Зыужьыныгъэр я плъапIэу2021 гъэм ирагъэкIуэкIа къыхэтхыкIыныгъэм ипкъ иткIэ, Урысей Федерацэм ис адыгэхэм я бжыгъэр мин 800-м ноблагъэ. Нэхъыбэр щопсэу Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгей, Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм. Адыгэхэм я нэхъыбэр здэщыIэр хамэ къэралхэрщ. Ар Кавказ зауэм кърикIуа истамбылакIуэм и лъэужьщ. НобэкIэ адыгэ нэхъыбэ дыдэ зэрыс къэралу щыIэр Тыркурщ. Абы ис лъэпкъхэм я ещанэщ адыгэхэр, тыркухэмрэ курдхэмрэ къакIэлъыкIуэу. Адыгэхэр апхуэдэу щыхэхэсщ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум хыхьэ къэралхэми - Иорданием, Сирием, Саудей Хьэрыпым, Иракым, Ливаным. Африкэ Ищхъэрэмрэ Европэмри ущрохьэлIэ. Нэхъыбэр щыпсэур Германиерщ. БзэщIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, иджырей къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ адыгеибзэмрэ зыуэ щыт адыгэбзэм и диалектщ. Абы и щыхьэтщ езы къэбэрдейхэри, шэрджэсхэри, адыгейхэри я бзэм «адыгэбзэкIэ» зэреджэр, зы бзэуи къызэралъытэр. XIX лIэщIыгъуэм ику хъуху адыгэхэм тхыбзэ яIакъым, абы щыхьэт тохъуэ абы лъандэрэ зы дэфтэр кIапи къызэрамыгъуэтар, ауэ щыхъукIи хьэрып алыфбейр и лъабжьэу зэхалъхьэну иужь итащ. 1855 гъэм гъатхэпэм и 14-м бзэщIэныгъэлI, тхакIуэ, усакIуэ Бырсей Умар япэ адыгэ алыфбейр хьэрып графикэм тету зэхилъхьэри къыдигъэкIауэ щытащ. А махуэр иджырей адыгэ тхыбзэм и махуэу ягъэлъапIэ. Мэш щIэным, Iэщ гъэхъуным мыхьэнэшхуэ ирату ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэр къогъуэгурыкIуэ. Мылъку нэхъыщхьэу яIари абыхэм къыпах хъерырщ. Апхуэдэу пхъэщхьэмыщхьэ зехьэнми, хадэхэкIхэр щIэнми, бжьэ гъэхъунми гулъытэшхуэ хуащIырт. ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, а IэнатIэхэр пыухыкIауэ ди деж зэрыщызэтеувэрэ илъэс миниплIрэ щитхум щIегъу. Абы и щыхьэтщ адыгэхэм я лIакъуэхэр щыпсэуа, ноби щыпсэу щIыналъэхэм щрагъэкIуэкIа археологие къэхутэныгъэхэр. Псалъэм папщIэ, Псыжь Iуфэ, Налшык, Долинск и Iэшэлъашэхэм, нэгъуэщI щIыпIэ куэдым къыщагъуэтащ ди лъэпкъым зэрихьэу щыта гъавэхэкIхэр, хьэр, хур зэрахъумэ кхъуэщынхэм я къутахуэхэр, Iэ щхьэлхэр, зэрызэтрауд Iэмэпсымэхэр. Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу адыгэхэм адэкIэ зэрызаужьар, археологхэм я бзэкIэ жыпIэмэ, гъуаплъэмрэ домбеякъымрэ я зэманым, къыкIэлъыкIуэр — Скиф-щэрмэт лъэхъэнэкIэ дызэджэм тохуэ. Къэбэрдеймрэ Адыгеймрэ къыщагъуэта гъавалъэхэм кърахыжа хугу хьэдзэхэр адыгэхэр мэш щIэным хуэIэзэу зэрыщытам щыхьэт тохъуэ. Дыщыпсэу лъэхъэнэм и пэщIэдзэхэр зыхуэдар нарт эпосми къыхощ. Абы дыщрохьэлIэ адыгэхэм IэрыгъэкI ящIа гуэдзым, хьэпцIийм, хум, къищынэмыщIауэ, а къэкIыгъэхэр зэрыIуахыжу, зэракIыщтэу щытари хыдолъагъуэ. Хьэрып щIэныгъэлI Ин Эль-Омари епщыкIуплIанэ лIэщIыгъуэм итхыгъащ ди лъэпкъыр щIыгу лэжьыгъэм зэрыхуэIэзэр, адыгэхэм я деж щыпсэуа венециан зекIуэлI Барбарэ и нэгу щIэкIар, илъэгъуар фIэтелъыджэу мыпхуэдэ псалъэхэр тхыдэм къыхинащ: «Адыгэхэм къамыгъэкI щыIэкъым, я щIыналъэр бейщ, гъавэр, Iэщыр яхуобагъуэ, фор я куэдщ». Апхуэдэ тхыгъэхэр мымащIэу щыIэщ. ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэри хыхьэу, а лъэхъэнэ блэкIахэм европей авторхэм адыгэ хэкур куууэ яджащ. Абыхэм къыхагъэщырт ди лъэпкъыр дунейм нэхъ къыщацIыхухэм, хыхьэхэкI зиIэхэм, я псэукIэкIи, я IуэхущIафэкIи, я зыужьыкIэкIи япэ ищахэм зэращыщыр, ди лъахэр жэнэт щIыналъэу къызэралъытэр. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, пасэрей дзэпщ цIэрыIуэ, ди эрэм и пэкIэ еплIанэ лIэщIыгъуэм псэуа Македонскэ Александр и адэ пащтыхь Филипп ЕтIуанэм Псыжьрэ Тэнрэ шы мин тIощI къыщищэхугъащ. Пасэ дыдэу хэIущIыIу хъури, адыгэшым и пщIэмрэ и уасэмрэ зэи ехуэхыжакъым, и лIэужьыр жыжьэ нэсащ. Мы зэманым дунейм щыцIэрыIуэ шы лъэпкъ куэдым абы илъ хэтщ. IэщIагъэ и лъэныкъуэкIэ цIыхухъухэми цIыхубзхэми IэпэIэсагъэр яхэлъщ. Iэщэм, фащэм, дыщэм елэжь IэпщIэлъапщIэхэр яхэтщ, бзылъхугъэхэри цым хуэIэзэщ, шылэ, дыщэ IуданэкIэ хадыкI. Адыгэхэм я шхыныгъуэ нэхъыщхьэр мэлыл гъэварщ, гъэжьарщ, былымыл, гуэгушыл, джэдыл яфIэфIщ, лэпс и гъусэу. Мэлылыр ягъэгъуныр зыпащI щыIэкъым. ЛыхэкIым дашхыр пIастэщ, хугум къыхэщIыкIауэ. Махуэшхуэхэм нэхъыбэу ирафыр махъсымэщ. Адыгэхэм сытым дежи гулъытэшхуэ хуащI хьэщIэм. ХьэщIэр тхьэм и лIыкIуэу къызэралъытэм къыхэкIыу пщIэшхуэ кIэлъызэрахьэ. Нэхъапэм хьэщIэм папщIэ лъапсэм унэ щхьэхуэ дащIыхьу щытащ, ар зыхуеину псомкIи къызэгъэпэщауэ. ХьэщIэм хабзэ дахэ куэд кIэлъызэрахьэрт, хуей хъумэ, я псэри ятыну хьэзырт абы папщIэ. 1793 гъэм Къэбэрдейм щыIа академик Паллас адыгэ хабзэр гъунэ зимыIэ гуапагъэу къилъытауэ щытащ. 16 - 18-нэ лIэщIыгъуэхэм адыгэ хабзэр Кавказым щызекIуэ адрей псоми елъытауэ нэхъ купщIафIэу ябжырт. Абы къыхэкIкIэ, кавказ лъэпкъхэм ящыщ пщыхэмрэ кърым хъанхэмрэ я бынхэр Къэбэрдейм къагъакIуэрт цIыху хэтыкIэрэ дуней тетыкIэ дахэрэ яIэн папщIэ. Адыгэ хабзэхэр, адыгагъэр, ди фащэр, ди Iэщэхэр, нарт эпосыр, ди мэкъумэш щIэкIэр, адыгэшхэр, Iэщ зехьэкIэр, нэгъуэщI куэдри лъэпкъ гъунэгъухэм къащтащ. ФIыуэ яIэмкIэ адрейхэм ядэгуашэу илъэс мин бжыгъэкIэ адыгэхэр къэгъуэгурыкIуащ. ГъащIэм зэхъуэкIыныгъэ инхэр хэзылъхьэ къэхъукъащIэхэр дэтхэнэ лъэпкъми и тхыдэм мымащIэу хэтщ.
Поделиться:
Читать также:
27.11.2026 - 12:41 →
Адыгэ дэшхуейхэм я щIэин
20.11.2026 - 14:26 →
ПсэукIэм зрагъэужьырт
19.11.2026 - 16:38 →
КъуажитI - зы тхыдэ
09.11.2026 - 17:44 →
ЩыIащ апхуэдэ хабзи
09.11.2026 - 14:25 →
Урысеймрэ Астрахань хъаныгъуэмрэ
| ||




