Джэд нэгэгъур нэхъыжь Iыхьэ папщIэу хахыу къызэрежьа щIыкIэм ехьэлIа мыпхуэдэ хъыбар IуэрыIуатэм къыхощыж.
Пасэм адыгэхэм хабзэу яIащ щхьэгъусэ къэзыша щIалэр, хьэгъуэлIыгъуэр зэрыдэкIыххэу, и лIыгъэр, хыхьэхэкIыр игъэлъэгъуэн папщIэ, зекIуэ ежьэу. Абы щыгъуэми гъуэмылэр зыпщэфIын хуейр нысащIэрт.
Арати, апхуэдэ щIалэ гуэр зекIуэ ежьащ. Ежьа гупыр зэгуэр епсыхри, шхэну зэхэтIысхьащ. ЩIалэм и гъуэмылэр къащтэмэ, джэд нэгэгъур зэгуаупщIыкIыу ямыгъэкъэбзауэ хэлът. Абдежым щIалэм и ныбжьэгъухэр къыщыдыхьэшхащ, къыщIэнэкIащ.
- Уэлэхьи, уэ ар щхьэгъусэ пхуэмыхъун, - къыжраIащ.
Ар щауэм гуауэ щыхъунтэкъэ?! КъызэрекIуэлIэжу фызым жриIащ зэрыригъэкIыжри щIригъэкIыжри.
ЛIым и псалъэхэм ягъэнэщхъея нысащIэм и Iуэху зыIутыр гуащэм хуиIуэтащ.
- Абы нэхъ лажьэ уимыIэмэ, ар Iуэхукъым, - жиIащ гуащэ губзыгъэм икIи и нысэр щэхуу игъэIущащ.
НысащIэм, гуащэм зэрыжиIам хуэдэу, джэдыр игъэхьэзырри, и лIыр къыщыщIыхьэжым елъэIуащ:
- Иджы сикIыжыным и пэ къихуэу, кхъыIэ, ауан сыкъэзыщIа уи ныбжьэгъухэр зэ сыгъэгъэхьэщIэж. ИтIанэ ди деж сегъэшэж, - жиIэри.
ЛIыр арэзы хъури, и ныбжьэгъухэр къригъэблэгъащ. НысащIэм шхыныр къытригъэуващ, нэгэгъур аргуэру зэрыхъурейуэ хэлъу. Гупыр зэплъыжри, аргуэру дыхьэшхащ, ауэ нэгэгъум и гугъу ящIыртэкъыми, нысащIэм къригъэжьащ:
- Си щхьэгъусэм ирихьэжьа гъуэмылэм хэлъа нэгэгъур зэгуэвупщIыкIыу феплъат? – жиIэри.
- Хьэуэ, - жаIэ гупым.
- НтIэ, и ныбжьэгъухэм ар ауан къэфщIу нэгэгъум фридыхьэшхащ, иджы ар къыспиубыдауэ срегъэкIыж. Зэгуэвгъэжу феплъын хуеящ. Абы щыгъуэм апхуэдэу щывмыщIакIэ, нэгъуэщI мыхъуми, мыр зэгуэвгъэжи феплъ, - захуигъэзащ нысащIэм.
Гупым я нэхъыжьым нэгэгъур зэгуигъэжмэ, и кум бжьын, бжьыныху, шыбжий, джэдгын хуэдэхэр илъу къыщIэкIащ. Едзакъэри, IэфIти, и бгъуитIымкIэ щысхэм, къыпигъэжри, яритащ. Абыхэми ягу ирихьащ.
- Уэлэхьи, лей къыптедгъэхьэ пэтамэ, къытхуэгъэгъу, дяпэкIэ нэгэгъур зэгуэдгъэжу демыплъауэ Iэнэм тредгъэхыжынкъым, - жаIэри нысащIэр ирагъэкIыжу ядакъым.
Хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, нэгэгъур нэхъыжь Iыхьэу ягуэшу абдеж къыщежьащ.