Спорт хъыбархэрСпорт тхыдэм щыяпэу ДзюдомкIэ спорт тхыдэм щыяпэу зи ныбжьыр илъэс 18 иримыкъуа спортсменхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIащ «Гран-при»-м хыхьэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. Ар щызэхашащ Узбекистаным и къалащхьэ Ташкент. Зэхьэзэхуэм кърихьэлIащ къэрал 19-м я бэнакIуэу 250-рэ, абыхэм ящыщу 30-р я хьэлъагъ елъытауэ дунейпсо рейтингым япэ увыпIипщIыр щызыIыгъхэм яхэту. Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм зэпеуэм хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ икIи Унэж Темырланрэ (кг 60) Хъуран Къантемыррэ (кг 66-рэ) домбеякъ медалхэр абы къыщахьащ. ЩIалэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Джэданэ Залым, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ сымэ. Гимнастхэр зэпоуэ Анэм и махуэм ирагъэхьэлIэри, художественнэ гимнастикэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ Осетие Ищхъэрэ – Аланием и Беслъэн къалэм щрагъэкIуэкIащ. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 28-м я спортсмену 500. КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм Олимп джэгухэм хэтыфыну сабий зачиифIэхэр щагъэхьэзыр и спорт еджапIэм и гъэсэнхэм гупхэм я зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщахьащ. Ди командэм хэтащ Блий Даринэ, Куэшмэн Иринэ, Зангий Софие, ШащIэ Амирэ, Туменовэ Алимэ, Локьяевэ Фаридэ сымэ икIи абыхэм псоми къыфIащащ УФ-м спортымкIэ и мастерым и кандидат цIэ лъапIэр. Командэр зэхьэзэхуэм хуэзыгъэхьэзырар Битиевэ Аннэрэ Къэрэгъул Лаурэрэщ. ЛIыхъужьыр ягу къагъэкIыж Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ 11-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Рязань къалэм. Ар и фэеплъу щытащ ФСБ-м и майор Соловов Владимир. Зэхьэзэхуэм хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 24-м я спортсмену 200-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 21-м щIимыгъуауэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэм медалищ зэпеуэм къыщахьащ - дыщэ медалу тIурэ зы домбеякърэ. Килограмм 72-рэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр щиубыдащ Хъущт Чэрим. Ди щIалэм финалым щыхигъэщIащ Москва областым щыщ Мельник Егор. ЕтIуанэ дыщэ медалыр къэзыхьар Атэлыкъ Темыркъанщ. Килограмм 87-рэ зи хьэлъагъхэм я деж кIэух зэхьэзэхуэр абы къыфIихьащ Новосибирск къалэм икIа Чепелев Глеб. Къудей Арсен ещанэ щыхъуащ килограмм 77-м щыбанэ гупым я деж. Ди спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Нэгъуей Азэмэт, Щокъарэ Мурат, Гугъуэтыж Мухьэмэд, Мэкъуауэ Малик сымэ. Лермонтов къалэм щохьэщIэ Ставрополь щIыналъэм и Лермонтов къалэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Кавказ Ищхъэрэм и бэнакIуэ ныбжьыщIэу 200-м нэблагъэ. Зэхьэзэхуэм хэтащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и «Арена» спорт еджапIэм и гъэсэнхэр икIи ехъулIэныгъэфIхэр къыщагъэлъэгъуащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм етIуанэ увыпIэхэр къыщахьащ Къэнэмэт Дамир, Аслъэн Азэмэт, МацIыхъу Къантемыр, Кхъуэныхь Арсен, Дзасэжь Мансур сымэ. Жолдащ Идар, Биджиев Къантемыр, Тезадэ Асэдулыхь, АфIэунэхэ Рустамрэ Расулрэ, Къардэн Мухьэмэд сымэ ещанэ хъуахэщ. Урыс Мухьэмэд чемпионщ «United World Wrestling» (UWW) зэгухьэныгъэм и нэIэ щIэту грэпплингымкIэ дунейпсо чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Азербайджаным и къалащхьэ Баку щекIуэкIащ. Абы хэтащ къэрал 24-м я спортсмену 500-м щIигъу. УФ-м и командэ къыхэхам хэту зэхьэзэхуэхэм зыкъыщагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэнхэм икIи медалиплI абы къыщахьащ. Килограмми 100 зи хьэлъагъхэм я деж дуней псом и чемпион щыхъуащ Урыс Мухьэмэд. Япэ увыпIэм хуэкIуэн щхьэкIэ ди щIалэм зэIущIиплI иригъэкIуэкIащ. Чемпионатым домбеякъ медаль къыщихьащ килограмм 62-рэ зи хьэлъагъхэм я деж зыкъыщызыгъэлъагъуэ Балэ Хьэсэнбий. Пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэм Шурдым Амир етIуанэ (кг 58-рэ), Къуэдз Алим ещанэ (кг 92-рэ) щыхъуахэщ. Ди спортсменхэм ядэлажьэр Шыхъуэстэн Руслан, Мэш Алим, Бэдракъ Рашид сымэщ. УФ-м силовой спортымкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Екатеринбург къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 24-м я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 400-м нэблагъэ. ГуащIэу икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа зэIущIэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм япэ увыпIэр гупхэм я зэпеуэм къыщихьащ. Чемпионатым щекIуэкIа щхьэзакъуэ зэпеуэхэм я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ Барай Темырлан, Гайсултанов Адлан, Щоджэн Iэниуар, Къэнэмэт Беслъэн, Тепляков Андрей, Веригин Владислав, Бэракъ Рустам, Дорошенкэ Тимофей, Къарэнашэ Залым, Жанатаев Магомед, Мэжджыхь Азрэт, Шыд Резуан, Джатауэ Руслан, Ташу Мухьэмэд, Хьэжмэт Инессэ. Пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэм дыщэ медалхэр къыщахьащ Куэшмэн Елдар, Булатов Виталий, Жапуев Ибрэхьим, Сыжажэ Идар, Мэжджыхь Алим, Щоджэн Алихъан, Шурдым Имран сымэ. Командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Бэракъ Рустам, Веригин Владислав, Гавриш Александр, Джатауэ Руслан, Мэжджыхь Азрэт, Гъубж БетIал сымэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:23 →
Шууей гупышхуэ Бахъсэн щызэхуос
25.11.2026 - 16:00 →
ТIуми медаль къахь
23.11.2026 - 18:00 →
Балъкъэр бэнакIуэхэр ягъэлъапIэ
19.11.2026 - 14:49 →
Спорт хъыбархэр
15.11.2026 - 10:16 →
Бахъсэн къалэм и спорт утыкущIэхэр
| ||




