Тхыдэ

Лъэужьыншэу блэкIакъым

ДызиIысыр, гъащIэм щыдиIэ мыхьэнэр, къалэныр, дызрикIуэну гъуэгуанэр къэтхутэн щхьэкIэ, куэдрэ би блэкIам дроплъэж, тхыдэм зыхудогъазэ. Апхуэдэ зы гъэщIэгъуэнагъ гуэрым сылъыхъуэу арати, «Шэрджэс Хэку» газетым ГъукIэкъул Даут и цIэр щIэту зы тхыгъэ хьэлэмэт къысIэрыхьащ. Ди лъэпкъым и тхыдэм епха хъыбар щхьэпэмкIэ «Адыгэ псалъэм» еджэхэми дадэгуэшэну ди гуапэщ.

Зи фэеплъыр ящымыгъупщэ къэфакIуэ

«НыбжьыщIэ дыдэу кIуащ ансамблым Соня. И Iэпкълъэпкъ лантIэмрэ зэрыщIыкIафIэмкIэ ар Кавказым и къэфакIуэ бзылъхугъэ нэхъыфI дыдэхэм занщIэу ящыщ хъуащ. «Къафэм и Гуащэ» цIэр абы зэрытрагъэIукIар хуэфащэ дыдэт. Къэбгъэлъагъуэмэ, «Уэркъ къафэр» щабэу, дахэу бгъэзэщIэныр ижь-ижьыж лъандэрэ пщIэшхуэ зыпылъу къалъытэ ди лъэпкъым. А къафэр лъэпкъ гъуазджэм и фIыпIэщ, лъэпкъым и псэ, и хьэл абы хэлъщ. Ар Шэру Соня къызэрехъулIэм хуэдэу нэгъуэщI тлъэгъуакъым», - мыпхуэдэ псалъэ гуапэхэр Шэрум хуэгъэзауэ КIэш Евгение «Бгырыс щIыналъэм ипхъухэр» и тхылъым щитхащ.

Кавказыр хуит къащIыжын щIадзат

Ди къэралым и тхыдэ напэкIуэцIхэм къыхэбелджылыкI махуэщIхэм ящыщщ бадзэуэгъуэм и 25-р. Советыдзэм а махуэм иублауэ щытащ Кавказыр хуит къэщIыжыным хуэунэтIа дзэ Iуэхур. Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек а махуэм теухуа и тхыгъэ итщ абы и телеграм-каналым.

«Укъызэрашэ уи шыбэщ, узэралъагъу уи гъуэгущ»

Филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым адыгэ IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь Гъут Лянэ дыщегъэгъуазэ Адыгэ хабзэм ипкъ иткIэ унагъуэ ихьа бзылъхугъэм зэрихьэу щыта хабзэхэм. 

Лъэужьыр къонэ

Террорист Iуэхухэм сыт щыгъуи хэщIыныгъэ къашэ, я инагъым елъытауэ. Языныкъуэхэм апхуэдэ лъэужь бзаджэ къагъанэри, уеблэмэ, тхыдэм хэгъуэщэжыркъым. Апхуэдэщ, псалъэм и хьэтыркIэ, I9I6 гъэм Архангельск щалэжьар.

Налшык и дыгъуасэхэр

                                   

Мы тхыгъэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар интернетым Алёхин Митрофан  и IэдакъэщIэкIыу «Налшык бэзэр»  зи цIэ сурэтым дызэрыщрихьэлIарщ. Езы сурэтыщIри ди щIыпIэм щыпсэуауэ къыщIэкIа нэужь, хэту пIэрэ а Алёхиныр жыдмыIэпIэ иIэжтэкъым.   

Хьэсаут

ГъэщIэгъуэнщ                                                   

Мы фIэщыгъэр зей жылэр а цIэ дыдэр зезыхьэ псы Iуфэм Iусщ. Гумрэ Балъкърэ хэлъэдэж псыхэр зэхэзыгуэшыкI сэнтхыщхьэу Къырылъэ шытхым хиубыдэм и зы папцIапIэ БырмамытI Iуащхьэм (метри 2592,3-рэ и лъагагъщ) ар километри 6-кIэ пэжыжьэщ. Къэрэшей - Шэрджэсым и зы щIыналъэу «Къэрэшей ЦIыкIу» зыфIащам и къуажащхьэ Учкекен километр 66-кIэ (гъуэгумкIэ) пэIэщIэщ.

Шэ цIывами гу шынамкIэ зегъазэ

Хахуагъым теухуа псалъэжьхэр

Лъэпкъ хьэлыр къозыгъэцIыхур псалъэжьхэмрэ IуэрыIуатэмрэщ. Псом хуэмыдэу, ар наIуэ мэхъу зы темэм ехьэлIа жыIэгъуэхэр зэхуэпхьэсыжмэ. Мыбдежым адыгэр шынэм, лIыгъэм, хахуагъым, къэрабгъагъым зэреплъхэр къэзыгъалъагъуэ псалъэжьхэр щызэхуэтхьэсащ, ягъэIурыщIа Iэщэхэм я цIэхэми ущрохьэлIэ. Ауэ щыхъукIэ, щабагъыр, гъэсэныгъэр, хабзэр ипэ зэрырагъэщыр щIахъумэркъым. 

ЛъапцIэу нэхъ жыжьэ унос

Дахагъэри, губзыгъагъэри, гуапагъэри, гулъытэри, дэтхэнэ гурыщIэ куури цIыхум щигъэунэхур и Iэпкълъэпкъыр узыншэмэщ, абы къыхэкIыу, зи IэнатIэм напэ къабзэкIэ бгъэдэт дохутырхэм я пщIэр пIэткIэ, ар зэи егъэлеиныгъэ хъунукъым. Медицинэм и лэжьакIуэхэм я махуэм щIакIуэ кIэлъытщтэж щIыкIэу, нобэ Боткин Сергей и Iэгъуапэмс диплъэну дигу къэкIащ. 

ЛъэпкъитIым я зэпыщIэныгъэ

XVI-XVII лIэщIыгъуэхэм Польшэр зэпымыууэ щIэкъуащ Шэрджэсым зыкъызэрыпищIэным. Лыхьхэм (полякхэм) я дежкIэ абы мыхьэнэшхуэ иIэт: адыгэхэр зауэшыти, дахьэхыурэ я дзэм хашэрт, зауэ къалъыкъуэкIмэ, Кавказым ираша адыгэхэрат пашэр.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ