Зэныбжьэгъугъэм и щыхьэт

Урысей Федерацэм хыхьэ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэмрэ къэрал щхьэхуэу зыкъэзылъы­тэж Осетие Ипщэ Республикэмрэ щопсэу осетинхэр.

Осетие Ищхъэрэ - Аланием осетинхэм нэмыщI, урыси, ингуши, ермэлыи, къумыкъуи, куржыи, тыркуи, украини, азербайджани, адыги, шэшэни исщ.

Адыгэхэмрэ осетинхэмрэ зэгъунэгъу къудей­къым, атIэ куэд щIауэ икIи зэныбжьэгъуфIхэщ. Абыи къыщынэркъым - я псэукIэ хабзэкIэ, щэнхабзэкIэ зэхъуажэу къогъуэгурыкIуэ. Я хабзэхэр щызэтехуапи щыIэщ.

Адыгэхэр лъэпкъ куэдым я гъунэгъущ, ауэ осетинхэм хуэдэу благъэ зыхуэхъуа яхэткъым. Пасэм щыгъуэ осетинхэм я бынхэр адыгэхэм къану къратрэ ирагъэгъасэу, ирагъэпIу щытащ. Апхуэдэт адыгэхэри. Абыхэм я щIэблэри осетинхэм я деж щрагъаджэрт. Нэхъыжьхэм зэрыжаIэжымкIэ, осетин жылэхэм я Iэтащхьэу ягъэувынур япэщIыкIэ Къэбэрдейм къагъакIуэрти, зэман гуэркIэ адыгэхэм я зэхэтыкIэм кIэлъыплъырт, хуеджэрт, кIуэжырти, итIанэт къуажэ унафэщIу щытыну дзыхь щрагъэзыр.

Осетинхэр ди лъэпкъым къызэрыхущытар къыбжеIэ ахэр адыгэм къызэреджэу щыта «кашкон» псалъэми. ОсетиныбзэкIэ абы «цIыху дахэ» къокI.

 Апхуэдэу быдэу зэпыщIауэ къызэрекIуэкIаращ осетин IуэрыIуатэм адыгэм ижь зыщIихуа таурыхъхэр, псысэхэр, хъыбархэр гъунэжу щIыхэтри. Псалъэм папщIэ, осетин IуэрыIуатэм ущыхуозэ адыгэ таурыхъ гуэрхэр уигу къэзыгъэкIыжхэм, адыгэ­хэм я хьэл-щэнхэр зыхэплъагъуэхэм.

А жытIахэм адыгэхэмрэ осетинхэмрэ я зэны­бжьэгъугъэ дахэу лIэщIыгъуэ бжыгъэхэр зи ны­бжьым я щыхьэтщ осетин таурыхъхэр. Къармокъуэ Хьэмид зэхуихьэсыжа а таурыхъхэм ящыщ фи пащхьэ идолъхьэ.

Хэт нэхъ Iущ?

Къуажэ гуэрым и лIыжьхэр хасэм щызэхуэсри зэдауэу щIадзащ - цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ дэтхэнэр нэхъ Iущ икIи дэтхэнэр нэхъыфI, жари. Абы жэуап пыухыкIа езытыфын къахэкIакъым хасэм хэтхэм.

ЛIыжьхэм я зэдауэм кIэщIэдэIухьа хъыджэбз гуэрым ар игу ириубыдэри, махуэ зытIу дэкIа нэужь нэхъыжьхэм япкърыупщIыхьу щIидзащ:

- Ди лъахэм щынэхъ губзыгъэ, щыцIэрыIуэ дыдэ, пщIэрэ щхьэрэ нэхъ щызиIэ цIыхухъур щыпсэур дэнэ? - жери.

Фызыжь гуэрым абы къыжриIащ къуршым ис къуажэм апхуэдэ щIалэ зэрыщыпсэур.

Хъыджэбзым а щIалэм хъыбар иригъэщIащ ехьэехуэн щхьэкIэ къыхуеблэгъэну зэрыхуеймкIэ, къызэригъуэтыну щIыкIэри гуригъэIуащ.

Хъыбарыр щыIэрыхьэм щIалэщIэм и шы-уанэр зэщIилъхьэри, хъыджэбзыр щыпсэу къуажэм къэкIуащ, щIэупщIэщ, абы и унэр къигъуэтри, еблэгъащ. ПщIантIэм дыхьэщ, епсыхщ, и шыр шыфIэдзапIэм ирипхри, езыр хьэщIэщым щIыхьащ. Хъы­джэ­бзми хьэщIэм гу къылъитати, къыщIэкIри сэлам кърихащ. ИтIанэ, зэрыхабзэу, хьэщIэщым Iэнэ хущIи­хьащ. ЩIалэр шха нэужь, хъыджэбзым абы хуиIуэтащ къыщIригъэ­блэ­гъар.

- Махуэ зытIу и пэкIэ сэ зэхэсхащ хасэм щызэхуэса лIыжьхэм я зэда­уэр. Ахэр зэдауэрт цIыхубзымрэ цIы­­ху­хъум­рэ нэхъ губзыгъэр яхузэхэмы­гъэкIыу икIи зэакъылэгъуу зым трамыубыдэфу. АтIэ, иджы уэрэ сэрэ къэдгъэгъуэт абы и жэуапыр.

Абы и ужькIэ хъыджэбзыр щIэкIри, икIи Iуплъэгъуейрэ, икIи щхьэдыкъыу зы хъыджэбз щIыгъуу къигъэзэжащ.

- Мис мыбы уригъусэу зы илъэс псэу! - жиIащ хъыджэбзым. - Иджы уэри апхуэдэ тыгъэ гуэр къысхуэщI.

ЩIалэщIэм и щхьэр игъэкIэрахъуэщ, хъыджэбз Iуплъэгъуейр шыплIэм дигъэтIысхьэри, я унэм ихьащ. Езыми я лъахэм нэхъ гурымыхьрэ мыкIуэ­мытэу ис щIалэ къилъыхъуэщ, шы игъэшэсри хъыджэбзым хуишащ:

- Мис си тыгъэр, - жиIащ щIалэм. - Уэри зы илъэскIэ дэпсэу мыбы!

ЩIалэщIэр и унэ къэкIуэжри, хъы­джэбз Iуплъэгъуей щхьэдыкъым дэпсэууэ щIидзащ. Ауэ хъыджэбзыр махуэ къэс екIакIуэ мыхъумэ, зыкIи нэхъыфI хъуртэкъым, езы щIалэри зы махуэм адрейр къыкIэлъыкIуэу цIыхубзым нэхъ ещхь хъууэрэ екIуэ­кIырт. И фызым и ягъэкIэ абы фIэ­кIуэ­дащ цIыхум я деж щиIа пщIэри щIыхьри. Илъэсым къриубыдэу лIым фыз щхьэдыкъыр зы губзыгъагъэ гуэр­ми хуиущиифакъым. Фыз щхьэдыкъыр щIалэм къезыгъэша хъы­джэбзри езым хуаша лIы мыкIуэмытэ Iуплъэгъуейм и гъусэу псэуху, фызым лIым цIыху хэтыкIэ иригъэщIащ. Фызым лIым и ныбжьэгъу нэхъ губзыгъэ­хэр къригъэблагъэрти, лIымрэ абыхэмрэ я зэныбжьэгъугъэр щIигъэбы­дэрт. Ауэрэ лIым пщIэрэ щIыхьрэ зиIэ цIыху гуапэ къищIыкIащ.

Илъэсыр кIуащ. Фызым шхыныгъуэ IэфIхэр игъэхьэзырщ, темылъ щымы­Iэ жыхуаIэм хуэдэ Iэнэ иузэдри, пщIэ нэхъ зыхуащIу жылэм дэсыр къригъэ­блэгъащ. ХьэщIэхэр Iэнэм пэрытIыс­хьакIэу мыдрей щIалэмрэ и фыз Iуплъэгъуеймрэ зэщIыгъуу къыIухьа­хэщ. Хъы­джэ­бзыр нэгъабэ зэрыщыта дыдэм хуэдэт, зыкIи нэхъыфI мыхъуауэ. Илъэс и пэкIэ пщIэрэ щIыхьрэ зиIэу щыта щIалэри щытт, и гуэншэрыкъ гъуанэм шабий гъуар къилэлу. Мыдрейуэ, нэгъа­­бэ хъыджэбзым къыхуашауэ щыта щIалэр пщIэрэ щIыхьрэ зиIэ хьэщIэхэм уардэу яхэст. Ар бжэIум къиувахэм еплъри, нэгъабэ мыбы къэзышауэ щыта щIалэр къицIыхужащ.

- Мо факъырэхэм зыгуэр яхуэфшийт! - зыхуигъэзащ абы и фызым.

ЦIыхубзым махъсымэр фалъэшхуэм иригъахъуэри, Iэнэм пэрысхэм елъэ­Iуащ зы псалъэ жиIэну хуит къа­щIыну.

- ПщIэ зыхуэтщI ди хьэщIэ лъапIэхэ! - къригъэжьащ абы. - Мы бжэIум итхэр уэкъулакIуэу къэзыкIухь факъырэхэкъым. Мы щIалэм и гугъу фэри зэхэфхагъэнщ. Илъэс и пэкIэ ар хэку псом къыщацIыхуу, лIыфIыгъэ­кIэ къыпэхъун щымыIэу, пщIэрэ щIыхьрэ иIэу щытащ. АтIэ, цIыхухъум­рэ цIыхубзымрэ нэхъ губзыгъэр яхузэхэмыгъэкIыу нэхъыжьхэр хасэм зэрыщызэдауэр зэхэсхащ. ЦIыхухъухэм Iуэхум и пэжыпIэр яхуэубзыхуакъым. Сэ сигу ислъхьащ абыхэм яхузэхэмыхуар зэIубз сщIыну. ИкIи иджыпсту мыбдеж щыт щIалэр къэслъыхъуащ. ИкIи а къыбгъэдэтыр щхьэгъусэу естащ. Езыми сэ къыхуэзгъуэта хъыджэбзым нэхърэ зыкIи мынэхъ щIагъуэу щIалэ мыкIуэмытэ къысхуишэри щхьэгъусэ дызэхуи­щIащ. АтIэ, абы сэ къысхуиша щIалэм къисщIыкIащ иджыпсту пщIэрэ щIыхьрэ хуэфщIу мыбдеж къывдэщыс си щхьэгъусэр. Мо тIури зэщхьэ­гъусэщ - цIыхубзым илIри езым хуэдэ ищIауэ. Мис абыхэм я унэр. Щрепсэу мыбы делитIыр! Сэри цIыху мы­кIуэ­мытэм псоми пщIэ зыхуащI къыщы­хэс­щIыкIыфакIэ, цIыхухэм пашэ, Iэта­щхьэ яхуэхъун лIыи къыхэсщIыкIы­фынщ. Щрепсэу мо тIур мыбы - ахэр зэхуэфащэщ. Сэри мыр си щхьэгъусэщи - зэгъусэу дожьэж.

ДелитIыр зэрыделэм хуэдэу нобэми зэдопсэу.

КЪЭБАРТ Мирэ.
Поделиться: