|
|
Политикэ
14 ноября, 2026 - 06:30
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэныгъэ IэмалкIэ хэтащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Мантуров Денис иригъэкIуэкIа зэIущIэм. Ар теухуат экономикэм и къудамэ щхьэхуэхэм я лэжьыгъэм и къызэгъэпэщыкIэмрэ абыхэм зэпыу яIэ зэрымыхъунумрэ.
13 ноября, 2026 - 08:56
Гъэсыныпхъэ-энергетикэ комплексыр лэжьэным егъэщIылIауэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэм хэплъэнымкIэ ведомствэ зэхуаку лэжьакIуэ гупым хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм мэлыжьыхьым и 21-м къыдигъэкIа унафэ №41-РГ-мкIэ къащтам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
12 ноября, 2026 - 09:19
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм и зэхэлъыкIэу мы Унафэм щIыгъур къэщтэн.
2. Къару имыIэжу къэлъытэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2026 гъэм мазаем и 6-м къыдигъэкIа унафэ №23-РГ-м.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек.
Налшык къалэ
2026 гъэм щэкIуэгъуэм и 5-м
№187-РГ
12 ноября, 2026 - 09:16
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и зэхэлъыкIэу мы Унафэм щIыгъур къэщтэн.
2. Къару имыIэжу къэлъытэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2025 гъэм мазаем и 12-м къыдигъэкIа унафэ №14-РГ-м.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2026 гъэм щэкIуэгъуэм и 5-м
№185-РГ
11 ноября, 2026 - 09:26
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ районхэм, къалэ округхэм дзэм езыджэ я комиссэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2025 гъэм дыгъэгъазэм и 23-м къыдигъэкIа Указ №I39-УГ-мкIэ къищтахэм, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
7 ноября, 2026 - 06:03
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Мантуров Денис, вице-премерхэу Новак Александррэ Патрушев Дмитрийрэ экономикэм и IэнатIэ щхьэхуэхэр зэпыу имыIэу лэжьэныр къызэгъэпэщыным теухуауэ видеозэпыщIэныгъэкIэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэм.
6 ноября, 2026 - 10:47
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ псапащIэ Iуэхухэм хэтхэм (волонтерхэм) ятеухуауэ щыIэ советым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2025 гъэм гъатхэпэм и 24-м къыдигъэкIа Указ №30-УГ-мкIэ къищтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн и лъэныкъуэкIэ
3 ноября, 2026 - 11:58
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Муниципальнэ, къалэ округхэм, муниципальнэ щIыналъэхэм щIыпIэ самоуправленэмкIэ я органхэм я лэжьыгъэм и фIагъыр къэлъытэным и IуэхукIэ» Урысей Федерацэм и Президентым 2008 гъэм мэлыжьыхьым и 28-м къыдигъэкIа Указ №607-м къыщыгъэлъэгъуахэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыгъэзэщIэн папщIэ зэфIэгъэкIыпхъэхэм ятеухуауэ» 2013 гъэм мэкъуауэгъуэм и 11-м къыдигъэкIа Указ №85-УГ-м и преамбулэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ
2 ноября, 2026 - 12:13
Къэралым бзэм теухуауэ иригъэкIуэкI политикэм зэхъуэкIыныгъэ къызэрыхэхуам теухуауэ экспертхэм хъыбар къыдагъащIэ. Ар епхащ УФ-м и Президент Путин Владимир «Къэралым иригъэкIуэкI бзэ политикэм епхауэ, 2025 гъэм, бадзэуэгъуэм и 11-м къащта унафэ №474-м зэхъуэкIыныгъэ зэрыхалъхьэм теухуа» дэфтэрым Iэ зэрыщIидзам.
2 ноября, 2026 - 08:30
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и экономикэ, социальнэ зэпIэзэрытагъым хуэунэтIауэ зэфIэхыпхъэхэр зэкIэлъызыгъэкIуэну зэзыгъэуIу штабым хэтхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм гъатхэпэм и 5-м къыдигъэкIа унафэ №21-РГ-мкIэ къащтам, мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) зэзыгъэуIу штабым хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:
Абрэдж I. Хь. - Бахъсэн муниципальнэ щIыналъэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
Ащхъуэт А. М. - Налшык къалэ округым и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
Страницы
|