Календарь событий

19 ноября 2026

Гъунэгъу гумащIэ

Iуэтэж

 «Шейхъаным» си закъуэ сыщIэтт щэбэтым, гущэхэпхэм и ныбжьэгъур здишэну къытезгъэхьэри,  Локъанхэ я пхъум сыIэщIэкIауэ. Пшапэм зэхэуэн щIидзакIэт. ЩIэх зэрыужэгъуну фэ зытемыт зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэт шхапIэм щIэсыжри, блы хъумэ, щхьэж и унэ бжэн лъакъуэ яжесIэн си мураду,  интернетым щызэблэзгъэж хъыбархэм я зым сыкъызэфIигъэуващ.

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 19, махуэку

Гъуэгухэм къыщыхъу насыпыншагъэхэм хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж дунейпсо махуэщ

ЦIыхухъухэм я дунейпсо махуэщ

 Урысей Федерацэм и Ракетэдзэхэмрэ артиллериемрэ я махуэщ

1941 гъэм Налшык къалэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и комитетым Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэр къызэгъэпэщыным теухуа унафэ къищтащ.

КъуажитI - зы тхыдэ

Къэрэшей-Шэрджэсым и къурш лъапэхэм, Инжыдж ЦIыкIум и Iуфэм Iус Зеикъуэр Хьэбэз районым щыщ жылагъуэщ. Адыгэ лъэпкъым и тхыдэмрэ и цIыху пажэхэмрэ щызэхэухуэна щIыпIэщ ар.

Зеикъуэм и тхыдэр 1836 гъэм къыщожьэ. Ауэ абы щыпсэухэм я къуэпсыр нэхъ жыжьэ щыIэщ - Къэбэрдейм. XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм адыгэ унагъуэхэр, лъэпкъ псохэр Iэпхъуауэ щытащ абы. Тхыдэ-лъахэхутэ тхыгъэхэм къызэрыхэщыжымкIэ, Къэбэрдейм щыщу мы щIыпIэм къэIэпхъуахэм яхэтащ Къэзанокъуэхэ.

Мэкъумэш хъыбархэр

КIэртIофыр къатIыж

Къэбэрдей-Балъкъэрым кIэртIоф къэтIыжыныр и кIэм щынэблэгъащ. Кавказ Ищхъэрэм Къэрал статистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, республикэм и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ зэхэту тонн мини 158-м щIигъу зэщIакъуэжащ нобэкIэ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 5-кIэ нэхъыбэщ ар.

 КIэртIофым зы гектарым хуэзэу ику иту центнер 230,5-рэ къытекIащ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 4-кIэ нэхъыбэщ ари.

«НЭФIЫЦIЭ»

Адыгэ уэрэдыжьхэр зэхуэхьэсыжынымкIэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ КъардэнгъущI Зырамыку. Абы дунейм къытригъэхьэжахэм ящыщщ «НэфIыцIэ» уэрэдри. Абы и Iуэхур къызэрекIуэкIар КъардэнгъущIым къыщиIуэтэжауэ щытащ КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ иригъэкIуэкI «Зы уэрэдым и хъыбар» теленэтыным.

Спорт хъыбархэр

ШахматымкIэ нэхъ лъэщхэр

Кавказ Ищхъэрэм шахмат къызэрыгуэкIымкIэ, шахмат псынщIэмкIэ, блицымкIэ пашэныгъэхэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Каисса» клубым щекIуэкIащ иджыблагъэ. Абы щызэпеуащ илъэси 9-13-м ит ныбжьыщIэхэмрэ илъэс 15 - 19 зи ныбжь щIалэгъуалэмрэ, хъыджэбзхэри щIалэхэри зэхэту 345-рэ хъууэ.

Адыгэхэр Европэм

КъэщIэрэщIэжыныгъэм и лъэхъэнэм ягъэпса тхыгъэхэм европей литературэр зэрыщыту иунэтIауэ жыпIэ хъунущ.  А зэманым ятха псори зэщIэкIыжар уэркъыгъэрщ, лIыхъужьыгъэрщ, лIыгъэрщ. Дызытепсэлъыхь зэман пычыгъуэм тхакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа псоми къахэбгъэщхьэхукI хъунущ итальян тхакIуэ Ариостэ Людовикэ 1515 гъэм итха «Неистовый Роланд» поэмэр. Адыгэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ абы, адыгэпщ Сакрипант къызэрыхэщыжымкIэ.

Сом мелард 20-м щIигъу

2029 гъэм и мазибгъум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым турист Iуэхутхьэбзэу щалэжьам сом мелард 20,8-рэ къыпэкIуащ, налог ахъшэу бюджетым сом мелард 1,718-рэ ягъэкIуащ. Турист IэнатIэм цIыху мини 6-м нэблагъэ нобэ щолажьэ.

 Гъэм зэрыщIидзэрэ нобэр къыздэсым ди республикэм къэкIуащ туристу мелуан 1-рэ мин 581-рэ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 1,5-кIэ нэхъыбэщ ар. Абыхэм ящыщу процент 60-м нэблагъэм зыщагъэпсэхуащ е зыщаплъыхьащ Iуащхьэмахуэ лъапэ. А пIалъэм къриубыдэу Налшык къалэр къыхэзыхахэм я бжыгъэми процент 41-кIэ къыхэхъуащ.

Хъыбархэр

Гъавэу тонн мин 855-рэ

Кавказ Ищхъэрэм Къэрал статистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2026 гъэм жэпуэгъуэм и I-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ зэхэту кърахьэлIэжащ хьэцэпэцэрэ джэш лIэужьыгъуэу (нартыхури хэбжауэ) тонн мин 855-рэ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти I03,5-кIэ нэхъыбэ.

Урысейм и театрхэм щагъэувыпхъэу къалъытащ

«Биеннале театрального искусства. Уроки режиссуры» X фестивалым хыхьэу, жэпуэгъуэм Москва щекIуэкIащ иджырей драматургхэм я зэIущIэ «Искусство комедии» зыфIащар.