Ди пщащэхэм екIуу зыкъагъэлъагъуэ

Иджыблагъэ Владикавказ щекIуэкIащ гъуазджэхэмкIэ «Зо­лотая Ника» фестиваль-зэпеуэр. Абы пашэныгъэ къыщи­хьащ Налшык сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я зэфIэкIым зыщрагъэужь и унэм спорт-балл къафэхэмкIэ и «Глория» гупым. 

Къарцей Дианэ и нэIэм щIэт пщащэхэм екIуу зыкъагъэлъэ­гъуащ. КъэпщытакIуэхэм къыхагъэщащ ди къэфакIуэхэм я утыку итыкIэр, къэфэкIэр, зэблэкIыкIэр, я фэилъ­хьэгъуэр я гум зэ­рыдыхьар. Гупыр япэ нагъыщэр зиIэ лауреат ­щыхъуащ фестивалым. 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: