Кхъуэтепыхьэ

«ЩIыбинэ, щIыбохъуэ хъулатIыжь, тIыжь дыукIмэ… щхьэ лъэныкъуэр дадэ ешх, и нэкулъ лъынэхэр нанэ ешх, и тхьэкIумэшхуэхэр си щIалэм ешх», - жиIэурэ, адэшхуэм къуэрылъхур и щIыбым щыщIиупскIэрт, унагъуэм щикъалэнхэр зэфIигъэкIарэ ажафэ нэмэзлыкъ щабэм тесу пщыхьэщхьэу ар здэпсэхум.

- Дадэ, ди мэл щхьэхужьра жыхуэпIэр? – упщIащ къуэрылъху ТIалэ цIыкIу, дадэрэ езырэ, Хъымыщ и къуэ Батэрэз сымэ я хъыбархэри хэту, псысэ-шыпсэ куэд жаIэу здэщысым.

- Хьэуэ, си щIалэ, мэлым имызакъуэу кхъуэи зетхуэу щытащ аддэ ижь-ижьыж зэман гуэрым. Абы и щыхьэткъэ «Кхъуэтепыхьэ» хъыбарри? Мы «Хьэбохъуэри» аращ, - къитыжащ жэуап адэшхуэм, и хьэбохъуэ уэрэдыр пIалъэ гуэркIэ зэпигъэури.

- Ар къызжеIэ, дадэ, «Кхъуэтепыхьэр». «Хьэбохъуэ» сыхуеижкъым, - лъэIуащ къуэрылъху цIыкIур, адэшхуэм и щIыбым къикIыжу и куэщI щитIысхьэжым.

- БжесIэнщ, си нану, ауэ умыщхьэукъуэ, - жиIэу адэшхуэм «Кхъуэтепыхьэм» и хъыбарыр къуэрылъхум хуиIуэтэжын щIидзащ.

Мыращ а хъыбарыр: «ЩыIащ лъэхъэнэ, - жеIэр адэшхуэм, - ди дадэжьхэм кхъуэ щызэрахуа, мыдрей Iэщхэм хуэдэу: мэлым, жэмым, шым. ЩакIуэ бланэхэм кхъуэ пIащэхэр ди мэзхэм къыщаукIырт, уеблэмэ Iэдииху банапцIэм хуэдэ мы ди псыхъуэ мэзхэм. Кхъуэдзэшхуэхэри зэрахьэрт дэрбзэр пщащэхэмрэ нысэхэмрэ, лъахъстэн мест, вакъэ, лъей хуэдэхэр щадкIэ, лэдж иращIу. Уеблэмэ, си щIалэ, ди нани ноби зэрехьэр кхъуэдзэ хужьышхуэ, и пхъуантэ фIыцIэжьым дэлъу. Уигъэлъагъунщ. Мис, мы си местхэм телъ нэпкъыжьэхэр абыкIэ хищIыхьат. Ди нани дэрбзэрт, ауэ иджы и нэхэм щыщIащ. АтIэ, си нану, а лъэхъэнэ жыжьэм адыгэщIым къихьат, мацIэм хуэдэу, зэрыпхъуакIуэ бий. Абыхэм кхъуэр я хьэрэмт. ЗиIэхэм яукIыжырт, ягъэкIуэдыжырт…

Дин зэрытри, нартхэм къытхуагъэна хабзэ хъарзынэри хыфIырагъэдзэрт, езыхэм я хабзэрэ я динрэ джатэкIэ, мафIэкIэ ягъэувыну пылът. УнагъуэрыкIыу щIащыкIырт кхъуэ зезыхуэ лъыхъуэу, къагъуэтми яукIырт.

А хъыбарыр зэхэзыха адыгэ унагъуэ гуэрым, кхъуэ шыр IэрыпI цIыкIу, щынэм хуэдэу, яIэти, и гъэпщкIукIэ хъуну Iэмал къагупсысащ: кхъуэ шырыр гущэм хапхэри, я ныуэжьыр бгъэдагъэтIысхьэжащ.

Ныуэжьым: «Лэу, лэу-лэу!» - жиIэурэ, кхъуэлор зыхапха гущэр щIеупскIэр. Мис а дакъикъэ дыдэм, си нану, унэм къыщIыхьащ джатэ маисэ къуаншэхэр ядэлъу кхъуэлъыхъуэ гупыр.

- Кхъуэ фиIэ? - упщIащ я Iэтащхьэр.

- Хьэуэ, - итыжащ жэуап ныуэжьым.

Ар я фIэщ мыхъуу унэр цырыцу щащыкIащ, гущэм хэлъу щIаупскIэр сабий яфIэщIарэ гурыщхъуи хуамыщIу. Ауэ щIэщхъу къэхъуащ: хъунщIакIуэр бжэщхьэIум емыбэкъуэж щIыкIэ, гущэм хэлъ кхъуэло шырыр къэкIиящ: «IиIы, IиIы!» - жиIэри. «А дысэхыжа мыгъуэщ, - гуIащ ныуэжь тхьэмыщкIэр, - сыт гущэр тщIэжын!» – Iэмалыншэт.

КхъуэукI гупым къызэпагъазэри гущэм хэлъ кхъуэр, къэб цIынэу, я джатэ щIэгъэщхъуахэмкIэ хаупщIэтыхьащ. Бын тхьэмыщкIэми кхъуэлор ягъеижащ. Мис, а махуэм лъандэрэ, си щIалэ, а щхьэкIуэр къызэхъулIа  унагъуэм «КхъуэтепыхьэкIэ» еджэ хъуащ», - жиIэрт дадэ, и къуэрылъху цIыкIу ТIалэ къыздедаIуэм. ИужькIэ нанэ къэджащ: « Ирикъунщ, лIыжь, псысэрэ хъыбару жыфIар, шей фефэ!» - жиIэри. Пщыхьэщхьэ Iэнэр хьэзырыххэти, адэшхуэмрэ къуэрылъхумрэ шхэри гъуэлъыжащ…   

ХЬЭКЪУН Исуф.                                            

Поделиться:

Читать также: