Календарь событий

22 ноября 2026

Ди пщащэхэм екIуу зыкъагъэлъагъуэ

Иджыблагъэ Владикавказ щекIуэкIащ гъуазджэхэмкIэ «Зо­лотая Ника» фестиваль-зэпеуэр. Абы пашэныгъэ къыщи­хьащ Налшык сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я зэфIэкIым зыщрагъэужь и унэм спорт-балл къафэхэмкIэ и «Глория» гупым. 

Къарцей Дианэ и нэIэм щIэт пщащэхэм екIуу зыкъагъэлъэ­гъуащ. КъэпщытакIуэхэм къыхагъэщащ ди къэфакIуэхэм я утыку итыкIэр, къэфэкIэр, зэблэкIыкIэр, я фэилъ­хьэгъуэр я гум зэ­рыдыхьар. Гупыр япэ нагъыщэр зиIэ лауреат ­щыхъуащ фестивалым. 

Нереис - псэущхьэ цIыкIу

Зи Iэпкълъэпкъыр «уэр­дыхъу» цIыкIу-цIыкIуурэ зэ­хэлъ псэущхьэщ уэшх хьэмбылум ирагъэщхь нереи­сыр. 

Хъуапсэ и псэ кIуэдыркъым

«Абилимпикс-2026» Лъэпкъ чемпионатым и домбеякъ ме­далыр Къэбэрдей-Балъкъэ­-рым къыхуихьащ къэралым и уэ­рэджыIакIуэ нэхъыфIхэм ящыщ хъуа Къумыкъу Мурат. 

ЗэгурыIуэныгъэ зэращIылIэнущ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ «Победа» псапащIэ фондым и унафэщIыр щыIащ Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм тезырхэр щагъэзэкIуэж и колоние №1-м. Джэдгуэш Александр яхуэзащ дзэ Iуэху хэхам хэтахэу IуэхущIапIэм тезырыр щезыхьэкIхэм. 

ЛIыхъужьым и дерс

Налшык дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ щIэблэр хэкупсэу гъэсэным хухэха зэIущIэ. Абы ­кърагъэблэгъат дзэ Iуэху хэхам хэта ПщыхьэщIэ Ахьмэд.

ГъащIэмрэ IэщIагъэмрэ щызэIэпэгъум деж

Анэдэлъхубзэр лъэпкъым и щIэжым  и гъуджэщ, и псэщ, мы гъащIэм хэ­мыкIуэдыкIыжу щызыгъэIэ гуащIэщ. Анэбзэр IухукIэ, лIэужьхэм я зэхуакум дэлъ зэпыщIэныгъэхэм кIуэд яIэкъым, къадэгъуэгурыкIуэ хабзэхэри мэпсэу, ауэ щыIэныгъэм къыщекIуэкI зэхъуэ­кIыныгъэхэр лъэпкъ мащIэхэм я анэ­дэлъхубзэхэм къыщегуауэ къыхокI. А удыным фэбжь къимыхьу лъэпкъым щхьэщызыхыр анэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэрауэ зэрыщытым шэч хэлъкъым. Аращ а IэнатIэм пэрыту анэбзэр щIэблэм ябгъэдэзылъхьэ цIыхум фIы­щIэ хуэфащэм и мызакъуэу, ар лъэп­къым и хъумакIуэу къыщIэлъытап­- хъэр, Адыгэбзэм и ГупсэкIэ щIеджапхъэр.