Нэф хъуа цIыху цIэрыIуэхэрДуней псом цIэрыIуэ щыхъуа цIыхухэм нэфи яхэтщ. Зи нэм имылъагъухэм дуней щхьэхуэ гуэр зыхащIэ, я гупсысэкIэри адрейхэм къащхьэщыкIынкIи мэхъу. И нэм сэкъат игъуэта нэужьи я лэжьыгъэр зэпамыгъэууэ гъуазджэ, щIэныгъэ хъугъуэфIыгъуэхэм хагъахъуэрт абыхэм. Яхэтт абыхэм макъамэтхи, уэрэджыIакIуи, сурэтыщIи, щIэныгъэлIи, тхакIуи, математики, физики. 1685 гъэм гъатхэпэм и 31-м къалъхуащ нэмыцэ макъамэтх Бах Себастьян. Бынийм я нэхъыщIэт ар. Щысабийм Бах хорым хэту уэрэд жиIэу щытащ. Эйзенах къалэм къыщыхъуащ. Илъэси 9 щыхъум ар ибэу къанэри, и къуэш нэхъыжь Иоганн Кристоф и деж Iэпхъуауэ щытащ. Абы Себастьян иригъасэрт клавесинэрэ органымрэ макъамэ къригъэкIыу. И къуэш нэхъыжьым нотэхэр зэрыт и тетрадым ар туэздыгъэнэфкIэ еджэрт, къритхыкIыжырт. Илъэс ныкъуэкIэ апхуэдэу зэрылэжьар абы и нэм Iейуэ зэран къыхуэхъуащ. Илъэс 15 хъууэ и япэ макъамэр итхащ Бах. Егъэлеяуэ тхьэкIумафIэт. Асыхьэту и гум ириубыдар макъамэ Iэмэпсымэм дагъуэншэу къригъэкIырт. Илъэс 23-м иту Иоганн Себастьян Веймар, герцог Вильгельм Эрнст и уардэунэм лэжьэн щыщIидзащ. Абы и зэфIэкIым гу лъатат клавесинэрэ органрэ еуэу зылъэгъуа псоми. Бах Иоганн япэу иIа щхьэгъусэ Барбара Марие бынибл дигъуэтауэ щытащ, ауэ плIыращ къахуэхъуар. Ар дунейм ехыжа нэужь, етIуанэу Бах щхьэгъусэ хуэхъуащ уэрэджыIакIуэ Магдаленэ Аннэ. БзылъхугъитIым къыхуалъхуацуэ бын 20 иIащ Себастьян,ауэ 10-ращ балигъ ныбжьым нэсар. Бах и щIалэхэри композитор, музыкант хъуащ. Макъамэ хъугъуэфIыгъуэу 1000-м нэс къыщIэнащ Бах. Жьы хъуа нэужь, Бах и нэр операцэ иригъэщIыну тегушхуат, ауэ операцэм иужькIэ зыри илъагъужыххакъым. Нэф хъуа макъамэтхым и лэжьыгъэр зэпигъэуакъым. 1750 гъэм дунейм ехыжыху. Галилей Галилео Италием, Пизэ къалэм 1564 гъэм къыщалъхуащ. И адэ Винченцэ макъамэм дихьэхырт, и IэщIагъэуи арат ибжыр. Ауэ абыкIэ щIагъуэу сом къыхуэлэжьыртэкъыми, «мылъкукIэ къулейкъым, бынкIэ къулейщ» къыхужаIэрт. БыниплIым я нэхъыжьт Галилео. Галилей пасэу еджэфу зригъэсащ. Ар школым иратри, илъэс 11 хъуху кIуащ. ИужькIэ унагъуэр Iэпхъуащ Флоренцием. Галилео и адэм иригъэсат макъамэ Iэмэпсымэхэр игъэIэрыхуэу, уеблэмэ уэрэд цIыкIухэри зэхилъхьэфырт. И адэм сурэтыщIхэр и ныбжьэгъути, абыи хуагъэсащ щIалэ цIыкIур. Винченцэ хуейт щIалэр медицинэм хуригъэджэну, абы улахуэфI къызэрыпэкIуэм къыхэкIыу. Медицинэм и щIэныгъэлIхэм а зэманым Италием и университетхэм илъэсым къриубыдэу флорин (ахъшэ) 400-500 къалэжьырт. Математикэм пыщIахэм къалэжьыр флорин 60 къудейт. Илъэс 17 хъууэ щIалэр Пизэ кIуащ университетым медицинэр щиджыну. Абы ирихьэлIэу математикэмкIэ дерсхэми екIуалIэурэ, апхуэдизкIэ дихьэхати, и адэр гузавэрт медицинэр IэщIыб ищIыжынкIэ. Зэман дэкIауэ, Пизэ университетым математикэмкIэ профессору игъэзэжащ. Къыдеджахэм къалэжьым нэхърэ 30-кIэ нэхъ мащIэт и улахуэр. Илъэс нэхъ дэмыкIыу и япэ щIэныгъэ лэжьыгъэшхуэр утыку къищIащ. Галилео Галилей телескоп къигупсысащ. Ар тегъэщIэн ищIри, мазэм и щхьэфэм и картэр зэхигъэуващ. Телескопым и фIыгъэкIэ Юпитер и спутникиплI, Шыхулъагъуэр вагъуэ куэду зэрызэхэтыр къихутащ, Дыгъэм IэпапIэ къыщилъэгъуащ. Иужьым телескопхэр езым къыщIигъэкI хъуащ. Галилео къигупсысащ Iувагъ къызэрапщ тэрэзэри. Япэ термометрыр дунейм къытехьащ абы и фIыгъэкIэ. Абы щыгъуэ «термоскопт» зэреджэр: абджыпс хъурейм абдж бжьамий цIыкIу тегъэубыдауэ, ткIуаткIуэм хащIэрт. Абджым ит хьэуар къэплъырти, бжьамийм ткIуаткIуэр имыхуэжу къыдэжырт. Хьэуам и пщтырагъыр нэхъыбэху, бжьамийм ит ткIуаткIуэри нэхъ мащIэт. Нэхъ иужьыIуэкIэ, Галилей и термоскопым нэхъ нэщIысауэ елэжьыжащ абы и гъэсэн Медичи Фернандо. Микроскопыр къэунэхуным зи гуащIэ хэлъхэм хабжэ щIэныгъэлIыр. «Нэ цIыкIу» («occhiolino») фIищауэ абы къигупсыса микроскопыр деи Линчеи и академием щигъэлъэгъуауэ щытащ. И IэрыкIыр къигъэсэбэпурэ, Галилео Галилей хьэпщхупщхэм я зэхэлъыкIэр иджырт. Галилео Галилей къигупсысащ циркулри. Абы узэрилэжьэну щIыкIэри къыщигъэннэIуауэ щытащ тритхыхьа щIэныгъэ лэжьыгъэм. Иужьрей илъэсхэм Галилео Галилей и нэм и жанагъым кIэрыхуурэ, нэф хъуауэ щытащ. Француз щIэныгъэлIт Брайль Луи. БыниплIым я нэхъыщIэ цIыкIум Людовик фIащами, гъэфIэныцIэу ирата Луи-м къытенат. И адэр IэпщIэлъапщIэт, ар елэжьырт шы Iэпслъэпсхэм. Махуэр щигъэкIуэн фIэфIт щIалэ цIыкIум адэм и лъэщапIэм. Фэ пытхъахуэхэр зэхуихьэст, зыгуэрхэр къыхищIыкIыну и ужь итт. КIэщIу жыпIэмэ, зэрыджэгу хьэпшып хуэдэу иIэт. Ауэ адэм езыр имыгъусэу щIигъэхьэртэкъым и лъэщапIэм, дзыхь ищIыртэкъым. Зэгуэрым, зигъэпщкIури, и закъуэу абы кIуащ. Aуэ фэм гъуанэ хуищIын и гугъэу, дыдкIэ епэщэщурэ, и нэм щIэуэжащ. Абы щыгъуэ илъэсищым иту арат. Сабийм и нэр къахуегъэлакъым: е екIуащ, адрей нэми Iэпхъуащ. Илъэситхум щIалэ цIыкIур нэф хъуащ. Луи цIыкIу и адэм еджэкIэ иригъэсащ мыпхуэдэ щIыкIэкIэ: пхъэбгъум хьэрфхэм я щытыкIэм техуэу гъущI Iунэхэр хиукIэри, IэпэрыгъуазэкIэ ар сабийм къригъэпщытэу щIидзащ. ИлъэсипщIым иту, зи нэм имылъагъухэм папщIэ институтым, Париж щыIэм,ягъэкIуащ. Институтым еджэнкIэ къыщыхэжаныкIри абы ит стипендиери къилэжьащ. «Жэщырыгъуазэ алыфбейкIэ» а зэманым зэджэу щытамкIэ ирагъаджэрт сабийхэр. А алыфбейр къагъэсэбэпу щытащ жэщым щэхуу хъыбар зэIэпызыхын хуей хъу сэлэтхэм. Луи пасэу щIидзащ Iэпэрыгъуэзэным и щэхухэр къихутэу. Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэу, и адэ-анэм я деж къэкIуэжамэ, щIалэ цIыкIур ялъагъурт зыгуэрым епэщэщу гъуэгу Iуфэхэм Iусу: папцIэ гуэрхэмкIэ тхылъымпIэпс Iувыр иугъуэнырт, IэпэкIэ зэригъапщэрт. Илъэс I6-м иту арат апхуэдизрэ зэпэщэщар къэхутэныгъэ щыхъуам: точкэ 63-рэ къыщыгъэсэбэпа алыфбей зэхигъэуват. Илъэс 20 щыхъуам Брайль Луи зи нэм имылъагъухэм папщIэ Iэпэрыгъуазэ еджэкIэр къигупсысащ. Нэфхэр Брайль и шрифтым и фIыгъэкIэ тхылъ йоджэф, компьютерым иролажьэ, макъамэм хуоджэ. Брайль и алыфбейр иджыпсту дуней псом къыщагъэсэбэп. Алыфбейм лъабжьэ хуищIащ дамыгъищ: ахэр сатыритIым щырыщу тетщ. А дамыгъэхэм бжыгъэхэр, псалъэхэр, сурэтхэр, макъамэ нотэхэр къыхэпщIыкI мэхъу. Брайль и дамыгъэхэр ижьымкIэ къыщыщIидзэу ботх, итIанэ, къызыбогъэзэкIри, сэмэгумкIэ къыщыщIидзэу укъоджэ. Брайль хузэфIэкIащ нэфхэм дуней яригъэлъэгъуну. Иджы компьютерым илъ тхыгъэ къызэрыгуэкIыр Брайль и Iэпэрытхэм хуэзыгъакIуэ программи къагупсысащ. Франджым, Кувр къалэм, езыр къыщалъхуам, щыIэщ Брайль и унэ-музейр.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 18:20 →
ДыщэидэмкIэ дерсхэр
27.11.2026 - 12:47 →
МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ!
26.11.2026 - 14:04 →
КъежьапIэхэр къэзылъыхъуа бзылъхугъэ
26.11.2026 - 12:30 →
Хабзэр къызэрежьар
25.11.2026 - 13:00 →
Сатыр пщыкIуплI хъу усэ
| ||




