Адыгэ дэшхуейхэм я щIэинКуэдым ящIэу къыщIэкIынкъым адыгэхэм я дэшхуейр илъэсищэм щIигъу ипэкIэ цIэ хэха иIэу - «Circassian Walnut» («Шэрджэс дэшхуэ») - дунейпсо сатум зэрыщызекIуар. Мыр къэгупсыса хъыбаркъым, атIэ щыхьэт зиIэ Iуэхугъуэщ. Ар къыхощ пхъэ лъапIэхэр зэрагъэхьэзырым, зэрызэрахьэм, зэращэм теухуауэ Америкэм XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм къыщыдагъэкIа лэжьыгъэхэм. Къэбгъэлъагъуэмэ, цIэрыIуэ хъуа IуэхущIапIэ куэдым иджыри къыздэсым адыгэ дэм и цIэр къыхагъэщ. Совет къэхутакIуэхэми Урысейм и ипщэ лъэныкъуэм къыщагъуэтыжащ адыгэ жыг хадэжьхэу мэзу зэщIэкIэжахэр. 1936 гъэм къыдагъэкIа «Культурная флора СССР. Орехоплодные» щIэныгъэ тхылъышхуэм и XVII томым (урыс академик Вавилов Н.И. и унафэм щIэту дунейм къытехьат) и «Дэ» Iыхьэм къэхутакIуэ Смольяниновэ Л. А. щытепсэлъыхьат дэшхуейр Кавказым зэрыщызэбгрыкIамрэ адыгэ мэз-жыг хадэу къэнахэмрэ. Абдеж къыщыхьащ адыгэ дэ лIэужьыгъуэр. Нэхъ пасэуи хамэ къэрал къэхутэныгъэхэм мызэ-мытIэу къыщыхэщат адыгэхэм я дэшхуейм и фIэщыгъэр. Вавиловым къигъэлъэгъуат Сочэ и Iэгъуэблагъэм шэрджэс хадэжьхэм узэрыщрихьэлIэр: «Дэшхуей жыгхэм я нэхъыбэр къызытехъукIар адыгэхэм иджыри хасауэ щыта жыгыжьхэм я жылэхэрщ», - итхыжащ абы. Ар щыхьэт гъэщIэгъуэнщ. КъэхутакIуэм къигъэлъэгъуар Кавказым и щIыуэпсым дэшхуей (адыгэ) жыг зэрыщыIа къудейркъым, атIэ а жыгхэмрэ япэрей адыгэ жылагъуэхэмрэ тхыдэкIэ зэрызэпыщIарщ. ЗэрыхъумкIэ, япэм хасахэр хуэм-хуэмурэ щIыпIэм есэжащ, абыхэм я лъабжьэм къыщIэжахэри мэз хъужащ. А жыгхэращ нэхъапэм дуней псом къацIыхуу щыта адыгэ дэшхуэ жыхуаIэм лъабжьэ хуэхъуар. Смольяниновэм адыгэ дей жыг хадэхэр здэщыIа щIыпIэхэм теухуауэ къихьхэм псом хуэмыдэу къахощ Дыгъэмыс мэзхъумапIэм и Головинскэ дачэр. Мы къэхутакIуэми къегъэлъагъуэ адыгэхэм хаса жыгхэм ящыщу къэнахэм иужькIэ мэзхэр къазэрытехъукIар. Абы тхылъым къыщехь мыпхуэдэ бжыгъэхэр: жыг хэсапIэхэр хы щIыIум метр 250-450-кIэ нэхъ лъагэу щыIэщ; лъэдийхэр сантиметри 8-м къыщыщIэдзауэ 170-м нос; жыгхэм я нэхъыбапIэм я гъумагъыр сантиметр 32-78-рэ хъурт; жыгхэм я нэхъыбэм я ныбжьыр щатхам щыгъуэ илъэс 60-65-м нэсырт. Дэшхуейр нэхъыбэу къыщыкIыу щыта щIыпIэхэм къыхагъэбелджылыкI Къуэбыдэрэ Аибгъэрэ. Апхуэдэуи дэр куэду щызэхуахьэсу щытащ шапсыгъ щIыналъэм. Гъэр бэв щыхъуам деж къащыпам щыщ Iыхьэр хамэ къэралхэм ирагъашэрт. 1936 гъэм къыдэкIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэм къыщахьа бжыгъэхэм ятепщIыхьмэ, Сочэ, ТIуапсы, Геленджик щIыналъэхэм дэшхуей жыг 34 479-рэ щыIэт, абы щыщу 18 200-м нэблагъэр - Сочэ и закъуэ. США-м мэзым елэжь и IуэхущIапIэм адыгэ дэшхуейм теухуауэ 1913 гъэм къыщыхагъэщат мыпхуэдэу: «Шэрджэс дэшхуейм Америкэмрэ Европэмрэ къыдет пхъэ лIэужьыгъуэ нэхъ цIэрыIуэ икIи лъапIэм щыщхэр». ЩIэныгъэлIхэм къагъэлъэгъуэжащ дей пхъэ лIэужьыгъуэм дунейпсо сатум щIэупщIэ зэрыщиIари. Абыхэм зэратхыжамкIэ, шэрджэс дэм и щIэупщIэр зэпымыууэ нэхъ инт кърашалIэм нэхърэ. Пхъэм и нэхъыбэр къыздикIыр хы ФIыцIэ Iуфэмрэ адрей щIыпIэхэмрэт. Сату щIыпIэу щыIахэм ящыщу къагъэлъагъуэ: Урысей Одессэр (къэралым и ипщэ лъэныкъуэм къикI пхъэхэр здрашалIэ щыIэт), Лондонрэ Ливерпулрэ (Европэм и сату щIыпIэшхуэхэмрэ хьэпшып зэблэкIыпIэхэмрэ), Индиер. Псом хуэмыдэу гъэщIэгъуэныр америкэ щIэныгъэлIхэм къахута Iуэхугъуэрщ: Кавказым щыщ пхъэр и фIагъкIэ инджылызым ейм ефIэкIырт. Франджым 1720 гъэм, уеблэмэ хабзэ къыщащтат а пхъэр ирашыну хуимыту. XVIII лIэщIыгъуэм шэрджэс пхъэр куэду къагъэсэбэпырт IэщэкIхэр щащIкIэ. Сыт адыгэ дэшхуейм апхуэдэ уасэ щIиIар?! IэщIагъэлIхэм жыгыжьхэм я пхъэр нэхъ яфIэкъабылт. Ар ягъэлъапIэрт нэхъ фIыцIафэу зэрыщытым, наIуэу налъэхэр къызэрыхэщым, и быдагъэмрэ лантIагъэмрэ, зэрелэжьыгъуафIэм, джафэ ящIа нэужь, теплъэ дахэ зэригъуэтым папщIэ. НэхъыфIхэм я уасэр пхъэ плъыжьым нэхърэ нэхъ лъапIэнкIи хъунут. Пхъэр къагъэсэбэпырт унэлъащIэхэр щIыным, пэш кIуэцIхэр гъэщIэрэщIэным, макъамэ Iэмэпсымэхэр, фоч дакъэхэр, сурэтхэр, хьэпшып лъапIэхэр щIыным теухуауэ. 1913 гъэм ирихьэлIэу пхъэ лъапIэхэм я гъэтIылъыгъэхэр мащIэ зэрыхъур жаIауэ щытащ. Мыпхуэдэ хъыбархэм къыбгурагъаIуэ тхыдэр зэрыгъэщIэгъуэныр икIи зэрыщIэншэр. Адыгэхэм къагъэщIат дуней псор «шэрджэс дэ»-кIэ зэджэ, дэ - «грецкий орех» жыхуэтIэ жыгыр. Пасэрей адыгэ жылагъуэ куэдыр хэкIуэдэжа нэужьи, ягъэтIысауэ щыта жыгхэр къэкIырт, щIэрыщIэу зэфIэувэжырт. Къызэрыхэдгъэщауэ, СССР-м и щIэныгъэлIхэм 1936 гъэм ятхыгъащ дэ жыг хадэжьхэм я лъабжьэр адыгэ къуажэхэм зэрапыщIар, къищынэмыщIауэ, Америкэм щыщ IэщIагъэлIхэм 1913 гъэм къэрал къэхутэныгъэ щхьэхуэ траухуат дунейпсо сатум «Шэрджэс дэ»-кIэ къыщацIыху пхъэм. Мыбдеж нэхъыщхьэр къыдгурыIуэн хуейщ: дэшхуейр адыгэхэм я жыг къудейкъым, атIэ КъухьэпIэ Кавказымрэ СССР-мрэ я щIыуэпсым зи лъэужь къыхэзына ди лъапIэныгъэщ, лъэпкъым и щIэинщ.
Поделиться:
Читать также:
24.11.2026 - 14:30 →
Зыужьыныгъэр я плъапIэу
20.11.2026 - 14:26 →
ПсэукIэм зрагъэужьырт
19.11.2026 - 16:38 →
КъуажитI - зы тхыдэ
09.11.2026 - 17:44 →
ЩыIащ апхуэдэ хабзи
09.11.2026 - 14:25 →
Урысеймрэ Астрахань хъаныгъуэмрэ
| ||




