Тхыдэ

Урысейм езым и ислъам тхыдэ иIэжщ

Дин IуэхущапIэхэм я унафэщIхэр, къэрал къулыкъущIэхэр, хабзэмкIэ, тхыдэмкIэ, щэнхабзэмкIэ щIэныгъэлIхэр, имамхэр, ислъам еджапIэхэм я студентхэр, СМИ-хэм я лIыкIуэхэр хэтащ жэпуэгъуэм и 6-м Налшык щекIуэкIа, щIыналъэ зыбжанэм зэдай конференцым.

Кушыкурэ Мэтрэ тхьэлъанэ зэхуащI

 

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным илъэс куэд тезыгъэкIуэда, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым ЩэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий тхылъ зыбжанэ дунейм къытригъэхьащ. Абыхэм ящыщщ «Адэжь хъыбархэр» зыфIищари. Аращ  къызэрытхыжыр «Кушыкурэ Мэтрэ» жыхуиIэ Iуэтэж телъыджэр...    

… Кавказ зауэжьым цIэрыIуэ щыхъуа Ажьджэр (Ажьджэрий) и къуэ Кушыкупщым, зым и щIыб адрейм ихъумэжу, дэгъуэгурыкIуа лIы къэмыланджэт Сэфралыкъуэ Мэт.

Зэгуэр зыщIыпIэ зэдэщыIауэ а тIур къыщыкIуэжым, Мэт Кушыку, елъэIу щIыкIэу, зыхуегъазэ:

Тхыдэр и тегъэщIапIэт

ТхакIуэ Кърым-Джэрий и тхыгъэхэр щIэщыгъуэ зыщIыр бгырысхэм ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэм щыщ къэхъугъэ гъэщIэгъуэнхэр удихьэхыу къызэриIуэтэжырщ. Апхуэдэу и документальнэ очеркыр зытеухуам здытепсэлъыхьым ди нэгу къыщIегъэувэф адыгэхэм я дуней тетыкIэр, я шыфэлIыфэр, лIэнкъэнэну бийм пэщIэува и лъэпкъым хуэмурэ и «куцIыр» зэрыткIур, итIани «лIэн, е лIын» жиIэу, къызэрымыланджэр…

И лъэкIыныгъэр инт

ТхакIуэ, журналист, щIэныгъэлI Кърым-Джэрий хыщI гъэхэм щыпсэуащ Екатериноградрэ Новороссийскрэ, щылэжьащ «Кубаныдзэ хъыбархэр» газетым. Журналист IэщIагъэм ар тхэкIэм хуэIэзэ ищIащ. Урысейм щыщыIам IуэхуеплъыкIэщIэхэм яжь къыщIихуати, ар Iущ мэхъу, гъащIэм и екIуэкIыкIэр къыгурыIуэу, и дуней еплъыкIэми фIыкIэ зеузэщI икIи, Кавказым къигъэзэжа нэужь, зи акъыл зэтеува, зыхущIэкъури къыпэщытри зэзылъытыжыф лIы абы къищIыкIат.

Пасэрей адыгэ бзылъхугъэм и натIэр

Къэбэрдейр XVI лIэщIыгъуэм икухэм - XVII лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм тепщэныгъэ щызекIуэ Хэку лъэрызехьэт.

Грозный Иван къэбэрдеипщ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэней (Марие хъуар) нэчыхькIэ Урысейм быдэу пыщIэныгъэ зэригъуэтар, Кърым хъаным зэгъусэу зэрыпэщIэувар, Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьар щыхьэт тохъуэ адыгэпщхэм пщIэшхуэ зэраIам.

Апхуэдэ дыдэу адыгэ бзылъхугъэхэм нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщхэри уеблэмэ къылъыхъурт, я дахагъэмрэ хьэл-щэн екIумрэ ятхьэкъуу.

Зи лIыгъэр тхыдэм къыхэнахэр

Тунуслу (Лъашэ) Хъайрэддин-пэщэ. Беслъэнейщ. Шэрджэсым къыщалъхуащ. И адэр, Лъашэ Хьэсэн, урыс-кавказ зауэм хэкIуэдащ. Зеиншэу къыщынэм, Истамбыл дэс и благъэм, Къы­б­рыслы Тахъсин-бей, зри­шэ­лIэжащ, абы ипIащ, ири­гъэджащ. Тунисыр франджы зэрыпхъуакIуэхэм щахъумэн папщIэ, абы ягъэкIуа адыгэ щIалэхэм яхэтащ. Тунисым и губернатор Ахъмэт-пэщэ гу къылъитэри, къуэ ищIащ, Франджым игъакIуэри, офицерхэр щагъэхьэзыр «Сент-Сур» еджапIэр къригъэухащ. ЩIэх дыдэ дэкIуэтеящ адыгэ щIалэ жаныр: илъэс 36-рэ щыхъуам ар генерал-полковникт.

Адыгэшым псэуэ Iутыр адыгэлIырщ

«Дэтхэнэ зы лъэпкъми и щхьэр лъагэу щIиIэт хъугъуэфIыгъуэ гуэр бгъэдэлъщ, - етх мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Къагъырмэс Црай. - Адыгэхэм я дежкIэ ар - адыгэшырщ.

Хэт хъуну Сэфралыкъуэ Мэт?

Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыфIищу 2014 гъэм Черкесск къалэ къыщыдигъэкIа и тхылъ телъыджэрщ адэкIэ къэтхьыну Iуэтэжыр къызэрытхыжар.

ЛIэщIыгъуищэхэм Iущыгъэу адыгэ лъэпкъым зэхуихьэсар къыхэкъузыкIыжауэ къызыхэщ адыгэ хъыбарыжьхэмрэ уэрэдхэмрэ хуэкIуэу траухуащ, Кавказ зауэжьым лIыгъэ щызезыхьэу зи цIэр фIыкIэ тхыдэм къыхэна Ажьджыр и къуэ Кушыкупщым.

Щолэхъужьыр шэ пIащэрыуэт

Еджэгъуэ зэманым IэщIагъэ-щIэныгъэ зэбгъэгъуэт къудейкъым. Ар иджыри сэбэп зыпылъ куэд къыщыпщIэ пIалъэщ. Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ хуеджэ студентхэм ди зы гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр дэ тедухуауэ щытащ щхьэж и къуажэ IуэрыIуатэ щызэхуэхьэсыжыным. Абы щыщу стхыжахэм ящыщ зыт Щолэхъупщым и уэрэдымрэ абы къыдекIуэкI хъыбарымрэ. Нобэ ар дигу къэдгъэкIыжыну ди гуапэщ.
Щэджащэу ди Щолэхъужь,
ЛIыхъужьхэмэ уранэхъ хахуэт.
ХахуэкIэрэ ди джатэрыжэ,
Жэрыбэри дэ къыдэзыт.
Зи тыгъэ гущэмэ щIэмыфыгъуэж,
Андзор и къуэкIэ Исмелышхуэ.

Еджагъэшхуэхэри щыхьэт тохъуэ

Зэман блэкIа жыжьэм хуэгъэпса бзэщIэныгъэм дылъэмыIэсыщэу дгъэбелджылынщи, адыгэхэр, зэрынэрылъагъущи, къинэмыщI лъэпкъхэми дадекIуэкIащ. Ара пэтми, а псори, ди благъэ абхъаз-абазэхэм ещхьу, апхуэдизу гъунэгъу къытхуэхъуфакъым. 

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ