Адыгэ аслъэным и лIыгъэрУрыс-Кавказ зауэжьым и кIыхьагъкIэ щIыхьрэ лIыгъэкIэ зи цIэр лъагэу зыIэта лIыхъужь куэд къыхощыж адыгэм и тхыдэм. Абыхэм ящыщщ ЩэрэлIыкъуэ-Дыгъужьыкъуэ Къазбэч. 1777-1840 гъэхэм псэуа а дзэзешэм теухуа хъыбар куэд къэсыжащ нобэм. Краснодар крайм щыIэ АтIэкIумэ псым Iус БанэщI къуажэ цIыкIум къыщалъхуат ар, ЩэрэлIыкъуэ шапсыгъ лъэпкъ цIэрыIуэм щыщт. Урыс-Кавказ зауэм хэта британ тIасхъэщIэх Белл Джеймс зэритхыжамкIэ, Къазбэчщ «Адыгэ аслъэнкIэ» зэджэу щытар. ЩэрэлIыкъуэм и дзэзешэ къулыкъур щрихьэкIар 1810-1839 гъэхэращ. ЗэрыжаIэжымкIэ, 1834 гъэм тIэунейрэ зэхикъутащ урысыдзэр. Япэу шапсыгъ шуудзэм (цIыху 700 хъууэ арат) и гъуазэу мин 14 хъу урысыдзэм хэлъадэри, зэбгрихуат. А зэхэуэм урыс зауэлIи 150-р хэкIуэдат, Iус шыгуи 7-ри ирахужьэри ежьэжат. ЕтIуанэу щызэIущIам адыгэ аслъэныр шу 900-м и унафэщIт, урысыдзэр япэрейм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэт. Абы щыгъуэ Къазбэч урысхэм къатрихыжат къуажи 9-м къыдахуауэ яху гъэрхэри а къуажэхэм къыдаха хугъуэфIыгъуэхэри. Зы тхыгъэкIэ къыпхуэгъэнэIуэнукъым Къазбэч игъэхъа псори, ауэ къыхэгъэщыпхъэщ бийм пщIэ къыхуищIу, и цIэ къудейм игъэшынэу зэрыщытар. Абы теухуауэ яIуэтэж зы хъыбар дахэ… Къазбэч и щуIэгъэр урысхэм гъэру яхьат. Ар абы етIуанэ махуэм кIэлъыкIуащ и къамэм фIэкIа нэгъуэщI зы Iэщэ кIэрымылъу. - Си щхьэгъусэм сыкъыкIэлъыкIуащ, арыншэуи згъэзэжынукъым, - жиIэри, генералым и пащхьэ иуващ ар. - Уэзмытыжмэ-щэ?! Уэри удубыдмэ! – къитащ жэуап урысым. - ИтIанэ мы быдапIэм зы цIыху псэууэ фыкъыдэнэнукъым, къамэ закъуэ фIэкI сымыIыгъами, - жеIэ. Генералыр гупсысэщ-гупсысэри: - Ефтыж и фызыр, - ищIащ унафэ. Къазбэч и пащхьэ къраша и щхьэгъусэм и Iэр иубыдри, жиIащ: - Мыр сщIыгъуу лъэсу сыдэкIыжынущ, си шыр укIытапщIэу генералым къыхузогъанэ, хабзэр скъутащи – пщIэ зыхуащI цIыхум и пащхьэ сиуващ си фыз сыбгъурыту. Ар адыгэ хабзэм идэркъым! Къысхуэгъэгъу, икIи си шыр Iумпэм умыщIыну сынолъэIу, - жиIащ ЩэрэлIыкъуэм. Генералым ар щызэхихым унафэ ищIащ полкым нэхъ шыфI дыдэу хэтыр кърашалIэу, адыгэлIым тыгъэ хуащIыну. Къазбэч и щхьэгъусэр щIыгъуу быдапIэм къыдэкIыжа нэужь генералым жиIат жи: - Мис апхуэдэ лъэпкъ уардэщ дэ зэтедукIэр! Вельямин быдапIэм щытеуам игъуэта уIэгъэхэм 1840 гъэм мазаем и 29-м илIыкIауэ щытащ ЩэрэлIокъуэр. Беслъэней Гуащэмахуэ. Сурэтым щыволъагъу Афыпсыпэ къуажэм ЩэрэлIыкъуэ-Дыгъужьыкъуэ Къазбэч и фэеплъ щагъэувар.
Поделиться:
Читать также:
29.05.2026 - 15:12 →
Зы илъэс къызэднэкIащ
24.05.2026 - 12:43 →
ТхакIуэ, егъэджакIуэ, журналист
22.05.2026 - 11:34 →
Американ щIэныгъэлIым и еплъыкIэр
21.05.2026 - 12:26 →
Тхыдэм лъэужь къегъанэ
19.05.2026 - 12:26 →
Шэрджэс Хэкум
| ||




