Спорт хъыбархэрШахматымкIэ нэхъ лъэщхэр Кавказ Ищхъэрэм шахмат къызэрыгуэкIымкIэ, шахмат псынщIэмкIэ, блицымкIэ пашэныгъэхэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Каисса» клубым щекIуэкIащ иджыблагъэ. Абы щызэпеуащ илъэси 9-13-м ит ныбжьыщIэхэмрэ илъэс 15 - 19 зи ныбжь щIалэгъуалэмрэ, хъыджэбзхэри щIалэхэри зэхэту 345-рэ хъууэ. ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа зэIущIэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, япэ увыпIэхэр КИФЩI-м къыщахьащ ТекIуий Эмиррэ Лу Къантемыррэ. Апхуэдэуи етIуанэ, ещанэ увыпIэхэр къахьащ Вэрокъуэ Дамиррэ Токъуий Валерэрэ. Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр хэтынущ УФ-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ етIанэгъэ екIуэкIыну зэпеуэм. Медалу 26-рэ Дагъыстэным и Каспийск къалэм Алиев Алий и цIэр зезыхьэ спорт уардэунэм щекIуэкIащ Мэхъэчкъалэ и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIа урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 34-м я спортсмену 1100-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм екIуу зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи щхьэзакъуэ зэпеуэхэм медаль зэхуэмыдэу 26-рэ ди спортсменхэм къахьащ, абы щыщу 12-р дыщэу, 6-р дыжьыну, 8-р домбеякъыу. Апхуэдэ щIыкIэкIи, гупхэм я зэпеуэм КъБР-м и командэм япэ увыпIэр иубыдащ. Спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Губэшы Аслъэн, КIэмпIарэ Рустам, Мэш Алим, Щомахуэ Владимир сымэ.
Хэкум и хъумакIуэхэм я лIыгъэкIэ «Хэкум и хъумакIуэхэм я лигэ» фIэщыгъэр зэрихьэу дзюдомкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ Ульяновск къалэм щекIуэкIащ иджыблагъэ. Ар и фэеплъу щытащ дзэ Iуэху хэхам и лIыхъужь Мамедов Максим. Зэпеуэм хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 33-м я спортсмену 650-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ. Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэ Дадуев Суфян. Килограмм 81-рэ зи хьэлъагъхэм я деж дыжьын медаль къыщихьащ ди лъахэгъум. Дадуевым финалым къыщытекIуащ Санкт-Петербург къалэм и спортсменыр. ЩIалэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Иванов Дмитрийрэ Апхудэ Анзоррэ. КъищынэмыщIауэ, УФ-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ етIанэгъэ екIуэкIыну зэхьэзэхуэм хэтынухэр къызэрыхах зэпеуэу щытащ иджы екIуэкIар. Кулюшинэ Янэ къахожаныкI Китайм и Гуанси-Чжуан щIыналъэмрэ УФ-м и командэ къыхэхамрэ иджыблагъэ ирагъэкIуэкIащ шабзэкIэ нэщанэ еуэнымкIэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ. Ди къэралым и щIыхьыр иIэту Китайм щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменкэ Кулюшинэ Янэ икIи медалищ абы къыщихьащ: УФ-м и командэм хэту гуп зэпеуэм дыщэ медалрэ щхьэзакъуэ зэхьэзэхуэхэм домбеякъыу тIурэ. УФ-м и командэ къыхэхам 2028 гъэм екIуэкIыну Олимп джэгухэм зэрызыхуигъэхьэзыр зэIущIэхэм яхэтащ иджырей зэхьэзэхуэр. АдэкIэ, Кулюшинэ Янэ и зэфIэкIхэр щигъэлъэгъуэнущ УФ-м и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ Великие Луки къалэм мыгувэу щекIуэкIыну зэпеуэм. ЩIыхь зиIэ тренерхэм папщIэ Кубань щIыналъэм щIыхь зиIэ и тренерхэм я фэеплъу иджырей пятиборьемкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ Краснодар къалэм щекIуэкIащ мы махуэхэм. Абы щызэпеуащ УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 8-м я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 130-рэ, я ныбжьхэм елъытауэ гупищу ахэр гуэшауэ. КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и нэIэ щIэту лажьэ, олимпиадэм хэтыфыну сабий зэчиифIэхэр щагъэхьэзыр и спорт еджапIэм и гъэсэнхэм зэхьэзэхуэм екIуу зыкъыщагъэлъэгъуащ икIи увыпIэ лъагэхэр щаубыдащ. Кадетхэм я деж Къубей Сабир япэ, Мирюков Юрэ етIуанэ щыхъуахэщ. Гупхэм я зэпеуэм КъБР-м и командэм дыжьын медаль къыщихьащ. Абы хэтащ Хьэкъул Тимур, Мирюков Юрэ, Хачуев Темырлан сымэ. Хъыджэбзхэм я зэпеуэми ди республикэм и командэр етIуанэ щыхъуащ. Медалхэр ди командэм къыхуахьащ Къардэн Софие, КIужь Эллинэ, Быф Миланэ сымэ. Спорт утыкущIэхэр Бахъсэн къалэм иджыблагъэ спорт ухуэныгъэу 3 къыщызэIуахащ: боксерхэм, зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ пэшхэмрэ топджэгу губгъуэщIэрэ. Абыхэм иращIэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIащ Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ, УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Мамхэгъ Хьэчим, спорт лIэужьыгъуэ щхьэхуэхэмкIэ УФ-м, Европэм, дуней псом я чемпионхэу, УФ-м и Кубокыр къэзыхьахэу Мырзэ Резуан, Мэш Ислъам, Хьэжьрокъуэ Валерэ, Бэрэгъун Аскэр сымэ, спорт, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри. ЯпэщIыкIэ къызэIуахащ олимпиадэм хэтыфыну сабий зачиифIэхэр щагъэхьэзыр спорт еджапIэм боксым щыхуагъасэ и пэшыр, метр зэбгъузэнатIэу 300-м щIигъуу. Къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжа ухуэныгъэм и инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIащ, блынджабэхэр захуэ ящIри, къралэкIащ, бжэщIэхэр хагъэуващ, зыгъэпскIыпIэщIэхэр хуащIащ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIыхукIэ, спортсменхэм нэгъуэщI утыкухэм зыщагъэсащ. НобэкIэ секцэм щадолажьэ боксер ныбжьыщIэу 100-м нэблагъэм. ЕтIуанэу къызэIуахар къалэкум ит топджэгу губгъуэщIэрщ. Мыбдежым ар къыщагъэщIэрэщIэжауэ аращ икIи къызыхуэтыншэу зыхуей хуагъэза а щIыпIэм иубыдащ метр зэбгъузэнатIэу зы миным щIигъу. Губгъуэм «алэрыбгъущIэ» иралъхьащ, тренерхэм я пэшхэри хуащIащ. ИужькIэ ЩэнхабзэмкIэ унэм къыщызэIуахащ зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ пэш зэпэщыр. Абы метр зэбгъузэнатIэу 288-рэ еубыд икIи зэуэ цIыху 36-м зыщагъэсэфынущ. Тренировкэхэр езыгъэкIуэкIынур ММА-мкIэ зэуакIуэ лъэщхэу Мэш Ислъамрэ Хьэжьрокъуэ Валерэрэщ. Спорт ухуэныгъищми трагъэкIуэда мылъкур бюджетым къыхэкIакъым. Мыгувэу Мамхэгъ Хьэчим спортсмен ныбжьыщIэхэр зыхуэныкъуэну спорт оборудованэщIэхэр, Iэмэпсымэхэр, нэгъуэщI техникэ сыт хуэдэхэр абыхэм яритыжынущ. МЭРШЭН Батыр.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:23 →
Шууей гупышхуэ Бахъсэн щызэхуос
27.11.2026 - 16:00 →
Спорт хъыбархэр
25.11.2026 - 16:00 →
ТIуми медаль къахь
23.11.2026 - 18:00 →
Балъкъэр бэнакIуэхэр ягъэлъапIэ
15.11.2026 - 10:16 →
Бахъсэн къалэм и спорт утыкущIэхэр
| ||




