|
|
Тхыдэ
12 мая, 2026 - 12:00
Мысыр шэрджэс пащтыхьхэм ятеухуауэ къыдэкIащ икIи къыдокI тхыгъэшхуэхэр, романхэр, повестхэр. Курыт лIэщIыгъуэм щыIа мамлюкхэм я къэралыгъуэм и лъэщагъым, и ехъулIэныгъэ инхэм тетхыхькIэрэ, КъуэкIыпIэм и щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр, къэхутакIуэхэр, тхыдэм елэжьхэр, географхэр мызэ-мытIэу къытеувыIахэщ икIи къытоувыIэ Мысырымрэ (Египет) Сириемрэ мамлюкхэм щаIэщIэлъам псэуныгъэм, щэнхабзэм, гъуазджэм я лъэныкъуэкIэ абыхэм зыужьыныгъэ ин ягъуэтауэ зэрыщытам.
8 мая, 2026 - 14:00
А цIэр зэрехьэ адыгэ лIакъуэхэм ящыщ зым. Бзэхэр зыдж щIэныгъэлIхэми зэрыжаIэу, еджэрыкъуейхэм къагъэщхьэпэр кIэмыргуей диалектым (псэлъэкIэм) и къудамэщ.
IуэрыIуатэм зэрытригъащIэмкIэ, лIакъуэм фIащар абы зэгуэр къыдэгъуэгурыкIуа Еджэрыкъуэ лIы цIэрыIуэм и цIэм къытепщIыкIащ.
Лъахэхутэхэм къызэрахутамкIэ, еджэрыкъуейхэр, 1849 гъэр къихьэху, ди зэманми къызэрыщIидзыжам ещхьу, Лабэ псым и сэмэгурабгъумкIэ Iусыгъащ, Урыс-Кавказ зауэм и къызэщIэплъэгъуэм къухьэпIэмкIэ щежэх Щхьэгуащэ псышхуэм и адрыщIымкIэ къыщыхута пэтми.
8 мая, 2026 - 09:44
- Адыгэ уэрэдыжьхэм ди деж къахьэсащ лIэщIыгъуэ куэдым я хъыбар. Илъэсищэм нэблэгъа уэрэдым и хъыбарым лъыхъуэн щыщIэздзэм, япэу зыхуэзгъэзащ композитор ХьэIупэ ДжэбрэIил, - жеIэ «Зы уэрэдым и хъыбар» нэтыныр езыгъэкIуэкI КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ
29 апреля, 2026 - 10:49
Адыгэм и гъащIэм увыпIэшхуэ щаубыд вагъуэхэм. Языныкъуэхэм цIэ щхьэхуэхэр иратащ. Вагъуэм и щытыкIэмкIэ ягъэбелджылырт Iуэхугъуэ куэд, яубзыхурт дунейм и къэхъукъащIэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абы теухуа тхыгъэшхуэ иIэщ тхакIуэ, усакIуэ Лыкъуэжь Нелли. Абы щыщ Iыхьэ фи пащхьэ идолъхьэ.
27 апреля, 2026 - 12:08
Хы ФIыцIэм къуэкIыпIэмкIэ щыIэ и Iуфэм Iут Геленджик (адыгэхэм зэрыжаIэу, «Хъулъыжъый»: «хъулъэ» – «хъупIэ», «жъый» - «цIыкIу») къалэм пэмыжыжьэу декIуэкI мэзылъэ джабащхьэхэм ящхьэщыт «Тхаб» («Тхыбэ», «Тхьэбэ») Iуащхьэр Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм и къудамэ бгъунж «Къуацэгъур» тхыцIэм хохьэ.
Метр 905-рэ зи лъагагъ Тхыбэ (Тхьэбэ) Iуащхьэжьыр нэгъуэщI псыхъуэ кIэщI цIыкIухэм я къыщIэдзапIэщ, псори къэзэдэтщтэмэ, я къущхьэзэIухуэпхъщ.
22 апреля, 2026 - 09:48
Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыунэхуауэ щыта цIыхубз зэщIэхъееныгъэм и тхыдэр щыхъумащ КъБР-м и къэрал архивми республикэм и Лъэпкъ музейми. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуэжащ 1900 гъэм къыщыщIэдзауэ 1960 гъэ пщIондэ мэкъумэшым, промышленностым, щIэныгъэм, щэнхабзэм, нэгъуэщI IэнатIэхэми республикэм и бзылъхугъэхэм щызэфIагъэкIыу щыта лэжьыгъэ мытыншхэр. Абыхэм щыхьэт техъуэ дэфтэрхэри, сурэтхэри, тхылъхэри щыIэщ.
21 апреля, 2026 - 09:26
Ащтырхъан университетым и щIэныгъэрылажьэ Канатьевэ Наталье «Журнал фронтирных исследований» къыдэкIыгъуэм илъэс зыбжанэ ипэкIэ къытрыригъэдзащ Черкасский Къасболэт Муцал и къуэм урыс пащтыхьыгъуэр зэригъэпэжам теухуа къэхутэныгъэ.
Нобэ зыми шэч къытрихьэжыркъым Урысейм къулыкъу щезыхьэкIа Черкасскэхэр къэбэрдей адыгэу зэрыщытам. Ауэ утыку илъ хъыбар нэхъ хэIущIыIухэм дыщыгъуазэ щхьэкIэ, махуэ къэс къамыIэтыж тхыдэ къуэгъэнапIэхэм мы унэцIэр зезыхьахэм ятеухуа гъэщIэгъуэнхэр къыщыщIощ.
20 апреля, 2026 - 14:00
Адыгэ Республикэм къуэкIыпIэмкIэ узэрихьэу, япэу узыIущIэ къуажэхэм ящыщщ Куэшхьэблэр. Абы ипщэкIэ къедза жылэ нэхъ цIыкIущ Блашэпсынэ (Лашэпсынэ) жыхуаIэр. Абы и къэунэхукIэ хъуам ехьэлIауэ лъахэджхэм ятхыжам мащIэу дытепсэлъыхьынщ. КъуажитIым я зэхуаку километр 11,6-рэ дэлъщ. ТIури ящыщщ мы Iэхэлъахэм къэбэрдей адыгэхэм къыщызэрагъэпэщауэ щытахэм.
Блашэпсынэр Адыгэ Республикэм и Куэшхьэблэ щIыналъэм пхрыж Щэхъурадж псы цIыкIум и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ Iусщ.
20 апреля, 2026 - 13:33
КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ Щхьэгъэпсо Аслъэнбий яIущIащ Урыс географие зэгухьэныгъэм и ГъэзэщIакIуэ дирекцэм щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ и департаментым и унафэщIым и къуэдзэ Кабановэ Дарье, РГО-м и къудамэу КъБР-м щыIэм и ЩIалэгъуалэ центрым и унафэщI Мокаев Тенгиз, КъегъэлакIуэхэм я Урысей зэгухьэныгъэм хэт Наурзокъуэ Назир сымэ.
16 апреля, 2026 - 12:40
Адыгэхэм ди Хэкужьым и зы Iыхьэщ Кавказым и Ищхъэрэ-КъухьэпIэр. Ар зыгъэбжыфIэ псышхуэхэм «Шахэ» зи фIэщыгъэри халъытэр. И жапIэр зэрыщыту къэтщтэнщи, ар хы ФIыцIэм щыхэхуэж и нэпкъым деж къыщыщIэбдзэрэ бгыщхьэхэмкIэ удэкIуэтеймэ, зэпэгъунэгъу къуэпситIу Бзычрэ Бзыгурэ жыхуаIэхэр езыхэм нэхърэ нэхъ иным щыхэкIуэсэж щIыпIэм унэсыху къызэбнэкI псыхъуэ-ныджэр убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ я щIыгу-хэгъэгум я зэпылъыпIэу щытащ.
Мы тхыгъэм нэхъыбэу зи гугъу щытщIыну Бзыч сэмэгу лъэныкъуэмкIэ Шахэ щыхэхуэжыр хы ФIыцIэм зэрыпыIухар километр 30-щ.
Страницы
|