Къыхэзэгъэну пIэрэ?

Иджыблагъэ Москва и Iэгъуэблагъэм щызэхащIыхьа террорист щIэпхъаджагъэ хьэлъэм ди жылагъуэр игъэгулэзащ. ЦIыхухэр йогупсыс: жэгъуэгъухэр ди куэдщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, абыхэм ди бийуэ зэхалъхьэ мурадхэр щхьэ къызэпамыудыфрэ? Щхьэ ямыхъумэрэ цIыху зэхуэсыпIэхэр? Сыт хуэдиз ди гъащIэм и уасэр? Бзаджэнаджэхэр къызэраубыдар, дауи, хъарзынэщ, ауэ хэкIуэдахэр къыпхуэгъэхъужыну? УпщIэхэр гъунапкъэншэщ.

 Иджы щIадзауэ топсэлъыхь нэгъуэщI къэралхэм ящыщ цIыхухэр ди деж, уеблэмэ пIалъэкIи щыIэну къамыгъэкIуэным. АрщхьэкIэ Урысейр лэжьакIуэхэм хуабжьу хуэныкъуэщ, псом хуэмыдэу къарукIэ лажьэхэм. Абы теухуа тхыгъэхэр газетхэм куэдрэ къытохуэ. Властхэм хэкIыпIэхэр къалъыхъуэ.

Къапщтэмэ, мы гъэм и пэщIэдзэм Урысеймрэ Кениемрэ Москва зэгурыIуэныгъэ щызэращIылIащ а къэралым щыщ цIыху мини 10-м УФ-м щылэжьэну Iэмал иратыным теухуауэ. Къэрал палатэм щыщ къулыкъущIэ Мохамед Хъусейн щыхьэт техъуащ: «Дэ урысхэм дагурыIуащ - ди цIыхухэр Урысейм щылэжьэнущ».

Иджы абы кърикIуэнкIэ хъунухэм лъэныкъуитIми щытопсэлъыхь. Кением и цIыху къызэрыгуэкIхэм ди къэралыр егъэлеяуэ къулейуэ псэу икIи псори щыгъуэзэджэ щIыналъэ телъыджэу къалъытэ. Абыхэм къащохъу Урысейр унэ уардэхэм щIэс цIыхубз дахащэхэм щIакхъуэ хужьыр зэфэ аркъэм щытрашхыхьыж щIыналъэу. Абыхэм къалъытэ ди деж лэжьэн зэрыщыщIадзэу ахъшэшхуэ дыдэ яIэрыхьэну.

Ар зэрыапхуэмыдэр дэ дощIэ. Ауэ абы къыдэкIуэуи Кением щыпсэухэм яхуэхьыну Урысейм и щIыналъэ щIыIэр? НэгъуэщI упщIи къыкъуокI: хабзэншагъэкIэ УФ-м къанэу щыпсэуну яужь имыхьэну пIэрэ?

ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а упщIэхэм жэуап щагъуэтынур иужькIэщ. Езы Кениер республикэ къулейсызщ. Мыбы цIыху куэд дыдэ унэ кхъахэхэм щопсэу. Пэжщ, Чадым е Гвинеем хуэдэу мыбы цIыхухэр уэру щиIэпхъукIыркъым, щIакхъуэ Iыхьэ къалэжьын папщIэ. Кением лэжьапIэншэхэм я бжыгъэр зэрыщыхъур проценти 5 къудейщ. Абы къегъэлъагъуэ лэжьыгъэм зэрыхуэмыщхьэхыр.

Дауи, Урысейм къэIэпхъуэну хуейхэм щIэи гъуни яIэкъым. Куэдыр цIыху мини 10-м яхэхуэнукъым, абы къыхэкIыу хущIэкъунущ иужькIэ зыгуэрурэ къэкIуэным.

Абы къыдэкIуэуи къеблэгъэну хущIэкъухэм быдэу я фIэщ мэхъу УФ-м улахуэ нэхъ мащIэ дыдэр доллар зы миным нэсу (сом мин 92-рэ).

Кением икIахэр дунейм и щIыпIэ куэдым щыплъагъунукъым, ахэр щылажьэр къэрал зыбжанэщ. США-м, Канадэм, Инджылызым, ЮАР-м, Германием. Езыхэр хуабжьу нэмысыфIэу икIи жыIэдаIуэу ягъэIуами, къыхэгъэщхьэхукIын хуейщ мис а США-мрэ Инджылызымрэ Кением иIэпхъукIахэр зэщIэгъэуIуа щIэпхъаджащIэхэмрэ бандэхэмрэ щахэпщIэ къызэрыщыхъуар. Псалъэм и хьэтыркIэ, 2019 гъэм США-м илъэс 25-рэ тралъхьэри щагъэтIысащ Нью-Йорк героин, пулеметхэр щызыщэ, къэхьпэхэр щызыIыгъ бандэ гупым и Iэтащхьэ Бакташ Аташ. Лондон щаубыдащ наркотикхэр зыщэ, автомобилхэр зыдыгъу, нэгъуэщI хабзэншагъэхэр зылэжь цIыхухэу Кением иIэпхъукIахэр. АрщхьэкIэ IэщIагъэлIхэм къалъытэ дыщIэгузэвэн щымыIэу. Абыхэм тегъэщIапIэ ящI Кением икIахэр США-мрэ Британиемрэ илъэс 60 хъуауэ зэрыкIуэр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдиз зи кIыхьагъ зэманым абыхэм хабзэм ебакъуэ гупхэр щызэкъуэуващ. Кением къикIахэм Урысейм лъабжьэ щаIэнукъым, абы къыхэкIыу африканхэм хабзэншагъэ Iуэхухэр зэрахьэфынукъым. Ауэ а псори умыгъэунэхуауэ пщIэнукъым.

 Кением къикIахэр лэжьакIуэфIу къыщIэкIынущ, ахэр щылэжьэну дуней и щIыналъэ псоми зэрыщрагъэблагъэм къыхэкIыу.

АрщхьэкIэ мы зыр яхуэгъэувын хуейщ: щылэжьэну пIалъэр яуха иужь я къэралым кIуэжыну. США-мрэ Британиемрэ Iуэхур нэгъуэщIу къыщыщIидзащ: Кением къикIхэр нэхъыбэ хъурт, арщхьэкIэ зыгъэзэжхэр мащIэт. Апхуэдэурэ куэд зэрыгъэхъуащ. Куэд здэщыIэм хабзэм ебакъуэхэри щыкуэдщ.

Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться: