Бахъсэн къалэм и спорт утыкущIэхэр

Бахъсэн къалэм иджыблагъэ спорт ухуэныгъэу 3 къыщызэIуахащ: боксерхэм, зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ пэшхэмрэ топджэгу губгъуэщIэрэ. Абыхэм иращIэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIащ Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ, УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Мамхэгъ Хьэчим, спорт лIэужьыгъуэ щхьэхуэхэмкIэ УФ-м, Европэм, дуней псом я чемпионхэу, УФ-м и Кубокыр къэзыхьахэу Мырзэ Резуан, Мэш Ислъам, Хьэжьрокъуэ Валерэ, Бэрэгъун Аскэр сымэ, спорт, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри. 
ЯпэщIыкIэ къызэIуахащ олимпиадэм хэтыфыну сабий зачиифIэхэр щагъэхьэзыр спорт еджапIэм боксым щыхуагъасэ и пэшыр, метр зэбгъузэнатIэу ­300-м щIигъуу. 
Къызыхуэтыншэу зэрагъэпэ­щыжа ухуэныгъэм и инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIащ, блынджабэхэр захуэ ящIри, ­къралэкIащ, бжэщIэхэр хагъэуващ, зыгъэпскIыпIэщIэхэр хуа­щIащ. Лэжьыгъэхэр ирагъэ­кIуэ­кIыхукIэ, спортсменхэм нэгъуэщI утыкухэм зыщагъэсащ. НобэкIэ секцэм щадолажьэ боксер ныбжьыщIэу 100-м нэблагъэм. 
ЕтIуанэу къызэIуахар къалэкум ит топджэгу губгъуэщIэрщ. Мыбдежым ар къыщагъэщIэрэщIэжауэ аращ икIи къызыхуэтыншэу зыхуей хуагъэза а щIыпIэм иубыдащ метр зэбгъузэнатIэу зы миным щIигъу. Губгъуэм «алэ­рыбгъущIэ» иралъхьащ, тренерхэм я пэшхэри хуащIащ.
ИужькIэ ЩэнхабзэмкIэ унэм къыщызэIуахащ зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ пэш зэпэщыр. Абы метр зэбгъузэнатIэу 288-рэ еубыд икIи зэуэ цIыху 36-м зыщагъэсэфынущ. Тре­ни­ров­кэхэр езыгъэкIуэкIынур ММА-мкIэ зэуакIуэ лъэщхэу Мэш Ис­лъамрэ Хьэжьрокъуэ Валерэ­рэщ. 
Спорт ухуэныгъищми трагъэкIуэда мылъкур бюджетым къыхэкIакъым. Мыгувэу Мамхэгъ Хьэчим спортсмен ныбжьыщIэ­хэр зыхуэныкъуэну спорт оборудованэщIэхэр, Iэмэпсымэхэр, нэгъуэщI техникэ сыт хуэдэхэр абыхэм яритыжынущ.

КЪУЭЖЕЙ Iэдэм.
Поделиться: