|
|
Литературэ
9 июня, 2026 - 11:18
Адыгэхэр дуней псом къыщацIыху литературэм, макъамэм, къафэм, сурэтыщI гъуазджэм, IэпщIэлъапщIагъэм щаIэ зэфIэкIхэмрэ лъэпкъ щIэин къулей къазэрыдекIуэкIымкIэ. Хэхэс гъащIэми абы и щэнхабзэ дахэр щихъумащ.
8 июня, 2026 - 13:37
Лъэпкъ узэщIакIуэхэм пасэу гу лъатащ щIэблэм щIэныгъэ етын зэрыхуейм. Ахэр абы езышэлIэну зыхузэфIэкIынур ныбжьыщIэхэр дэзыхьэх художественнэ тхыгъэхэрауэ зэрыщытыр япэу гукъэкI зыщIахэм ящыщщ Нэгумэ Шорэ. Анэдэлъхубзэр щаджыну еджапIэм щхьэкIэ абы игъэхьэзырауэ щытащ зэрырагъаджэ тхылъ. Ар ди деж къэсакъым, ауэ шэч къытепхьэ хъунукъым сабийхэм къагурыIуэн, ахэр дэзыхьэхын тхыгъэ цIыкIухэр езым зэхилъхьами, IуэрыIуатэм къыхихами абы зэрыхигъэхьам. Езы щIэныгъэлIыр анэмэт еджапIэм зэман пыухыкIакIэ щылэжьащ, икIи пасэу зэхигъэкIауэ щытагъэнущ сабийхэм егъэджыпхъэхэр.
5 июня, 2026 - 11:18
ХъэтI щIэщыгъуэ зиIэу щыта усакIуэхэм ящыщщ Къэжэр Хьэмид. ГъащIэм и Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм теухуа абы и IэдакъэщIэкIхэр литературэ щIэин хъуащ, сыт хуэдэ зэманми дэгъуэгурыкIуэфу. Къэжэр Хьэмид и усэхэм теухуауэ профессор Бакъ Зерэ и тхыгъэщ фызыщыдгъэгъуазэр.
ГЪУЭТ Синэ.
5 июня, 2026 - 09:15
Илъэс куэдкIэ егъэджакIуэу лэжьа КIурашын Алий и Iуэтэжыр теухуащ унагъуэм и мыхьэнэм, псом хуэмыдэу сабийм и дежкIэ абы лъапIэныгъэу иIэм, зи адэмрэ анэмрэ къызыщхьэщыту къэхъум нэхъ насыпыфIэ зэрыщымыIэм.
2 июня, 2026 - 15:19
ЛIы къулейсыз гуэр и фызым бгъэдэсу:
- ЕтIанэгъэ жылэм Iэхъуэу танэ пщыкIутIкIэ сахуежьэнщ. Хыр хъууэ, хыр бзыуэ къайIысхынщи, танэбзхэр жэм хъунщ, танэхъухэр вы хъунщ, - щыжиIэм, фызыр къэпсалъэри:
- КхъыIэ, а выщIэхэм си дыщэм саригъэкIуэж! – жиIащ.
- Сыт жыпIэ делагъэр! ВыщIэ мыгъасэм гуэбэн ябгъэщIынуи?! – жиIэри лIыр фызым текIиящ.
ЗыкъысщыбгъэпщкIуми, мыбэ зэ укъекIуэлIэжынкъэ?
2 июня, 2026 - 14:30
2025 гъэм «Издательско-полиграфический комплекс» Грозненский рабочий» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ усакIуэ, тхакIуэ, журналист, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и редактор ДЖЭРЫДЖЭ Арсен сабийхэм папщIэ итха усэхэр щызэхуихьэса «Дадэ идэм» тхылъыр. ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и Президент Къанокъуэ Арсен къыхилъхьа «Адыгэхэр - 2020. Зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэхэр» Iуэхум хэту къыдэкIа тхылъыр абы ит усэ нэжэгужэхэм екIуу игъэщIэрэщIащ Алий Юрэ. «Дадэ идэм» тхылъыр сабиипсэм адыгэ дунейр зыхригъащIэу гъэпсащ.
29 мая, 2026 - 11:33
ЦIыхур тхылъ еджэн папщIэ, а Iуэхум ар сабийуэ дегъэхьэхын хуейщ. Абы папщIэ цIыкIухэм яфIэгъэщIэгъуэнын тхыгъэхэр щыIапхъэщ. Аращ сабий литературэм гулъытэ щIыхуэщIыпхъэри. Пэжщ, сабийхэм уахуэтхэныр куэдкIэ нэхъ гугъущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, япэрауэ, уи тхыгъэм зи гугъу щыпщI Iуэхугъуэр яфIэхьэлэмэту щытыпхъэщ, етIуанэрауэ, ар къызэрыпIуатэ бзэр тыншу къагурыIуэн хуейщ. Абы теухуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ТIымыжь Хьэмыщэ «Тхыдэ къулей икIи гъэщIэгъуэн зиIэ» и тхыгъэр.
28 мая, 2026 - 13:55
Адыгэ тхакIуэ, гупсысакIуэ, политикэ лэжьакIуэ, щIэныгъэлI Нало Заур и гъащIэм, и лэжьыгъэ купщIафIэхэм,
28 мая, 2026 - 11:35
(Нарт тхыдэжь)
Нартхэ зекIуэ ежьэрти, Сосрыкъуэ гъусэ ящIакъым:
– Къыддэгуэшэнщи, къэтхьым я нэхъ щIагъуэм дыхигъэкIыжынщ, – жаIэри.
И анэр къегиящ Сосрыкъуэ:
– Нартхэ зекIуэ ежьащ, фIыгъуэ къахьрэ къэкIуэжмэ, Iыхьэншэ уащIынщ, – жери.
– Ар Iуэху, – жиIащ Сосрыкъуэ. – Сыгъашхэ закъуэ.
Сэтэней Iэнэ къигъэуващ, пIастэ бзыгъэ диярэ лы Iыхьэ диярэ къытрилъхьэри. Сосрыкъуэ пIастэ бзыгъэр ихузри, псыр къыщIихуащ, лы Iыхьэм мылыр кIэригъэщэщщ, шхэри тэджыжащ:
– Нэхъ IэфI сшхауэ сщIэжыркъым, – жиIэри.
26 мая, 2026 - 14:56
КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ ТхакIуэхэм зэгухьэныгъэмрэ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм 2022 гъэм бзищкIэ - адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ - зэхэгъэувауэ къыщыдагъэкIащ «Время слова» тхылъыр. Абы тхэн щIэзыдзагъащIэхэм я усэхэр, рассказхэр, гъуэгуанэ тхыгъэхэр щызэхуэхьэсащ.
«Зэманым и гъджэ» тхылъыр цIыхухэм щIаджыкIащ, гурыхь ящыхъуахэр къыхагъэщащ, тхыгъэхэми я гугъу ящIащ. Тхэн щIэзыдзагъащIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр зэрыт тхылъым теухуауэ ди тхакIуэхэм жаIауэ щытахэм ящыщхэр къэдгъэлъэгъуэну дыхуейщ.
Страницы
|