Си сабиигъуэр тетщ лъэрыжэм
Лерэ и усэ Iэрамэ тыдодзэ ди гуапэу. Жэщ зэшыгъуэ Уафэм сыдоплъейри сыкIэрытщ щхьэбгъужэм, Жэщыр хэкIуэтати, дунейр тесэбыращ, КъыщIыхьэну хуейуэ, къытоуIуэр си бжэм - Хьэулей гупсысэм кIуапIэ сыкъищIащ. Бгъунж зыкъысхуищIауэ къысхущIоплъыр мазэр, СфIэкIуэда си жейр зыгъэпщкIуар ара? Вагъуэ закъуэтIакъуэм къалъыхъуэж я гъуазэр, Ныжэбэ зэрызехьэу нэху къатещхьащ. СыкIэрытщ щхьэгъубжэм, сыдоплъейри уафэм, МыкIуэщIыж гупсысэм си псэр пигъэхуащ, Жэщыр щIыIэтыIэщ, зэпхырокIыр щIыфэм, ПщIэншэу кIуэ зэманми гур игъэдиящ. Хуабжьу къохьэлъэкIыр си Iэпкълъэпкъым жьыгъэр, ГъащIэм зэрыхэщIу, къаруми кIэрыхуащ. Гупсысэр щхьэукъуащи, согъэуфIынкI уэздыгъэр, Нэхулъэр щызэщIичым щхьэнтэм зезгъэщIащ.
Жьапщэ къуейщIей Жьапщэр къыкъуэуауэ, пэщIэхуэр кърехьэкI. Къудамэхэр еутхыпщIыр, зэхэзедзэн ещI. Йолъэпауэ мывэм, псынэр и пIэм къреху, И жагъуэ къэзыщIахэр губжьауэ зэбгыреху. Уафэми нэсауэ пшэхэр кърехуэкI, ЗдэкIуэнур ямыщIэжу зэхэзехуэ ещI, Уэс къесар еIэтри, уэгум щыщIегъэпщ, ЩIылъэр ипхъэнкIауэ, ищIахэмкIэ зегъэпщ.
Шордакъ Iуащхьэм… Шордакъ Iуащхьэм сытету и щыгум, Къуажэ уэрамхэм хуиту сроплъэ. Зэман блэкIахэр щIэкIыжу си нэгум, ФIыуэ слъагъу щIыпIэм сыхоплъэ. Гур къысфIилъэту сыхоплъэр си къуажэм, Хъийм икIауэ гурыщIэр зэщIоплъэ. Си сабиигъуэр тетщ лъэрыжэм, СщIэуэ насыпыр къыспоплъэ. Нэр егъэгуфIэ губгъуэ къэкIыгъэм, Мэ гуакIуэм псэр зыIэпешэ. Бжьыхьэр хьэзыру поплъэр бэвыгъэм, Дыгъэпсыр щIым фIэфIу зыщIешэ. Гур къысфIилъэту сыдоплъэр жылагъуэм, СпэIэщIэ зэрыхъур ныбжьым тызолъхьэ, Иджы срихьэщIэщ, сроплъэжри си лъагъуэм, Къысхуэгуэпа къуажэм и уэрэд зэхызолъхьэ.
ГъащIэ гъуэгу Зэман – зэманкIэ сыроплъэжыр Си гъащIэ гъуэгу къызэзнэкIам, Пытыжу слъагъукъым зы къудамэ Гъэгъауэ Iуфэм щыхасам. Лъэс лъагъуэ закъуэр мэкIуэдыжыр, Кхъуэбанэм и бгъур иуфэбгъуащ, Гугъэу сиIам тетыжкъым дамэ, ЩIалэгъуэ вагъуэр къухьэжащ. СызоплъэкIыжыр щхьэхуимыту, Сыпхоплъыр пшагъуэу щIы бэкхъам, Сыщосхь итIани, сигу пымыкIыу, Си гъащIэ гъуэгу къызэзнэкIам.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:16 →
ГукъэкIыжхэр
25.11.2026 - 15:19 →
«Уэшх щхъуафэхэр» къыстешхащ
23.11.2026 - 18:05 →
Данэ и щэхур
23.11.2026 - 16:00 →
ГъащIэ къагъэлъагъуэ
20.11.2026 - 12:40 →
Къагъуэтыжащ
| ||





ЦIыхум и псэм фIэфIыр пкърыту къогъуэгурыкIуэ. «Си гум илъым сылъэмыIэсыфами, зэи тхэныр зэпызгъэуакъым», - жеIэ Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм къыщыхъуа Къумыкъу Лерэ. И ныбжьыр илъэс 12 - 13-м иту тхэным гу хуищIат ныбжьыщIэм. Арат ар тхакIуэ, усакIуэ Хьэх Сэфарбий къызэригъэпэща «Шыхулъагъуэ» зэгухьэныгъэм темызашэу къыщIекIуэлIар, тхэным, усэным и хабзэхэм зыщигъэгъуэзэным и нэ къыхуикIыу. Абы и усэхэм, рассказхэм, новеллэхэм щыщ «Зольские вести», «Адыгэ псалъэ», «Тэрч и макъ» газетхэм традзащ мызэ-мытIэу.