Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?Мазэр уахэм илъэс мелардкIэрэ ди планетэм къыщыдэщIыгъу-къыщыдекIуэкI къэщIыгъэ абрагъуэщ. Ауэ иужьрей лъэхъэнэм щIэныгъэлI гуэрхэм шэч къытрахьэ хъуащ а щытыкIэр сытым дежи зэрыщымыIэнум теухуауэ. КъыддэгъуэгурыкIуэ уафэщI нэхъ цIыкIур зытет гъуэгуанэу ЩIым и хъуреягъыр къызэрилъэтыхьыр кIуэ пэтми нэхъри нэхъ тпэжыжьэ хъууэрэ йокIуэкI, астрономхэм ящыщ гуэрхэр къызэрабжамкIэ. Ауэ щыхъукIи, мыпхуэдэ упщIэ къоув: «дыкъэзыгъэнэху къэщIыгъэ абрагъуэу уафэм жэщкIэрэ къытхуиувэр уахэ жыжьэм хэзэрыхьыжу зэгуэр ткIэщIэкIыпэну пIэрэ?» жыхуиIэр. Абыи щIэныгъэлIхэм жэуап иратыфынущ. Пшапэр зэрызэхэуэу, Мазэм и теплъэр, уимытхьэкъункIэ Iэмал имыIэу, удэзыхьэхщ, гури псэри зыгъэпсэхущ. Дэ абы и сурэту уафэм къыщекIуэтэкIым апхуэдизкIэ десэжащи, а Iуэхум дгъэщIагъуэ мыхъун гуэри хэмылъу къытщохъу. Ара пэтми, Мазэр езыр къызэрымыкIуэу дгъэщIагъуэ хъун къэщIыгъэщ, зэрыдахэкIейм и гугъу дымыщIми. Езым и тхыдэ зэриIэжым щыхьэт техъуэхэм ящыщщ и щхьэфэр кумбыгъэ-къуабэбжьабэу зэрыщытри гъуабжафэ-фIыцIафэ зэтплъ дыркъуэ инышхуэхэр абы зэриIэри. Иужьрейхэр здиIэ щIыпIэхэр, щIэныгъэлIхэми зэрыжаIэу, хьэршыр зэрыбжэ зэман кIыхь дыдэхэм къриубыдэу уахэм зэгуэр къилъэтыкIа метеорит абрагъуэхэм къаудыныхьауэ аращ. ИкIи Мазэм и щхьэфэм иIэ а уэх абрагъуэхэр абы къытенащ илъэс мелардхэм я кIуэцIкIэ къыщекIуэкIа а къэхъукъащIэ шынагъуэхэм я лъэужь мыбзэхыжу. Сыт, атIэ, къыпэплъэр дызэсэжа а ди жэщ хъумакIуэм? Ар елъытащ а уафэщIым блэкIа жыжьэ дыдэхэм и къэунэхукIэу щытами, зэкIэрэхъуэкI ди ЩIы Хъуреймрэ езымрэ зэрызызэщIашэ я къарухэм (гравитацием) я зэпекъукIэми, а тIури зэпхыжа ди Дыгъэм къыпэплъэ Iуэхугъуэхэми. Физикэ щIэныгъэр тегъэщIапIэ зыщIахэм къызэрахутамкIэ, уахэр зыуфэбгъуа вагъуэ нэхъ ин дыдэхэм я деж къыщегъэжьауэ (ди Дыгъэри абыхэм яхэту) планетэхэм, абыхэм ядэгъуэгурыкIуэ уафэщI нэхъ цIыкIухэм (спутникхэм), метеоритхэмрэ мывэ скъар такъырхэмрэ я деж щиухыжу, я зэхуаку къыдэхъуэ гравитацэ губгъуэ зэпекъум и фIыгъэкIэ зыр адрейм зыщIешэ. А Iуэхугъуэм къыхэкIыу, планетэ нэхъ инхэм (дыдейри яхэту) япкърыт магмэм я щIы щIагъхэм зэпымыууэ зыщагъазэ, я зы Iыхьэр зыщIэзышэм (ЩIы Хъурейм етлъытмэ, Мазэм) нэхъ и гъунэгъуу, адрей я Iыхьэр нэхъ пэIэщIэу къызэрыщIидзым къыхэкIыу. АтIэми, «магмэ» жыхуаIэр хуабэрэ ткIуаткIуэу лъэхъэнэ кIыхь дыдэхэм къриубыдэу къыщIызэтенэри аращ – планетэхэм я кIуэцIым зэрызыщигъэхъейм и фIыщIэщ. Еджагъэшхуэхэм зэрызэхуагъэхъуамкIи, арагъэнущ ди деж (ди уафэщIым) къыщыунэхуа гъащIэм зыщиужьынымкIи лъабжьэфI щызэригъэпэщынымкIи шэсыпIэ нэхъыщхьэу къэувар. УафэщIым и къэунэхукIэм дытепсэлъыхьмэ, астрономхэм я нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ, Мазэр дунейм къыщытехьар лъэхъэнэ жыжьэхэм къыпэгъунэгъурэ хуабжьагъышхуэ щызезыхьэу хьэршым къыщызылъэтыхьа Тейя пкъыгъуэ абрагъуэр ЩIы Хъурейм къыжьэхэуа иужькIэщ. ЗэрыжаIэмкIи, а къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэм ди планетэм и кугъуэм хуэзэу ткIуаткIуэ щытыкIэм итрэ къыщызэщIэплъауэ щыщыIэ магмэм къыгуилъэфа Iыхьэ абрагъуэхэм зэрызыщIашэ я къарукIэ (гравитацие) уафэ жыжьэм зыщызэрашэлIэжри, ЩIы Хъурейм къекIэрэхъуэкI ди Мазэр къагъэщIащ. КъыддэгъуэгурыкIуэ а къэщIыгъэм и ныбжьыр къыщапщытэм, еджагъэшхуэхэм къагъэсэбэпащ магмэр ткIуаткIуэ щытыкIэм имытыжу щызэпцIыжкIэ, и зыхъуэжыкIэм и хуабжьагъыр къэзыпщытэ математикэ IэмалыщIэу компьютер технологиехэм тещIыхьахэр. Астрофизикхэр зэрегупсысымкIэ, Мазэр ЩIы Хъурейм дэщIымыгъуатэмэ, дызытесым иIэнур нэгъуэщI теплъэт, уеблэмэ гъащIэм и къэкIуэкIэу дызэсэжахэри дунейм къытемыхьэххэнкIэри хэтт. Уафэм Мазэр щIэх-щIэхыурэ къимыуватэмэ, ЩIы Хъурейм и жэщхэр куэдкIэ нэхъ пхыплъыгъуейуэ псэкIи нэхъ шэчыгъуейуэ къыщIэкIынут. Ди планетэм тет псэущхьэхэм (дэри дахэту) ди нэхэр, вындым хуэдэу кIыфIыбзэ жэщхэм дащыхэмыплъыкIыфкIэ, иджыпсту зэрыщытым хуэмыдэу, къызэрымыкIуэу жаныщи хъунут икIи заужьынут. Хэтыт зыщIэр, апхуэдэм деж электроуэздыгъи дыхуэмеижынкIэри хэтт. АтIэми, ЩIы Хъурейм къыддэгъуэгурыкIуэ къэщIыгъэ абрагъуэм ди планетэм и хыпсыр и пIэ иримыгъэту зэрызэридзэм къыхэкIыу, и джэлэсым и хъуреягъкIэ (и джэлэсым елъытауэ) и къекIэрэхъуэкIыкIэми мащIэ-мащIэурэ кIэрегъэху, нэхъри дгъэбелджылымэ, илъэсищэм къриубыдэу зы микросекундкIэ. ЛIэщIыгъуэ минкIэрэ зэрыщытауэ, абы къикIыр аращи (щIэныгъэлIхэм къызэрабжамкIэ), Мазэр тщхьэщымытамэ, жэщ-махуэр сыхьэти 8-т зэрекIуэкIынур, илъэсым махуэ I000 и кIыхьагъынут. Ауэ щыхъукIи, псынщIащэу зи джэлэсым еджэрэзэкI планетэм и щIыгум фIэкIыпIэншэрэ Iэмалыншэу жьапщэ иныщэхэр къыщыхъеинут, и хыпсри ямылейуэ къыщыукъубеинут. ЩIы Хъурейм мы зэманым тес псэущхьэхэм я нэхъыбэм ар яхуэхьынутэкъыми, зыгуэрхэри къыщымыунэхуххэнкIи хъунут. КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
27.11.2026 - 16:15 →
Узыншагъэм теухуа хъыбархэр
| ||




