Данэ и щэхурСыкIуэжу гъуэгу сыздытетым, Шыдыгъухэ я фызыр щысцIыхур къищIэжыну, си щхьэ куцIыр мэныкъуакъуэ. Дырр, Расул! КъэсщIэжащ! Машинэр къызоIуэнтIэкIыж, щыкъум сыIуолъэдэжри, Сабринэ унэм къыщIызогъэш. ДэIэпыкъуэгъу симыIэу хъунутэкъыми, щхьэщылъэфауэ си гурыщхъуэхэмкIэ сыдэгуашэщ, Данэ темыплъэкъукIыну унафэ быдэ хуэсщIри, сежьащ гъунэгъу лъапсэм сабий цIынэм и лъыхъуакIуэ. КIыфI хъуащ. Локъанхэ я хадэ бжыхьым сыщхьэпропщ, итIанэ Данэ ейм сыкъыщохутэ. ПщIантIэм сыдохьэ, унэмкIэ соунэтI. И закъуэу псэу цIыхубзым дауэ нану цIыкIу зэригъэпщкIунур? Ар гъынущ, кIиинущ, зэхахынущ. Еджэн ямыух щIыкIэ дэкIуа ди курсэгъу хъыджэбзхэм я сабийхэм зыгъэжеин хущхъуэ ирагъафэурэ накIуэу зэрыщытар къызощIэж. Лъапсэр щIэсщыкIащ, зыри щыIэкъым. - НокIуэж, - къетх Сабринэ. Сыкъызыкъуэмыщыну нэхъ сызыщыгугъ Iупхъуэ гуэрым и къуагъым сыкъуоувэ. Куэбжэ макъ. Куэбжэмрэ унэмрэ я зэхуакур икIуауэ щыхуэзгъэфащэ дакъикъэм унэбжэр Iуимыхыу, Данэ гуэщым къыпыт псэуалъэм щIохьэри, мэбзэх. ЩIыунэ иIэу пIэрэ-тIэ? Лъапэрисэу сокIуатэ, сыбгъэдохьэ, содаIуэ. «Дуудэ дыкIуэнущ уэрэ сэрэ иджыпсту, аракъэ, си нэху?» - къоцырхъэ си тхьэкIумэм илъабжьэмкIэ къиIукI Данэ и макъыр. Ар бауэбапщэу къыдэкIуеижыху, пщIантIэм сызэпрож, лэгъунэм сыщIопкIэжри, щыжейуэ зыхуэзгъэфащэ гъуэлъыпIэ зэгуэтым и лъабжьэм сыщIопщхьэ. Бзэрабзэ макъыр гъунэгъу къохъу. Уэздыгъэр щIегъанэ. Мы сабийр армырамэ-щэ? Сыт Данэ и ныбжьэгъу нэхъыфI дыдэм мы нанур къыщIыфIидыгъунур, ар езы Лизэ имыщIэмэ? ИщIэмэ-щэ?! Данэ теухуауэ зэхэсха закъуэрат гъуэгу сытету зыкъыщIэзгъэшыжар. Мы Хъалид цIыкIу и адэм къыщишам щыгъуэ, Iэнэм тралъхьэну къащэхуа джэд щэ ныкъуэр Лизэ тыкуэн гуэрым игъэIэпхъуэри, дрикъуакъым жыхуиIэу, Данил етIуанэу къригъэщэхужауэ щытащ. Тыкуэныр зейр иджыпсту зи гъуэлъыпIэ лъабжьэм сыщIэлъ мис мы Данэт. Иджы и лIым къыхуищI дзыхьыр Iэзэу зэзыгъэкIуэкIыф Лизэу къыщIокI мы тIум я бандэм и нэхъыщхьэр. ПщэфIапIэм щоIэуэлъауэ. Сабийр игъашхэ си гугъэщ. Аргуэру хущхъуэ иритмэ? Сыкъуэплъыну сытегушхуэркъым. Телефоныр къызох, Сабринэ къитхаIамэ сеплъыну. «КъэкIуэж. Пщэдей къратыжынущ. Мелуанитху къыжраIащ». Сэ пэж сфIэфIщ. Данил и мелуанитхуми сыщысхьыркъым. Лизэ хуэдэ цIыхубз щхьэгъусэу къыщритакIэ, абы нэгъуэщI тезыркIэ ухуэхъуэпсэжыну гуэныхьщ. ГъащIэ кIыхь Тхьэм ищI, сигу тезэгъащ. Ауэ мы Данэ семыпсалъэу схуэшэчынукъым. Си япэ иту Локъанхэ я пщIантIэм дэсхуэнущ иджыпсту, нанур IэщIэлъу. Сабийри магъ, хуэгъэувыIэ къыщIэкIынкъым. ЖьакIуэу зызгъэлIын си мураду, сыкъыщIопщыж гъуэлъыпIэ лъабжьэми, пщэфIапIэмкIэ соунэтI. Бжэм сытеуIуэну си Iэпэр къыщысIэт дыдэм, нанум и гъы макъым пырхъышхуэ зэрыщIэтыр зэхызох. Махуэ псом псапэ щIэным хущIимыгъэхьа цIыхубз жаным Лизэ къыхуищIа унафэр игъэзащIэри, жеину хуит зищIыжа мыгъуэу арат. Данэ къэзмыгъэушыну сыхэту, сабийр къызощтэ, унэм къыщIызохри, хадэ кIуэцIкIэ Локъанхэ сокIуэкIыж. - Дэнэ къыздипхыжар? – сэ къызэмыжа укIуэдыж. - Хадэм сихьати, гъы макъ щызэхэсхым, лъыхъуэн щIэздзэри къэзгъуэтащ, - яжызоIэ. – ЩIэщтэжу къыфкIэщIадзэжа къыщIэкIынщ. Сабринэ япэу къоIэбэри, сабийр унэм щIехьэж. ТIуми зыгуэр зэрызэдэтщIэм гу лъатагъэнщ. - Хэт? – хуэмышэчу къызоупщI нанум и адэр. - Уи анэм хуэсакъ! – жызоIэ, зэхэзмыха нэпцIышхуэу. – ГуфIащэмэ, и гум хуэмышэчынри хэлъщ. АрщхьэкIэ, щIалэр жысIам емылIалIэу, зэанэзэкъуэр зэрызэрыгъуэтыжам еплъыну щIолъэдэж. Сэри зыцкIэ зысфIэмыIеижу, си шэрхъиплIым сошэсри, ди уэрамымкIэ дызогъэзей.
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:16 →
ГукъэкIыжхэр
27.11.2026 - 15:00 →
Си сабиигъуэр тетщ лъэрыжэм
25.11.2026 - 15:19 →
«Уэшх щхъуафэхэр» къыстешхащ
23.11.2026 - 16:00 →
ГъащIэ къагъэлъагъуэ
20.11.2026 - 12:40 →
Къагъуэтыжащ
| ||




