Календарь событий

15 ноября 2026

Налшык и аттракционхэр илъэс 70 ирокъу

Сабиигъуэр уигу къэзыгъэкIыж зыгъэпсэхупIэр, «Аттракционхэм я паркыр», мы гъэм илъэс 70 зэрырикъум дыхурегъэплъэкIыж ар къызэрежьам, ди зэманым игъуэта зыужьыныгъэм. 

Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр

Хьэмидей жылэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ фокIадэ мазэм екIуэкIа «Вкусы России» зэхыхьэм ди республикэр цIэрыIуэ щызыщIа къуажэдэс бзылъхугъэхэр. 

Зэгъэзэхуэным и мыхьэнэр

Къэрал зыбжанэм къызэрыщалъытэмкIэ, щэ­кIуэгъуэм и 15-р КIэрыхубжьэрыхухэм хэл­э­жьы­хьыжыным (рециклинг) и дунейпсо махуэщ. 

Бахъсэн къалэм и спорт утыкущIэхэр

Бахъсэн къалэм иджыблагъэ спорт ухуэныгъэу 3 къыщызэIуахащ: боксерхэм, зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ пэшхэмрэ топджэгу губгъуэщIэрэ. Абыхэм иращIэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIащ Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ, УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Мамхэгъ Хьэчим, спорт лIэужьыгъуэ щхьэхуэхэмкIэ УФ-м, Европэм, дуней псом я чемпионхэу, УФ-м и Кубокыр къэзыхьахэу Мырзэ Резуан, Мэш Ислъам, Хьэжьрокъуэ Валерэ, Бэрэгъун Аскэр сымэ, спорт, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.