Лъагъуныгъэмрэ зэгурыIуэмрэ я къарур

Куэдрэ къохъу зи цIэ къиIуэн хуей, гъэлъэпIапхъэ цIыху къызэрыгуэкIхэр гулъытэншэу къыщынэ. Газетым къытехуэну зыхуэфащэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, IэщIагъэ, щIэныгъэ егъэлея зиIэхэм я закъуэкъым, цIыху хэтыкIэ екIурэ Iущыгъэ дахэкIэ адрейхэм къахэлыдыкIхэми гулъытэ яхуэщIыпхъэщ. Ар и зы щхьэусыгъуэщ нобэ къалэмыр къыдэзыгъэщтам.

Лэскэн районым щыщ Аргудан къуажэм къыщалъхуа Шырыкъу Тамарэ ТекIужь Iэмин и пхъум «Адыгэ псалъэ» газетыр и псэм хэлъым химыхыну фIыуэ илъагъуу зэрыщытам къыхэкIыу, езым теухуа тхыгъэ кIэщI абы къытредгъэдзэжыну мурад тщ1ащ.

- Мамэрэ папэрэ зеиншэт, апхуэдэу зрихьэлIэри унагъуэу тIысахэт. Бынибгъу зэдагъуэтащ абыхэм, ахэр а зэман гугъум зыхуей дыхуагъэзащ, драгъэджащ, къыттеубгъуауэ, адрейхэм дыкъыкIэрамыгъэхуу, гугъу ехьу дапIащ, игу къагъэкIыж Тамарэ и бынхэм. ЩIалиплIрэ хъыджэбзитхурэ дыхъурти, щIалэхэм псоми дзэм къулыкъу щащIащ, щытхъу тхылъхэр ди адэ-анэм къыхуагъэхьу. Хъыджэбзитхур унагъуэ драгъэхьащ, къытхуащIапхъэу зыри къагъэнакъым. Ди адэ-анэм къуэрылъху-пхъурылъхуу 28-рэ къащIохъуэ.  

Иджыпсту адэжь пщIантIэм къыдэнар Шырыкъу Мухьэмэдщ. Ар Аргудан дэт 3-нэ курыт еджапIэм илъэс 25-рэ хъуауэ щолажьэ, и щхьэгъусэри абы щыIэщ. Куэд щIакъым «Урысей Федерацэм гъэсэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къызэрыфIащрэ. Зэанэкъилъхухэм яхэтщ МЧС-м илъэс куэд хъуауэ щылажьэ, цехым и унафэщIу щыта, сабий гъэсакIуэ, инженер. ЖыпIэнурамэ, папэрэ мамэрэ хэт еджэну хуейми пэрыуакъым, дэнэ хуейми ягъакIуэри щIэныгъэ ирагъэгъуэтащ.

 Ди адэ Шырыкъу Хьэутий колхозым хэтащ, ухуакIуэу лэжьащ, нэгъуэщI IэнатIэхэми пэрытащ и бынхэр зыри дыхуимыгъэныкъуэн папщIэ. Шхын-щыгъын я закъуэтэкъым абы адрейхэм дакъызэрыхигъэщыну хуейр, щIэныгъэрэ IэщIагъэкIи пэрыт дищIыну щIэхъуэпсырти, псэемыблэжу лажьэрт. ГушыIэрейт, цIыхум фIыуэ къалъагъурт.

Ди анэр унэгуащэу пщIантIэм дэсащ, унагъуэр зыхуей хуигъазэу, зэщIэкъуауэ школым дигъакIуэу, унэ лэжьыгъэхэр и зэманым тщIыжынымкIэ, унагъуэ Iуэхухэр къыттегуэшауэ дигъэщIэнымкIэ и нэIэ къыттету. Хадэ дахащэ зэрихьэрт мамэ, къуажэри жылэри къехъуапсэу. ЦIыху пэжт, захуэт, и мыIуэху лъэпкъ зэрихуэнутэкъым, и унагъуэ, и бын зыхуей зэрыхуигъэзэн фIэкIа нэгъуэщI къалэн зыхуигъэувыжыртэкъым. Дызэреджэнт, цIыхум дызэрыхигъэгъуэщэнт и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр.   

Я лэжьыгъэм, унагъуэ Iуэхухэм къищынэмыщIа, колхозым хэту хъуам план къытралъхьэрт губгъуэм кIуэуэ пщIэн, нартыху ятхъын хуейуэ, уеблэмэ шэ литр бжыгъэ итын хуейуэ и къалэнт. Я гугъуехьым ахэр гъэзэщIэнри щIыгъут. Дыбынунагъуэшхуэщ жаIэу зэи зыщIрагъэхауэ къытхуэщIэжыркъым абыхэм. ТIэкIу дыкъыдэкIуэтея иужь, дэри дэIэпыкъуэгъу дыхъуащ, шэч хэмылъу.

А зэманым ди адэмрэ ди анэмрэ я закъуэкъым гугъу ехьар. Псори IэнатIэ хьэлъэ зэрыIутар абыхэм я щапхъэкIэ къэдгъэлъагъуэу аркъудейщ. 

Ди анэдэлъхубзэкIэ къыдэкI газетыр ди анэм фIыуэ илъагъурт жыпIэнри, зыри жумыIэххэнри зыщ, апхуэдизкIэ ар абы игъэлъапIэрти.   «Щапхъэ зытепхын защIэщ къытрадзэр, псори дыкъевгъаджэт», - жиIэу къыткIэлърихьэкIырт, абы тет псалъэ Iущхэм дыщIипIыкIырт. Еджэну  Iэмал имыIами, ар щIэныгъэм зэрыхуэпабгъэм и зы щыхьэтт газетыр, тхылъыр хъугъуэфIыгъуэшхуэу къызэрилъытэр.

 Сыт хуэдизу гугъу ехьами, ди анэр нэщхъейуэ зэи щытакъым, цIыху нэжэгужэт. Хэлъэтрэ зэфIэкIыу бгъэдэлъар къридгъэлъагъуэу жытIэнщи, ар дахащэу пшынэ еуэрт. ЦIыхум гулъытэшхуэ хуищIу щытащ. Ди анэр цIыхум егуэпэну фIэфIт. Псалъэм и хьэтыркIэ, нысащIэ гъунэгъуу къэтIысамэ, унагъуэщIэщ, Iэджэ хуэныкъуэ къыщIэкIынщ, жиIэрти, хуэфэщэн иIыгъыу кIуэрт, ехъуэхъурт. Нэхъыжьхэр езэшауэ, тIэкIу зыдгъэпсэхунщ жаIэрэ пщыхьэщхьэм къыдэтIысыкIамэ, жэрыгъэкIэ жэмыкуэ, лэкъум е нэгъуэщI зыгуэр яхуищIырти игъэтхъэжхэрт. И Iэгу и Iэнэщ жыхуаIэм хуэдэт ди мамэ. Мэрем гъэш, мэрем джэдыкIэ  жыхуэтIэхэр зэи унэм къыщIихьакъым, бынунагъуэшхуэхэм, Iэщ зимыIэхэм чэзууэ яритырт. ДэIэпыкъуэгъуншэу, цIыхубз закъуэу ди хьэблэм дэсхэм я деж, ди хадэр хэтщIэн дыуха иужь,   дигъакIуэурэ дадигъэIэпыкъурт. Мис апхуэдэ щапхъэхэр дигъэлъагъуу щытащ икIи ахэр куэдрэ ди гум къокIыж зэанэкъилъхухэм икIи дыхущIокъу ди анэм ещхь дызэрыхъуным.

Ди адэмрэ ди анэмрэ цIыху щабэу, цIыхуфIу, лъэпкъми хьэблэми фIыуэ къалъагъуу, пщIэ къыхуащIу, езыхэми ахэр ялъытэу дунейм тетащ. Зэрызэдэпсэуа илъэм 59-м къриубыдэу, абыхэм я зэхуаку дэлъа лъагъуныгъэмрэ зэгурыIуэмрэщ, я дуней тетыкIэ дахэмрэ зыр зым зэрыдэIэпыкъужымрэщ зи гугъу тщIа псор абыхэм  щIахузэфIэкIар. Я бын гъэсэкIэкIи, я хабзэ зехьэкIэкIи ди адэ-анэр ди щапхъэщи, гулъытэ, гукъэкI диIэу, хабзэ тхэлъу дыпсэуфмэ, абыхэм дызытрагъэува гъуэгу пэжым дытетыфмэ, ди насыпщ.  Дахуэарэзыщ! Абыхэм я напэр зымыгъэукIытэн Тхьэм дищI!  

Шырыкъу Хьэутийрэ Тамарэрэ

я бынхэм къабгъэдэкI тхыгъэр зыгъэхьэзырар

ИСТЭПАН Залинэщ.

         

   

 

Поделиться: