Къагъуэтыжащ

 Зи щхьэ Iэзэу къэзыгъэпцIэжыфхэм я зэхьэзэхуэ ирагъэкIуэкIыу щытамэ, Локъан Данил зыри къыдигъэплъынтэкъым. Арат абы къыщыщIар щIыхуэфащэр. ИтIани, щхьэхуэу Алыхьым къигъэщIа Хъалид цIыкIу сыт и лажьэт, и адэшхуэм лейуэ зэрихьам и уасэр ипшыныжыну? Слъагъу зэрымыхъум хуэдэу, сигу щIэгъурт Сабринэ и дэлъхум. ЖызоIэри, къыщыщIар хуэфащэкIэ, хуэфащэт Данил, ауэ ар зи пащхьэм ис дэ гупым тхуэфащэтэкъым апхуэдэ IуэхукIэ зигу хэщIым дыщIэнэкIэнуи, анэмрэ сабиймрэ зэрымыгъуэтыжауэ зыдгъэпсэхунуи. 
 ПщIэ зиIэ щэхурылажьэхэр къраджауэ, унэри пщIантIэри къапщ, къажыхь, ауэ псори зыпэплъэр къэпсэлъэну телефоным и макъырщ е кърагъэхьыну тхыгъэрщ. «Уасэм къыщIамыгъэлъамэ, арат», - зэхызох. «Сабийм зыри къыщымыщI щIыкIэ, зэфIэкIарэт». 
 Локъанхэ я лъапсэм щIыпIитI-щыкIэ щыхэгуэша видеохэр сэрат яхуфIэзыдзауэ щытар. Щыми еплъауэ жаIэ дыщэ дамэ сымэ. ПщIантIэми, унэ щIыбагъми, унэ кIуэцIми фIэлъхэм зыри я нэ къыщыфIэнакъым. Дырр, Расул! Щытэкъым ахэр зэрыхъур, плIыт! ЕплIанэр дэнэ дежт зыфIэздзар? Унэбгъум! Гъунэгъумрэ Локъанхэрэ я зэхуакум хуэзэ дэкIыпIэ зэвым деж иджыри зы фIэлъын хуейщ. Куэбжэ цIыкIу гуэри хэлъщ абдежым, къыбгъурыт лъапсэм уишэу. Зыми жезмыIэу, видео-плъырыр зыфIэлъ пкъом деж сокIуэ. ЕIусаIакъым! КъыфIызох. КIыфIщ, си Iуэху зэрахуэркъым. Малъхъэр шыдщ, сыт ищIэми, куэдыIуэкъым. Полицэхэм я лэжьэгъуэ пIалъэр яухати, кIуэжащ. ЦIыхубзхэр пырхъуэм тесщ, лIыхэм Данил трагъэу. 
 СыкъащIэмэ, хабзэхъумэхэм сагъэкъуэншэн тIэу еплъынукъым: «Следствием щубзыщIащ». ШхапIэр згъэбыдэжынщи, къэзгъэзэжынщ жысIэри, пщIантIэм сыкъыдэкIащ. Дзыхь зыхуэсщIын згъуэттэмэ, езым я деж ущеплъыну нэхъ тыншт, ауэ сыхуейтэкъым пщIэншэу гу зылъезгъэтэну. Нану цIыкIур щIэзыхам, шэч хэмылъу, нэхъ зыхуэсакъын хуейхэр ецIыху, къызэралъыхъуэми кIэлъоплъ. Сытми, «Шейхъаным» секIуэлIэжщ, уэздыгъэр щIэзмыгъанэу, бжэр згъэбыдэри, компьютер зыщIэт пэш цIыкIум видеор щыщIэзгъэнащ.
 Щыкъум я гъунэгъухэр зэрысцIыхушхуэ щыIэкъым сэ, сызэплъым къигъэлъагъуэр цIыхубз защIэт. Ерыскъы кърахьэкI. Тепщэчышхуэм сабий ихуэну? Уэлэхьи, ихуэнум, ауэ къищынущ. Хьэуэ, аракъым! Шхын хьэзырщ къыдахьэри дахыжри. Зыри си нэм къыфIэмынэу, сыздэкIуэн сымыда гущэхэпхэм гу щысхуащ, видеор езгъэжэкIыху. Мис, сабийр дах жыпIэн хуэдэу, зыри къысIэщIэлъэгъуакъым. Ар зыдэхуэн гуфIакIи гъэмахуэм дэнэ къикIын? Блызогъэш, блызогъэш... Дырр, Расул! Зи щIыбагъыр къэгъэза цIыхубз гуэрым щтэIэщтаблэу зиплъыхьурэ, птулъкIэ нэщIхэр зэхуехьэс. ИтIанэ ахэр зрилъхьа къэпыр лъагэу къеIэт Iэ сэмэгумкIи, и нэкIур къыкъуэмыщмэ, нэхъ къищтэу, йоIэбых. Сыт ищIэр? Сумкэр щрахьэжьэкIэ, зэхуащI хабзэщ. Мыбы ар зэгуегъэж, тIэкIу зэгуепIэж, аргуэру зэгуегъэжыжри, куэбжэ цIыкIумкIэ доущыкI. И щIыбагъыр къэгъэзащи, кърипцIыхужыну зыри дэплъагъуркъым, и вакъэхэр зэремыкIум фIэкIа. Мо жьыхуегъэзэкI хъуа бзылъхугъэм мамкъутыфэ кроссовкэшхуитI лъыгът. Дыщэ дамэхэри чэнджэщэгъу пщIы хъутэмэ, сыт ягъэ кIынт? Батэ ягъэша хуэдэу, занщIэу хъыбар зэбгратыкIынурэ, иджыри къыумыгъуэтар ягъэщтэнущ. 
 Щыкъум сыIулъэдэжри, пщIантIэм сыдыхьэжащ. Унэм щIыхьэри щIэкIри слъагъун хуэдэу, Данил зыщIэс гуэщымкIэ щызунэтIым, абдежым щысхэм шей яхуихьу къабгъэдэкIыжа цIыхубзым Iэдакъэхъуу зыкъригъэзэкIыжри, къызжьэхэуащ. 
 - Къысхуэгъэгъу, Алыхьым щхьэкIэ! – Iэгъуэблагъэр игъэзууэ, гуэщ лъэгум техуа подносым сыкIэлъоIэбэ. 
 Сыщымыкъуаншэм деж, пцIы зытеслъхьэжыну сфIэфIщ сэ. 
 - Ягъэ кIынкъым! Сэ къэсщтэжынтэкъэ! – нанэ IэмыкIуэлъэмыкIуэри хабзэм къызэгуеч. 
 Подносыр естыжыну си бгыр къыщызгъэшыжым, хабзэм къызимыгъэIэт си нитIыр нанэм лъыгъ вакъэхэм ятохуэ. Дырр, Расул! Къэплъыхъуэр мыхэратэкъэ? Си нэгум къыщIэна мамкъутыфэ кроссовкэхэр хэгъэрейуэ фэ зытет нанэм лъыгът. А нэхъ сигу темыхуэ типрат икIи зыхыхьэр. ЦIыхухъухэм зигъэнэхъыжьу яхэлъадэрэ, гу къызэрылъатэу, илъэс пщыкIутхум иувэжу. 
 - Упсэу, Расул! - си цIэри ещIэ. 
 СымыцIыхукIэ тхьэ соIуэ. Хьэуэ! Мырагъэнкъым. ЦIыхубзым подносыр IэщIызолъхьэжри, и щIыб къызэригъазэу, сыкIэлъоджэ: 
 - КхъыIэ, къомыхьэлъэкIмэ, нэхъыщIэ гуэрым сэри зы шеибжьэ къысхуегъэхь! 
 Iэтличнэ, Расул! Къэзгъэгубжьри, и напIэр къимыIэтыж щIыкIэ, зы сурэтыжь тезгъэуащ. ПщэфIапIэм щIохьэжри, си ябгэжьыр кърехужьэ. Щыгугъ, къыпхущIихынщ уэ Сабринэ шей! Хьэуэ, къехь. Пу, мэшалыхь, мыр зи унэ щIэс зэрехъулIа! 
 - Хэт хъуну а цIыхубзыр? 
 - Уехъуэпсамэ, фызабэщ! 
 - ЛIо, гущэм сыхебгъэпхэну ара? 
 - Шыдыгъу Данэ, мо лъапсэр аращ зейр, - жеIэ, мыдыхьэшхыну хэту. - Я псэ зы чысэм илъщ Лизэрэ абырэ.
 - Нэхъ дахэ гуэрым шей къысхуегъэхь жысIэри, зэгуэзгъэпа си гугъэщ. Сыт хъыбар? 
 - Зыри хъыбаркъым, - си IурыцIэлъыр пхыкIащ. - Сэ сыкъэнэнущ, укъыспэмыплъэ. 
 Ура! Къысхуэгъуащ гущэхэпхэм сызэрыхэмытар. Си шейр сIыгъыу, гуэщым щIэсхэм сахотIысхьэри, си тхьэкIумитIыр соущI. 
 - Нэху зэрыщу, и пщэпкъыр субыдынущ а гъуамэм, - жызыIэр Данилщ. Зи гугъу ищIыр хьэпсым къикIыжа экономистрауэ къызгурыIуащ. 
 - «Слъэгъуакъым» жиIэмэ-щэ? – лъэныкъуэкIэ йоплъэкI нысащIэм и адэр. – Нанур къуимытыжмэ, сыт езыр къеплъэфажьэкIэ?
 - ЛIо, сэ сыделэу ара, Банил, япэ къэсым пцIы теслъхьэу? Зы бадзэ щыхъейркъым мы къалэм, къыздилъэтари щытIысынури сымыщIэу!
 - Мылъатэ щIыкIэ, къыпхуэщIэу щытамэ, нэхъыфIыжт! 
 - Банил! Унэ уиIэмэ, кIуэж, си къуэшыжь! Дыпхуей хъумэ, дыноджэнщ. 
 - Афэрым, бысым! Укъыдэджэм дыдэпхужу, Тхьэм хъеркIэ дызэкIэлъигъакIуэ! 
 Данил и пащхьэм зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж апхуэдэлI куэд щIауэ щыслъэгъуатэкъым, пэжым ухуеймэ. Абы сигу къызэригъэгъуэтыжри, лIым сыкIэлъыкIуатэщ, апщIондэху Данил иджыри зэ сыIуплъэжыныгур сфIэкIуэдыпэри, сэри машинэм зиздзэжащ. 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: