Къэрал зыбжанэм къызэрыщалъытэмкIэ, щэкIуэгъуэм и 15-р КIэрыхубжьэрыхухэм хэлэжьыхьыжыным (рециклинг) и дунейпсо махуэщ.
Инджылызыбзэм къыхэкIа «рециклинг» фIэщыгъэр «хэлэжьыхьыж» мыхьэнэр къикIыущ къызэрыдгурыIуэ хъунур. КIэкъинэхэм къыхахыурэ къытрагъэзэжурэ зыхэлэжьыхьыжхэм ящыщщ абджым, хьэфэм, пластикым, полиэтиленым къыхащIыкIа хьэпшыпхэр, тхылъымпIэр, гъущIхэкI лъэпкъыгъуэхэр, зэрамыхьэж щыгъынхэр, нэгъуэщIхэри.
Iуэхур зыхуэунэтIар кIэрыхубжьэрыхухэр щIэрыщIэу къэгъэсэбэпыжыным ехьэлIа лэжьыгъэ щхьэпэм къэрал къулыкъущIапIэхэм Iутхэм, жылагъуэм, промышленностым пыщIа IэнатIэхэм гулъытэ хэха хуегъэщIынырщ.
Хэгъэгу зыбжанэм илъэс къэс щэкIуэгъуэм и 15-м траухуэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ кIэкъинэхэм хьэпшыпыщIэхэр къахэпIщIыкI зэрыхъуну Iэмалхэм щыгъуазэ уахуэзыщI зэхуэсхэр, гъэлъэгъуэныгъэ щхьэхуэхэр, дыкъэзыухъуреихь дунейм хуэсакъын, щIыуэпсым щысхьын зэрыхуейм уи гупсысэр тезышэ концертхэр, псапэ зыпылъ Iуэхухэр къызэрыщызэрагъэпэщыр.
Мы махуэм къежьапIэ хуэхъуауэ къалъытэр Америкэм и Штат Зэгуэтхэм 1997 гъэм щэкIуэгъуэм и 15-м къыщаIэта Iуэхугъуэрщ - абы щыгъуэщ а къэралым япэ дыдэу къыщыщызэрагъэпэщар кIэкъинэхэмрэ кIэрыхубжьэрыхухэмрэ щыхэлэжьыхьыжа щIыхьэхушхуэр. Абы иужькIэ, США-м щекIуэкIа а Iуэхугъуэр щапхъэ яхуэхъури, а махуэр къэрал куэдым ягъэлъэпIэн щыщIадзащ.
БлэкIам къызэрыхэщыжымкIэ, кIэкъинэхэм хьэпшыпыщIэхэр къахэпщIыкIыж зэрыхъунум ди адэжьхэри егупсысу щытащ. Жыжьэ дымыIэбэу къэдгъэлъэгъуэнщи, къэрал абрагъуэу щыта СССР-ми Iуэхугъуэ дахэу щекIуэкIырт тхылъымпIэжьхэмрэ гъущIхэкI кIэрыхубжьэрыхухэмрэ зэхуахьэсыжыныр.
ЩIым и щIыгум, и тенджызхэм яIэ хъуа теплъэм дытепсэлъыхьмэ, икъукIэ дызыгъэшынэщ дыщIигъэнэн хуэдизу кIэрыхубжьэрыхуу щызэтрихьэр кIуэ пэтми нэхъыбэж зэрыщыхъур. Зи гугъу тщIы мыхъумыщIагъэшхуэу щIыгум щыIуащхьэбэрэ псыхэм щызепсыпсэм нэмыщI, ди планетэр иужьрей илъэсхэм нэхъри нэхъ гъунэгъу зыхуэхъу тхьэмыщкIагъэшхуэщ щIэныгъэлIхэм къытрагъэзэжурэ зи цIэ къраIуэ «парниковый эффект» жыхуиIэри. А псом къахэкIыу кIэрыхубжьэрыхухэм хэлэжьыхьыжыным мыхьэнэшхуэ зэриIэм шэч къыщIытетхьэн щыIэкъым.
Ди планетэм къыщыдгъэщхьэпэ и хъугъуэфIыгъуэхэм дазэрыщымысхьым и «фIыгъэкIэ», щIыуэпсым бгъэдэлъа гъэтIылъыгъэхэм я Iыхьэ щанэм, еджагъэшхуэхэм къызэрабжамкIэ, гъазэ имыIэу дыпыкIащ.
Ауэ щыхъукIи, а щхьэусыгъуэхэращ дахуэзы шэр щIым къыщIэтх, псым къыдит хъугъуэфIыгъуэхэр зэдгъэзэхуэн зэрыхуейми кIэкъинэхэм бгъэдыхьэкIэ тэмэм къахуэдгъуэткIэрэ хьэпшыпыщIэхэр къахэтщIыкI зэрыхъунуми.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.