КъБР-м и Парламентым щедэIуащ республикэм и бюджетыр 2027 гъэм, 2028 - 2029 гъэхэм зыхуэдэнум.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ жиIащ: «ЦIыхубэ едэIуэныгъэхэм дежщ республикэ ахъшэр зыхухах Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр нэгъэсауэ убзыхуа щыхъур. Хабзэ зэрыхъуауэ, абы дыхоплъэ щIыналъэ унафэщIхэр, муниципальнэ районхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ я лIыкIуэхэр дызэгъусэу. 2027 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетыр хуэунэтIащ республикэм зэрызиужьынумрэ цIыхухэм я псэукIэр зэрефIэкIуэнымрэ. КъызэрагъэлъагъуэмкIэ, хэхъуэу бюджетым иIэнущ сом мелард 65-рэ мелуан 616-рэ, къигъэсэбэпыну хуеинущ сом мелард 67-рэ мелуан 953-рэ. ЩIыналъэр зыхущыщIэр сом меларди 2-рэ мелуан 337-рэ хъуну къалъытэ».
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым жиIащ дзэ Iуэху хэхар зэрекIуэкIым, языныкъуэхэр ди къэралым лъэпощхьэпо къыхуэхъуну зэрыхэтым емылъытауэ, Iэмал имыIэу пащэн зэрыхуейр республикэм и экономикэр зэпIэзэрыту хъумэным, ди лIыхъужьхэмрэ абыхэм я Iыхьлыхэмрэ зэрызыщIагъакъуэм.
- Къыхэзгъэщыну сыхуейт, блэкIа илъэсхэми хуэдэу, цIыхухэм дазэрыдэIэпыкъу Iэмал псори бюджетым къызэрыщылъытар. ЗэрыжысIауэ, япэ игъэщыпхъэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэныр, къэралыр хуэныкъуэхэм зэрадэIэпыкъур нэхъыфIыж щIыныр, - пищащ Егоровэм. - Бюджет мылъкур щагуэшкIэ нэхъыщхьэ дыдэу къалъытэ егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, щэнхабзэм, физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ ехьэлIауэ къэралым игъэзэщIэну пщэрылъ зыщищIыжхэр зэрызэфIагъэкIынур. 2027 гъэм республикэм лэжьапIэ Iумытхэм медицинэ Iуэхутхьэбзэр пщIэншэу яхуэщIэным сом меларди 6 хухахынущ, бюджет IэнатIэм и лэжьакIуэхэм улахуэм зэрыхухагъэхъуэнури къалъытащ. Ди мурадхэм дылъэIэсын папщIэ IэмалыфIхэр диIэщ, абы щхьэкIэ псори зэгъусэу дызэдэлэжьэн хуейуэ аращ.
КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис къэпсэлъащ республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэр илъэсищ гъунэгъум зэрыщытынум теухуауэ. Абы жиIащ 2026 гъэм и мазибгъум республикэм и макроэкономикэ бжыгъэ псоми, псэупIэхэр зэратым къищынэмыщIа, зыужьыныгъэфI къызэрагъэлъагъуэр. Министрым зэрыжиIэмкIэ, ят унэщIэхэм я бжыгъэр нэрылъагъуу нэхъ мащIэ хъуащ, ауэ апхуэдэ щытыкIэр иджыпсту къэрал псом щыщыIэщ. Рахаевым къыхигъэщащ УФ-м и Правительствэм деж къыщащтэну унафэхэм Iуэхур ягъэзэкIуэжыну гугъэ зэрыуагъэщIыр.
- ЩIыналъэм къилэжьар сом мелард 392,5-рэ хъууэ 2025 гъэр зэфIэдгъэкIащ. Дызэрыт илъэсым и кIэм ар сом мелард 431,1-рэ хъуну худогъэфащэ, 2029 гъэм - сом мелард 630-рэ, - жиIащ министрым. - ЗэрыгурыIуэгъуэщи, щIыналъэм къилэжьым и нэхъыбэр мэкъумэш IэнатIэм къет. 2025 гъэм сом меларди 135,2-рэ диIащ, 2026 гъэм сом меларди 138,1-рэ къытхуихьыну дыщогугъ. ЩIыналъэм и зыужьыныгъэм хэтлъхьэ мылъкур 2029 гъэм сом меларди 100-м нэсын хуейуэ къыдогъэлъагъуэ. Къапщтэмэ, нэгъуэщI IэнатIэхэми зыужьыныгъэфIхэр щыдолъагъу. Ухуэныгъэм ехьэлIа лэжьыгъэхэм 2025 гъэм сом мелард 45,8-рэ къыпэкIуащ, мы гъэм - сом мелард 49,5-рэ, 2029-м сом мелард 72,7-рэ къыдэхъулIэну догугъэ.
Ику ит мазэ улахуэм теухуауэ Рахаевым жиIащ 2025 гъэм ар сом 53320-рэ хъууэ зэрыщытар. 2026 гъэм сом мин 58,7-рэ хъуну хуагъэфащэ. КъызэрыхагъэщамкIэ, улахуэр зэрыхъуну дыдэр елъытащ дызэрыт илъэсым и кIэух мазэм инфляцэр зыхуэдэнум.
КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ тепсэлъыхьащ республикэм и хэхъуэмрэ ахъшэр зытрагъэкIуэдэну Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэмрэ. Абы зэрыжиIамкIэ, 2027 гъэм налог, мыналог хэхъуэхэр сом мелард 27,3-м нэсынущ, 2028 гъэм - сом мелард 28,9-м, 2029 гъэм - сом мелард 30,4-м. Ахэр налог лIэужьыгъуи 5-м къапэкIуэнущ: акцизхэм, НДФЛ-м, фейдэм щхьэщатыкI налогым, IуэхущIапIэхэм я мылъкум техьэ налогым. 2027 гъэм республикэ бюджетым зымыгъэзэж ахъшэу сом мелард 38,4-рэ къыIэрыхьэну хуагъэфащэ, 2028 гъэм - сом мелард 32,8-рэ, 2029 гъэм - сом мелард 31,1-рэ.
«Социальнэ унэтIыныгъэ зиIэ Iуэхугъуэхэм сом мелард 57,7-рэ хухэтхащ. Абы щыщу сом меларди 10,5-р цIыхухэм защIэгъэкъуэным, сом мелард 26,6-р бюджет IэнатIэ Iутхэм я улахуэр етыным текIуэдэнущ. 2027 гъэм республикэм къигъэсэбэпыну хуеинущ сом мелард 67,9-рэ, 2028 гъэм - сом мелард 62,6-рэ, 2029 гъэм - сом мелард 62,4-рэ. Абы хохьэ сабий къалъхумрэ ар пIынымрэ теухуауэ мазэ къэс ират дэIэпыкъуныгъэхэри республикэ бюджетым щыщу пенсэм хущIагъу щIыналъэ ахъшэри, - жиIащ министрым.
КъищынэмыщIауэ, бюджетым и проектым къыщыгъэлъэгъуащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрызыщIагъэкъуэну сом меларди 3. Гъуэгухэм елэжьыным хухахынущ сом меларди 7,5-рэ, лъэпкъ Iуэхухэр гъэзэщIэным сом мелард 11,5-рэ. Апхуэдэуи сабий IыгъыпIэхэм, псыкIэ къызэзыгъэпэщ IэнатIэхэм я ухуэныгъэхэр ирагъэкIуэкIынущ, Тырныауз псы фIейхэр зэрыщагъэкъабзэ ухуэныгъэм пащэнущ.
«Сабий зеиншэхэр псэупIэкIэ къызэрызэдгъэпэщым ехьэлIауэ мы илъэсым едгъэжьа лэжьыгъэм пытщэнущ. 2027 гъэм а Iуэхум сом мелуан 638-рэ хухыдох», - дыщIигъуащ Лисун Еленэ.
Министрым жиIащ псэупIэ зэрыратыр нэхъ тынш икIи псынщIэ ящIыным хуэгъэзауэ 2025 гъэм зэрырагъэжьар сабий зеиншэхэм унэ къызэращэхуну тхылъхэр ирату. Абы и фIыгъэкIэ иужьрей илъэситIым къриубыдэу унэ яIэрыхьащ, чэзум куэдрэ хэмыту, зеиншэу е адэ-анэм я нэIэ щIэмыту къэна сабий 300-м щIигъум.
КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финанс IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI АфэщIагъуэ Михаил утыку кърахьа проектым теухуауэ къыщыпсалъэм жиIащ мэкъумэш IэнатIэмрэ щIыпIэхэмрэ зэрызрагъэужьым, нэгъуэщI гуэрхэмкIи бюджетым хухихыр зэрагъэмэщIар, абы щыгъуэми федеральнэ бюджетым и япэ еджэгъуэм щыхэплъэм, УФ-м и Къэрал Думэмрэ ФедерацэмкIэ и Советымрэ абыхэм хагъэхъуэныр Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщу зэрыщытар.
«ЩIыналъэ бюджетым япэ игъэщыпхъэхэр щыубзыхуащ: цIыхухэм я псэукIэр зэрефIэкIуэнур нэхъыщхьэщ икIи, блэкIа илъэсхэми хуэдэу, бюджетым и процент 70-р абы хухэхащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, егъэджэныгъэ IэнатIэм трагъэкIуэдэнур зэрыщытауэ къонэ, ауэ школхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ зэгъэпэщыжыным трагъэкIуэдэнур тIэкIу нэхъ мащIэ хъуащ. Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм иратынур дызэрыт илъэсым щыIа ахъшэм хуэдизу яубзыхуащ. ХущхъуэхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщынум текIуэдэну мылъкур зэрымащIэми республикэ унафэщIхэм гу лъатэну, абы хагъэхъуэну дыщогугъ, - къыхигъэщащ АфэщIагъуэм.
Абы дыщIигъуащ КъБР-м ФинансхэмкIэ и министерствэм къызэрилъытар МРОТ-р нэхъыбэ щIыныр, бюджет IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэм процентипщI хагъэхъуэныр. Апхуэдэуи ар къытеувыIащ сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмыту къэнахэмрэ псэупIэкIэ къызэрызэрагъэпэщыр зэрызэфIахми. «Къыхэгъэщыпхъэщ, илъэсищым къриубыдэу зэфIэдгъэкIыфыну ди гугъами, мы зэманым ирихьэлIэу а Iуэхум сом мелуан 730-рэ зэрыхуэдутIыпщыфар. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым бюджетым и проектым сом мелуан 638-рэ халъхьащ. Ари узэрыгушхуэн хуэдизу къызолъытэ - жиIащ комитетым и унафэщIым.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и КъэпщытакIуэ-къэзыбж палатэм и унафэщI КIасэ Динэ, Федеральнэ налог къулыкъущIапIэм и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Акаевэ Светланэ сымэ.
ЗэIущIэм къыщыхалъхьа жэрдэм псори Правительствэм щIыгъуу зэпкърахынурэ, щэкIуэгъуэм и 24-м япэ еджэгъуэу хабзэубзыху IуэхущIапIэм щыхэплъэнущ.