ЩэкIуэгъуэм и 28,
щэбэт
ГущIэгъу зэхуэщIыным и дунейпсо махуэщ
1926 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министру, республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и секретару щыта Уэрсей Фаинэ.
1939 гъэм къалъхуащ хормейстер, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Бицу Юрэ.
1954 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ, техникэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, «Къэббалъ къремстрой» ОАО-м и уна фэщI ГъуэплъащIэ Алексей.
1950 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артисткэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, къэфакIуэ Iэзэ Шортэн Аллэ.
1963 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, «Налшык» газетым и редактор нэхъыщхьэ Болэт Арсен.
1964 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, политик, КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист ДыщэкI Мадинэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 1 - 5, жэщым градуси 2 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ХакIуитI зы бо щIэзагъэркъым.
Зыгъэхьэзырар
БАГЪЭТЫР Луизэщ.