Дыщэу тIуСербием и Нови-Сад къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Европэм самбэмкIэ и чемпионатрэ щIалэгъуалэм пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа я зэхьэзэхуэрэ. Урысейм и командэ къыхэхам хэту абы щыбэнащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщхэу Беслъэней Темырланрэ ЗэкIурей Къаплъэнрэ икIи тIуми дыщэ медалхэр къахьащ. Беслъэней Темырлан щытекIуар илъэс 16 - 18 зи ныбжьхэр, килограмм 64-рэ зи хьэлъагъхэр зыхэт гупырщ. КIэух зэIущIэм абы щыхигъэщIащ куржы бэнакIуэ Горгадзе Гогэ. Илъэс 20 зи ныбжьхэм я деж зыкъыщызыгъэлъагъуэ ЗэкIурей Къаплъэн финалым щытекIуащ Азербайджаным и спортсмен Рахимов Наджат. Ахэри щыбэнар килограмм 64-рэ зи хьэлъагъхэр щызэпеуэ гупырщ. ЩIалэхэм я тренерхэр ПшынащIэ Муратрэ Уэщхъун Баширрэщ, зыщагъасэр Краснодар крайрщ. АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.
Поделиться:
Читать также:
04.09.2026 - 15:32 →
ШахматымкIэ нэхъ лъэщхэр зэхуешэс
28.08.2026 - 13:30 →
Къасболэт екIуу утыку къокIыж
23.08.2026 - 14:40 →
Зэдэхьыгъуейщ кубокри зэпеуэри
18.08.2026 - 13:43 →
Узыншагъэ быдэм и шэсыпIэ
16.08.2026 - 10:04 →
«Тэрчымрэ» «Логоваз»-мрэ зэдобакъуэ
| ||




