Литературэ

ПКIАУЭ

ЕгъэджакIуэ Джыназ Нурбий итха таурыхъхэм ящыщ зым ди щIэджыкIакIуэхэр фыщыдогъэгъуазэ

Таурыхъ

Зы жылэ гуэрым зы лIыжьрэ зы фызыжьрэ щыпсэурт, быни ямыIэу икIи хуэкъулейсызу. ЛIыжь цIыкIум зэреджэр ПкIауэт. Фызыжьым ар жэщи-махуи псалъэмакъым хигъэкIыртэкъым: «Махуэ псом унэм ущIэсщ, лажьэми пщIантIэми уащыщкъым, унэми дзэкъэгъуэ щIэлъкъым, зыщIыпIэ кIуэи, зыгуэр къэлэжь», – жиIэурэ.

Къуажэ хъыбархэм ящыщ

Къуажэ гъащIэр, къуажэ хъыбархэр гум йохуэбылIэ. Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ сурэтыщI, IэпэIэсэ АБЫДЭ Iэсият и къуажэ хъыбархэр гум дохьэ. Абыхэм гукъэкIыжхэм ухашэж, нэщхъыфIэ уащI, гъащIэри дунейри фIыуэ уагъэлъагъу, фIым ухуэпабгъэ уащI. Iэсият и хъыбархэм ящыщ фыщыдогъэгъуазэ.

Гъуэт Синэ.

Дадэ и таурыхъхэр

Есениныр Кавказым зэрыщыIар

Есенин Сергей 1924 - 1925 гъэхэм Куржыр, Азербайджаныр, Армениер зригъэцIыхуащ, а лъэхъэнэм и Iэдакъэ къыщIэкIа усэхэр и творчествэм и лъагапIэу къалъытэ.

Псори зэхуэзыгъадэ

 Шэрджэс мамлюкхэм къахэкIауэ япэ сулътIан хъуар Бэркъукъу Анчокъущ. Ар зэрыадыгэм щыхьэт тохъуэ Италием щыщ дипломат Бертрандо де Мижнанелли (а тIур зыбжанэрэ зэрихьэлIауэ, зэнэIуасэу щытащ). Бэркъукъу Шэрджэсым зэрыщыщым щыгъуазэщ хьэрып тхыдэтх Тагрий БирдийкIэ зэджэри. Абы зэри­т­хым­кIэ, Бэр­къукъу Анчокъу кашак адыгэщ, - итхыжащ публицист цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.

Псалъэ шэрыуэхэм къарыкIыр

Джэду и къуэ дзыгъуащэщ - Кошкин сын – за мышами охотник. Щхьэж къэзылъхуам ещхь мэхъуж, жыхуиIэщ.

Джэд пасэрэ бын пасэрэ – Что ранние цыплята, что ранние дети. Псори игъуэм зэгъэпэщын хуейщ, хыумыгъэкIасэу, жыхуиIэщ.

Ди гъунэгъум сыкъыщышхи, ди унэ мышхэу сынэсыж - Да пообедаю я у нашего соседа, и да приду я домой голодным. Гъунэгъум и деж махуэхэр щегъакIуэри кIасэу и унэм къыщIохьэж, жыхуиIэщ.

ЛIыжь цIыкIумрэ дыгъужьымрэ

Зы дыгъужьыжь гуэр къуажэм къеуэсауэ къакIуэрт. Зы жэщи дэкIыртэкъым а дыгъужьым унагъуэ гуэр имыгъэунэхъуу. Е зы мэл ихьынт, е зы жэм иукIынт. Арати, есар гугъукъэ, жэщ мазэхэ кIыфIу зыкъыхуигъазэри, щхъуэжьыр къуажэм къыдыхьащ, хадапхэхэр нызэхиущыхьщ-къызэхиущыхьри, зы чэт цIыкIу къигъуэтащ, мэл зыбгъупщI щIэту. Чэтым ихъуреягъкIэ неущэкIащ, къеущэкIащ, ауэ щIыхьэпIэ игъуэтакъым. Сыт ищIэнт, дыгъужьыр мэжэщIалIэт, мышхэну Iэмал иIэтэкъым. 

ЕгъэджакIуэ икIи усакIуэ гумызагъэ

Вэрокъуэ СэIимэт Хьэмид и пхъур 1965 гъэм мазаем и 20-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Къармэхьэблэ (Каменномост) къуажэм къыщалъхуащ. Абы дэт етIуанэ курыт еджапIэр къиуха нэужь, КъБКъУ-м и тхыдэ-филологическэ факультетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэр къиухащ. 1989 гъэм къыщыщIэдзауэ нобэр къыздэсым иролажьэ фIыуэ илъагъу егъэджакIуэ IэщIагъэм, сабийхэм я гъэсакIуэщ, ущиякIуэщ.

Анэр нэм хуэдэщ…

Анэ… ЛъагъуныгъэшхуэкIэ гъэнщIа а псалъэм и къарур къыпхуэмылъытэнщ. А цIэр зезыхьэ цIыхум нэхъ лъапIэ дунейм теткъым, ар зи щIыбагъ къыдэтым нэхъ насыпыфIи щыIэкъым. Анэм и хуабагъэрщ, гуапагъэрщ, IэфIагъэрщ дунейр зэтезыIыгъэр. А бзылъхугъэ лъапIэм гъащIэм щигъэзащIэ мыхьэнэм я IэдакъэщIэкI куэд траухуащ тхакIуэхэм. Анэмрэ бынымрэ я лъагъуныгъэм нэхъ къабзи, нэхъ къуэпс быди зиIэ щыIэкъым. Аращ зытеухуар ГъукIэ-Мэремкъул Маринэ и «Анэр нэм хуэдэщ...» новеллэри.

Бродскэм и усыгъэм теухуауэ

 Дызэрыт илъэсым илъэс 85-рэ ирикъуа Бродский Иосиф Ахматовэ Аннэ и жьауэм щIэту къыдэкIуэтея усакIуэ зыбжанэм ящыщщ. Къыщыхъуар  блокадэр зылъэгъуа Ленинградщ, къызыхэкIар журт унагъуэщ. Хы офицеру, фотокорреспонденту щыта и адэр зауэм хэтащ, и анэр, сабий къалъхугъащIэр IэщIэлъу,  къалэм ишэча бэлыхь псоми пхыкIащ.

Гъуэгуанэ тхыгъэхэр

АдыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу илъэс куэдкIэ лэжьа Багъ Марьям и «Гъуэгуанэ тхыгъэхэм» удихьэхыу уоджэ. Нобэрей ди дунейр, зэхэтыкIэр къыщыгъэлъэгъуэжа тхыгъэ кIэщIхэм купщIэшхуэ япкърылъщ, куэдми урагъэгупсыс. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри гъэсэпэтхыдэу къэплъытэ хъунущ.

Адыгэр къофэ

Ещанэ классым дерс щокIуэкI. Адыгэ щэнхабзэм щыщ Iыхьэ сыкъеджэурэ ятх. Алихъан щIалэ цIыкIум и Iэр къеIэт:

- Сэ нобэ зы къафэ сеплъатиии… занщIэу зезгъэсащ.

- Хъарзынэщ. Афэрым, Алихъан!

Тхэным пыдощэж.

Алихъан аргуэру и Iэр къеIэт:

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ