Адыгэхэр Европэм

КъэщIэрэщIэжыныгъэм и лъэхъэнэм ягъэпса тхыгъэхэм европей литературэр зэрыщыту иунэтIауэ жыпIэ хъунущ.  А зэманым ятха псори зэщIэкIыжар уэркъыгъэрщ, лIыхъужьыгъэрщ, лIыгъэрщ. Дызытепсэлъыхь зэман пычыгъуэм тхакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа псоми къахэбгъэщхьэхукI хъунущ итальян тхакIуэ Ариостэ Людовикэ 1515 гъэм итха «Неистовый Роланд» поэмэр. Адыгэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ абы, адыгэпщ Сакрипант къызэрыхэщыжымкIэ.

ТхакIуэм ар къигъэлъэгъуащ уэркъыгъэмрэ лIыгъэмрэ я щапхъэу. Ариостэ и закъуэкъым адыгэпщ Сакрипант тетхыхьар. Ар тхакIуэм къигупсысауэ зэрыщымытым, европэ псом къызэрыщацIыхуам  и щыхьэту, нэгъуэщI тхакIуэ, Боярдэ Маттео и «Влюбленный Роланд» поэмэми къыщыгъэлъэгъуащ ди лъэпкъэгъур. Абы къызэрыхэщыжымкIэ, хахуагъэм и щапхъэт Сакрипантыр. Уеблэмэ цIыхухъур апхуэдизкIэ цIэрыIуэти, и лъэпкъэгъухэм я закъуэ мыхъуу, «франкхэми яхэттэкъым абы лIыгъэрэ хахуагъэкIэ къефIэкIын». Европей IуэрыIуатэм нэхъ цIэрыIуэ дыдэу хэт лIыхъужь Роландым хуагъадэрт адыгэпщыр.

Бешенствует гневливый черкес,

Но прямым тебе словом говорю:

Позабудь о моем скакуне!

Не быть ему твоим,

Покуда в руке моей меч,

А не станет меча —

Буду биться клыком и когтем! - къыхощыж "Неистовый Роланд" поэмэм и XXIV-XХVI пшыналъэхэм.

Ренессанс лъэхъэнэ литературэм дегъэцIыхуж иджыри зы адыгэпщ – Аргант. Ар къыщыгъэлъэгъуащ 16-нэ лIэщIыгъуэм псэуа итальян тхакIуэ Тассэ Торкватэ и «Освобождение  Иерусалима» поэмэм. ИщхьэIуэкIэ дызыщытепсэлъыхьа адыгэпщым хуэдэуи Аргант тхыдэм къыхощыж шынэ зымыщIэрэ хабзэ дахэ зыхэлъ, лъэпкъыфI къыхэкIа зауэлIу.

ТхакIуэм зэрыжиIэмкIэ, жорыдзэр къызэрыблэгъар Мысырым и сулътIаным къыщищIэм, и лъэр щIэхуащ. Ауэ Иерусалимым тет Аладин унафэ ещI бийм пэщIэувэнуи, муслъымэныдзэ зэщIекъуэ. Аладин игъэхьэзыра зауэлI хахуэхэм я инагъкIи лIыгъэкIи къахэлыдыкIырт адыгэ пелуан Аргантрэ нэрыбгей Клориндэрэ. Чыристан уэркъхэм къахэщхьэхукIыр итальян зауэлIу Готфрид, Танкред, Ринальдэ сымэт. Поэмэм къызэрыхэщыжымкIэ, адыгэ зауэлӀым муслъымэныдзэм пщӀэкӀэ къулыкъу щищӀэу, и зекIуэныр къыщыхьэри ежьати, Мысырым нэсри, абдеж къулыкъушхуэ щигъуэтауэ арат Аргантым. Ар мыпхуэдэ сатырхэмкIэ къыщыгъэлъэгъуащ поэмэм:

... Черкес Аргант. В Египет он явился

как искатель приключений.

И звания сатрапа там достиг.

Отвагу боевую обнаружив,

Высокое он в войске занял место.

Нетерпеливый, яростный, упорный,

Усталости не знающий, привык

Лишь одному мечу он поклоняться.

(Torquato Tasso,«La Gerusalemme liberata»).

Аргант и закъуэкъым а поэмэм адыгэу хэтыр. «Вокруг престола верные черкесы», - хэтщ абы сатыр. Мыбдеж зытепсэлъыхьыр къыхэщыпыкIа защIэу Сэлэдин (поэмэм ар Аладинущ къызэрыхэщыр) иIа адыгэ зауэлIхэрщ. Ахэри щхьэхуэу къыщыгъэлъэгъуащ Скотт Вальтер и «Талисман» тхыдэ романым, ещанэ Жор зекIуэм теухуам.

«Сабэр тIысри, къэблэгъа шуудзэр наIуэ къэхъуащ. Ахэр нэгъуэщIт, я шыфэлIыфэкIэ инджылызхэм зэи ямылъэгъуауэ щIэщыгъуэт, зэщIэузэдарэ, пащтыхьу щыIэм я нэхъ цIэрыIуэ дыдэм хуэфэщэну дзэ екIут. ЗауэлI уардэу щитху къакIуэрт шы лъэпкъыфIхэм тесу, шыхэм языхэзри уэркъ и уасэу. Дыгъэм пэлыдырт куржы зауэлIхэмрэ адыгэ щауэщIэхэмрэ ящыгъ афэ джанэхэмрэ тажхэмрэ. Цей зэмыфэгъухэр дыщэрэ дыжьынкIэ хэдыкIарэ, къамэхэмрэ сэшхуэхэмрэ я бгы псыгъуэм ищIауэ. Абдежым Ричард къыгурыIуащ – къакIуэр Сэлэдинт. Арыххэуи дзэм ипэ къиуващ…», - итщ романым.

Апхуэдэу, тхыдэм и закъуэ мыхъуу, европей литературэми лъагъуэшхуэ къыханащ адыгэхэм. ГъэщIэгъуэныращи, псоми ахэр къыщыгъэлъэгъуащ хахуэу, хабзэшхуэ яхэлъу, щIыхьымрэ напэмрэ япэ ирагъэщу, лIыгъэм и пщалъэу.

Къаныкъуэ Анфисэ.

 

Поделиться:

Читать также: