Зи Iэпкълъэпкъыр «уэрдыхъу» цIыкIу-цIыкIуурэ зэхэлъ псэущхьэщ уэшх хьэмбылум ирагъэщхь нереисыр.
Абыхэм яхэтщ зи зэпрыупIэкIэ сантиметри 4-5 фIэкIа мыхъу кIагуэ жьгъейхэри, метр ны-къуэм щIигъу зи кIыхьагъхэри. ЛIэужьыгъуитIми, хэплъыхь ямыщIу, я шхыныгъуэр ятIэ щабэщ, зыIуагъахуэр плъыжьыфэми, гъуабжафэми, щхъуантIафэми. Нереисыр псэущхьэ къиинкъым, абы сыт хуэдэ псыри, шыугъэми мышыуми и зэхуэдэщ. Телъыджэщ, ауэ зыхэсым лъышэр (кислород) къыщемэщIэкIми щымыIэххэми, тIум щыгъуи гузэвэгъуэ «зригъахуэркъым».
Псы лъащIэм къыщритхъу гъуэмбырэщ цIыкIум нереисыр илъэсым нэблагъэкIэ щопсэу, ауэ щIэжьей игъуэтын хуей хъуакъэ - псыщхьэм къыдокIуейри, щIэблэ къызэрыщIэхъуэу, езыр дунейм йохыж.
Хьэмбылум ещхь а псэущхьэ цIыкIум сэбэп зыпылъ Iуэхугъуэхэр къэщIыгъэм щызэфIегъэкI. ЗэрыжытIащи, зыIуигъахуэри зыгъэпсэури ятIэщ. Езы нереисыр, и жагъуэ - и щIасэми, бдзэжьейхэм я Iусщ. Ауэ щыхъукIи, а хьэмбылу лIэужьыгъуэм ишха ятIэр бдзэжьейм щыщ мэхъуж. ИкIи, зэрыгурыIуэгъуэщи, а щIыкIэм иту ди Iэнэхэм къыщытехьи щыIэщ.
Дауи, щIыуэпсым щыпсэун папщIэ, цIыхум фIыщIэ зыхуищIыпхъэр нереисым и закъуэкъым, атIэ и шхыныгъуэ зыгъэбагъуэ дэтхэнэ зы псэущхьэми: Iэмыщми, мамыщми, джэдкъазми, мэз псэущхьэми - кIэщIу жытIэмэ, ерыскъы «къыхуэзылэжь» дэтхэнэ зыми.
Еджагъэшхуэхэр зэгуэр егупсысат: «Нереисхэр Каспий тенджызым хэдгъэтIысхьэ щхьэ мыхъурэ?» - жаIэри. Хы лъэгум ятIэр щыкуэдыжьщ. Каспийр гуэл абрагъуэу ябж щхьэкIэ, тенджызым и нэщэнэхэр иIэщ: и кууагъыр щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ километрым щыщIегъу, и псыр, къызэрыкIэрыху щымыIэу, шыугъэщ, хы псэущхьэ Iэджи хэсщ. Дунейпсо хым зэрыпыщIа щымыIэми, абы гуэпха тенджызхэм къазэрыщхьэщыкI думылъагъуну, къыщызэрыкIхэм деж мэгубжь икIи зехъунщIэ, зыкъыщызыIэт икIи щыуфафэ хы сыджхэр зыкIи щынэхъ лъахъшэкъым.
А псом къадэкIуэуи зэманыфI дэкIащ Ищхъэрэ Мылылъэ хыр зи хэщIапIэ псэущхьэхэм ящыщ гуэрхэм мы тенджызыр псэупIэ зэращIрэ. Ахэр, дауи, мыбы нэс къызэрыIэпхъуар псы щIагъ-кIэщ, ищхъэрэ жыжьэм и мылджейхэр ткIужын щыщIадзам къыщыщIэдзауэ.
Биологхэм зэрыжаIэмкIи, а щIыкIэм тетущ Каспий тенджызым къызэрыщыхутар аргъейхэр, тюленхэр, бдзэжьей хужьхэр, псэущхьэ жьгъей дыдэу «планктонкIэ» зэджэхэр. Пэжщ, ищхъэрэкIэ къиIэпхъукIахэм къызыхэкIа хым и нэщэнэ-и теплъэгъуэхэр мы псы хъуреишхуэми къыщалъыхъуэ: тюленхэр щылъхуэр щIымахуэрщ, мыл гущIыIум телъу; бдзэжьей хужьымрэ аргъеймрэ щIэжьей цIыкIухэр къащыщIэхъуэр дунейм и щIыIэгъуэрщ; елыр-къэш гуащIэмащIэхэми, щIы-пIэ нэхъ щIыIэтыIэ къалъыхъуэу, псым и куупIэм зыщаудыгъу.
Iузэв (Азов) тенджызым кърашри Каспий зэгуэр хаутIыпщхьат бдзэжьей лъэпкъыгъуэ зыбжа-нэ. Иджы мыбдеж абыхэм лIэщIыгъуэкIэрэ зыхэса я унапIэ фIэкIа пщIэнкъым, апхуэдизу щызэгъащи.
Нереисхэм я гугъу тщIымэ, ахэри Каспий хэс бдзэжьейхэм икъукIэ ягу ирихьащи, нэгъуэщI шхыныгъуэ къыщамылъыхъуэжми ярейщ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, зы илъэсым къриубыдэу бдзэжьейхэм зыIуагъахуэ хьэмбылухэр апхуэдизу куэдыщэщи, ахэр зэбгъэзахуэмэ, вагон мин 13-м пхуигъэхуэн къудейщ. А вагонхэр, зым иужь адрейр иту зэпыбгъэувэмэ, я кIыхьагъыр километри 120-м нэблэгъэнущ.