Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей. КъБР-м и унафэщIхэр и гъусэу хьэщIэ лъапIэр щыIащ ди щIыналъэм и еджапIэ нэхъыжьхэм ящыщу Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Сэрмакъ къуажэм дэт курыт школ №1-м.
ШколакIуэ 250-м щIигъу зэкIуалIэ еджапIэр къызэрызэIуахрэ мы гъэм илъэси 100 ирокъу. Къэбэрдей-Балъкъэр гъэзэщIакIуэ комитетым и унафэкIэ школыр къызэIуахауэ щытащ 1924 гъэм. 1958 гъэм абы гуащIыхьащ илъэси 8 еджапIэ, сабии 175-рэ щIэхуэу. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, нэхъапэIуэкIэ яухуауэ щыта унэр къэбгъэсэбэпыжыну шынагъуэ пылъу къыщIэкIри, жылэм къыдэхъуэ щIэблэр хуэныкъуэ хъуащ еджапIэ зэпэщ.
УФ-м и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ къыхалъхьауэ къэралым щагъэзащIэ «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ, къуажэм курыт школыщIэ щаухуащ. НыбжьыщIэ 275-м щIэныгъэ щызрагъуэтыфыным тещIыхьа еджапIэщIэм и унэр, УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу, хагъэхьауэ щытащ лъэпкъ проектым къызэщIиубыдэну IуэхущIапIэхэм. Федеральнэ бюджетым къыхэкIыу абы хухахащ сом мелуан 307-м щIигъу. Метр зэбгъузэнатIэ мини 7,2-рэ зыубыда ухуэныгъэм хэтщ еджапIэ пэш Iэхуитлъэхуитхэр, спорт пэшышхуэ, гуфIэгъуэхэр щызэхэпшэ хъуну пэш, шхапIэ ин, библиотекэ зэпэщ, лабораторэ класс хэхахэр, дэтхэнэри хуэфэщэн унэлъащIэкIэ къызэгъэпэщауэ. Школ пщIантIэри зэпэщщ, абы щаухуащ спорт утыкушхуэ. Гъэ еджэгъуэм и пэщIэдзэм лэжьэн щIэзыдза еджапIэщIэр сыткIи хуэщIащ иджырей мардэхэм тету щIэблэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным. КъинэмыщIауэ, сабийхэр пщэдджыжьакIуэ защIэу еджэнущ.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек фIыщIэ ин хуищIащ Кравцов Сергей, щIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм зиужьыным гулъытэ лъагэ зэрыхуищIым папщIэ. Республикэм и унафэщIымрэ федеральнэ министрымрэ гупсэхуу тепсэлъыхьащ республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм щыщыIэ щытыкIэм.
2018 гъэ лъандэрэ ди щIыпIэм щаухуащ школыщIэу 15, школи 10-м я ухуэныгъэр иджыпсту йокIуэкI. КъинэмыщIауэ, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр щызэфIахащ школ 65-м, иджыри еджапIэ 13 зыхуей хуагъазэ. Зэпэщ ящIащ школ спорт пэшышхуэу 78-рэ, «Зыужьыныгъэм и къежьапIэ» IэнатIэу школхэм къыщызэIуахащ 181-рэ. Абыхэм мы гъэм иджыри къахэхъуэнущ 13. Курыт IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм къыщызэIуахащ мастерской 48-рэ.
Зиужьащ гъэсапIэ IэнатIэми. Сабий 3465-рэ зэкIуэлIэфыну гъэсапIэщIэхэр яухуащ, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр мыгувэу щаублэнущ гъэсапIи 2-м. КъинэмыщIауэ, шэщIауэ мэлажьэ «Антарес» егъэджэныгъэ центрыр.
Гулъытэ хэха республикэм щыхуащI егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм Iут IэщIагъэлIхэм я лэжьапщIэм хэгъэхъуэным. Нэгъабэ и закъуэ къапщтэмэ, абыхэм я улахуэм хэхъуащ процент 16,5-кIэ. Ди Президентым и унафэм тету, курыт школхэмрэ колледжхэмрэ я класс унафэщIхэм хущIагъуащ иджыри сом мин тхурытху. Апхуэдэ ахъшэ гъэ еджэгъуэщIэм къыщыщIэдзауэ иратынущ школ унафэщIхэм гъэсэныгъэмкIэ я чэнджэщэгъухэми.