Календарь событий

01 мая 2024

ЩIалэгъуалэм я хабзэубзыху жэрдэмхэр

ЕджакIуэхэмрэ щIэныгъэ, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм Iут щIалэгъуалэмрэ пап­щIэ къызэрагъэпэщ «Си хабзэубзыху жэрдэм» зэхьэзэхуэм кърикIуахэр дыгъуасэ КъБР-м и Парламентым къы­щызэщIакъуэжащ.

«ТекIуэныгъэм и диктантым» зрагъэубгъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр. Ар теухуауэ щытащ Ле­нинград къалэр щхьэхуит къызэращIыжрэ илъэс 80 зэрырикъум, ­СССР-м и гъунапкъэхэм совет зауэлI­хэр зэрикIам, фронтым щыIа тхакIуэхэм ящыщу зи юби­лейхэм, нэгъуэщIхэми. Iуэхур мы гъэм еханэу къызэрагъэпэщ.

CурэтыщI ныбжьыщIэхэр утыку къохьэ

Ткаченкэ Андрей и цIэр зе­зыхьэ СурэтыщI гъуазджэ­хэмкIэ музейм щагъэлъагъуэ ­Минводы къалэм и «Бетельгейзе» дзэ-хэкупсэ сабий художес­твеннэ арт-студием и гъэсэнхэм я лэжьыгъэхэр. Выставкэмрэ концертымрэ къы­зэрагъэпэщащ дзэ Iуэху хэхам щыIэ зауэлIхэм я щIыхькIэ.

ЗэчиифIэм и щапхъэ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ. Абы мы гъэм къыдигъэкIа «Волшебство массажа» тхылъым теухуауэ къэзгъэпсэлъэну арат сыщIыхуэзар. Ауэ а бзылъхугъэм апхуэдизым хищIыкIыу, IэщIагъэрэ щIэныгъэкIэ уехъуэпсэну зэрыщытыр къыщызгурыIуэм, ди уэршэрыр кIыхь хъуащ, пэжыр жысIэнщи, гупсэхугъуэ хэслъагъуэу гъэщIэгъуэну екIуэкIащ. 

Дызэкъуэтмэ, дызэрыIыгъмэ...

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэр Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ
я махуэшхуэм и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур