Календарь событий

08 мая 2024

ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ

ТекIуэныгъэм и махуэ къэблэгъам пежьэри, Кэнжэ къуажэм иджыблагъэ дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ щрагъэкIуэкIащ. Абы щызэпеуащ 2011 гъэм къалъхуа ныбжьыщIэхэр - псори зэхэту 113-рэ.

Хэт и дамэр нэхъ кIыхь?

ЩIыуэпсым и теплъэгъуэхэр

         ПцIащхъуэ цIыкIухэр къэлъэтэжауэ долъагъу, я бзэрабзэ макъымкIэ накъыгъэр нэхъри ягъэдахэрэ, дунейр яхуримыкъуу къалъэтыхьу. Япэ махуэхэм щIадзэнурэ абыхэм дэнэкIи къыщращIэкIынущ я абгъуэхэр. ПцIащхъуэхэм къахокI зыри къащымыщIу икIи ямыкъутэу гъэ щIэкIа абгъуэ нэщIхэм къэзыгъэзэжхэри. Дызэрыщыгъуазэщи, кIэдыкъуакъуэхэм нэхъыбэу тIысыпIэ ящIыр унэхэм я IущIыхь зэIухахэмрэ гуэщхэм я бжыкъухэмрэщ, цIыхухэм сыткIи япэгъунэгъумэ нэхъ къащтэу. Дэри арагъэнщ ахэр, зыпэтщI щымыIэу, фIыуэ щIэтлъагъур.

ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Прохладнэ щIыналъэм и Приближнэ къуажэм зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэр щрагъаджэу дэт школ-интернат №2-м и гъэсэн цIыкIухэр къыщыхэжаныкIащ Сочи къалэм и «Сириус» федеральнэ щIыпIэм футболымкIэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIа «FONBET Стальная воля» урысейпсо зэхьэзэхуэм.

Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ

Бахъсэн къалэ администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ IущIащ Быф Жэмал и цIэр зэрихьэу а къалэм дэт спорт еджапIэм муай-таймкIэ и тренер Бекбулатов Рашид.

Зауэм и бынхэм гулъытэ хуащIу

Налшык дэт къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм теухуа пшыхь. Ар къызэрагъэпэщащ «КПРФ» политикэ партымрэ «Зауэм и бынхэр» («Дети войны») урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ я щIыналъэ къудамэхэм. Зи сабиигъуэр зауэ зэманым хиубыда налшыкдэс 23-м иратащ «Зауэм и бынхэр» медалхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ.

«КПРФ»-м и республикэ къудамэм и япэ секретарь Пащты Борис жиIащ зауэм хэтахэм, зи сабиигъуэр абы хиубыдахэм псом хуэмыдэу гулъытэ яхуэтщIын зэрыхуейр.

Шабзауэхэм я зэфIэкIыр

Ростов областым хыхьэ Таганрог къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я шабзауэхэм я чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 11-м я спортсмен лъэщу 100-м щIигъу.

Радиом и махуэм теухуа телечэщанэ джэгу

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

ЩIэныгъэлI усакIуэхэр

  Зэ еплъыгъуэкIэ къыпщыхъунщ литературэр математикэм, социологием, физикэм, экономикэм, биологием, нэгъуэщI щIэныгъэхэми зыкIи емыпхауэ. Ауэ, псалъэм папщIэ, математикэмрэ литературэмрэ зэхуэбгъадэ хъуну зы «хьэл» щIагъуэ къахэбгъуэтэфынущ: щыуагъэ бгъакIуэ зэрымыхъунур. Бжыгъэхэр къэпщытэным е теоремэ къэхутэным щыуагъэ хэпщIыхь хъунукъым. Математикэр бжыгъэхэм зэрахэплъэм хуэдэу, усыгъэри псалъэхэм яхощыпыхь – къахех нэхъ пэжыр, нэхъ хуэкIуэр.

ЩIэныгъэмрэ литературэмрэ щызэпытщIакIэ, урыс щIэныгъэлI-усакIуэхэм датепсэлъыхьыну къозэгъ.

Зи пIалъэр икIахэр къуащэнукъым

2024 гъэм накъыгъэм и 1-м къыщыщIэдзауэ къару игъуэтащ хабзэщIэм - зи пIалъэр икIа, жьы хъуа гъэшхэкIхэр, псыхэкIхэр тыкуэнышхуэхэм  я кассэхэм дяпэкIэ щыпхагъэкIынукъым. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, цIыхухэм яIэрыхьэнукъым фIагъ лъагэ зимыIэ гъэшхэкIхэмрэ псыхэкIхэмрэ.

ЛIыгъэ зыхэлът

ДзыхьмыщI Батыр Хьэжбий и къуэр Старэ Урыху къуажэм 1912 гъэм накъыгъэм и 2-м къыщалъхуащ.

КIэрыхубжьэрыхур уафэм нэсащ

ЦIыхум и лъэр нихьэсащ хы лъабжьэми, къуршу щыIэм я нэхъ лъагэми, хьэршми. Ари хъунт и Iэужь къыщимынэу, щIыуэпсым хэмыIэбэу, пщIэ хуищIу щытатэмэ. Иужьрей къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, дунейм нэхъ лъагэу дыдэу тет Iуащхьэм кIэрыхубжьэрыху тонн бжыгъэхэр телъщ, цIыхум ар къихьэхун зэрыщIидзэрэ зэтригъэхьауэ.

Къуаншэм нэхърэ - хэкIыпIэ

ЦIыху цIыкIум я гукъеуэр къыщаIуатэ хъыбарыбэ напэкIуэцIхэм гъэщIэгъуэн куэдым ущрохьэлIэ. Иджыблагъэ щыхьэт дыхуэхъуащ сабийхэр анэдэлъхубзэкIэ тхылъ зэремыджэфымкIэ анэ хэлъэтыншэхэр зыгъэкъуаншэ щIалэгъуалэмрэ абыхэм папщIэ къыдагъэкI тхылъхэр цIыкIухэр дэзыхьэхыну теплъэм изымыгъэувэф тхылъ тедзапIэхэм яхуэмыарэзыщэ анэхэмрэ зэраухылIа псалъэмакъым.

Уэршэрыр езышэжьар «Тхылъхэм я дуней» тыкуэныр зыгъэлажьэ, фIыщIи щытхъуи зыхуэфащэ, республикэм ис щIалэгъуалэр тхылъым дегъэхьэхынымкIэ лэжьыгъэ къызэрымыкIуэ езыгъэкIуэкI КIуэкIуэ Муратщ.

ЗауэлIым деж хьэщIапIэ

Хэку зауэшхуэр зэрыувыIэрэ илъэс 79-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щекIуэкIынущ. ПэкIухэмрэ зэIущIэхэмрэ къищынэмыщIауэ, блэкIа зауэжьым хэтауэ нобэ псэу нэхъыжь мащIэхэм я деж къулыкъущIэхэр хъуэхъуакIуэ кIуэнущ, яхуэфащэ пщэ хуащIынущ. Апхуэдэу хьэщIэхэр хуеблэгъащ Хэку зауэшхуэм хэта Караганов Николай.

Лъахэхутэ зэпеуэ

КъБР-м и Сабий, щIалэгъуалэ творчествэ унэм иджыблагъэ щекIуэкIащ урысейпсо зэIущIэ. ЛъахэхутэмкIэ зэпеуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къалмыкъ Республикэм, Белгород областым, нэгъуэщI щIыналъэхэм я къэхутакIуэ ныбжьыщIэхэр.

ЗэIущIэр къызэрагъэпэщат ЩIэныгъэхэмкIэ «Интеллект будущего» Урысейпсо академием, абы КъБР-м щиIэ къудамэм, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, КъБР-м и Сабий, щIалэгъуалэ творчествэ унэм,  Урыс географие зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ къудамэм.

НОБЭ

Накъыгъэм и 8, бэрэжьей

♦Жор Плъыжьымрэ Мазэ Ныкъуэ ЩхъуантIэмрэ я дунейпсо махуэщ

♦1936 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Нэгъуей Беслъэн.

♦1947 гъэм къалъхуащ Мексикэм и къалащхьэ Мехикэ 1968 гъэм щекIуэкIа XIX гъэмахуэ Олимп джэгухэм лъакъуэрыгъажэмкIэ чемпион щыхъуа Шыхъуэ Борис.