ягу ирихьырти, лэжьэну гукъыдэж щамыIэм деж, хэти: «Уэлэхьи, мы сэ сызыхэт пычыгъуэм щхьэхуэу демылэжьу мыхъуну… КхъыIэ, ноби сыкъэгъани, си фэр их», - жиIэу къэтIысырт… Хэти хущхьэ-щатэу щIидзэрт… Хэти «ИгъащIэм нобэ хуэдэу сымэжалIэу лэжьакIуэ сыкъэкIуакъым», - жиIэрт… Хэти «Уэлэхьи, а зымахуэ цIыхухъу гупыр дызэлэжьа пычыгъуэ цIыкIум нэхърэ нэхъ лъэщи, нэхъ гугъуи, нэхъ зэлэжьыпхъи мы иджыпсту бгъэув пьесэм хэмыт», - жиIэрт. Езы Мухьэмэди зэм «Хьэуэ, хьэуэ… Нобэ ди фIэщу дымылажьэу хъунукъым… Аргуэру дыхумэ гуакIуэ къыфкIэрихыу фи унэм фекIуэлIэжмэ, фи фызхэм фаIэщIэкIуэдэнщ», - жиIэрти, уэху-алыхь, зэрымылэжьари къаригъэпшыныжырт… Зэми гушыIэурэ «Уэлэхьи, пэж дыдэу, нобэ хуэдэ махуэ кIагъэпшагъэм акъылри кIагъэпшагъэ ещIмэ!» - жиIэрти, пьесэм хэмыт «пычыгъуэ лъэщ цIыкIум» аргуэрыжьу елэжьын щIадзэрт.

Поделиться:

Читать также: