КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщКуэд мыщIэу ягъэлъэпIэнущ КъэкIыгъэхэм я щытыкIэм кIэлъыплъ къэрал IуэхущIапIэм и махуэр. СССР-м щIыр къэгъэсэбэпынымкIэ и ЦIыхубэ Комиссариатым и нэIэм щIэту а IуэхущIапIэр къызэрагъэпэщауэ щытащ 1931 гъэм. 2005 гъэм ар «Россельхознадзор»-м и IэнатIэхэм ящыщ зы хъуащ. Къэралым гулъытэ хэха щыхуащIу къокIуэкI Урысейм и щIыналъэхэр зэрыкъулей къэкIыгъэ лIэужьыгъуэ псоми. Абы жылагъуэ мыхьэнэ иIэщ. Абы къыхэкIыу, нобэ дэтхэнэ зы щхъуантIагъэри узыфэхэмрэ щIыуэпсым и къэхъукъащIэхэмрэ зэрыщахъумэным хуэунэтIа пэхуэщIэхэр ягъэзащIэ. ЗэманкIэ дызэIэбэкIыжмэ, нэгъуэщI къэралхэм кърашу зы удзыщхьэ ди къэралым и щIым щыхасэну хуиттэкъым, а хамэ щIыпIэхэм къэкIыгъэхэм щапкърыт узыфэхэр ди деж къамыгъэсын папщIэ. ЗэрымыщIэкIэ е гъэпщкIуауэ зыгуэрхэр къэрал гъунапкъэм къызэпрахамэ, ахэр икIэщIыпIэкIэ ягъэкIуэдын, ягъэсын хуейт, зэрыжытIащи, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэм я къежьапIэ мыхъун папщIэ. Абы лъандэрэ куэдым зихъуэжащ. Иджыпсту ди щIыналъэхэм щыплъагъунущ япэхэм щымыIа къэкIыгъэ куэд. Ахэр хуиту дэни къраш икIи илъэс 16-м щIигъуауэ «Россельхознадзор» IуэхущIапIэм къэкIыгъэхэм я щытыкIэм кIэлъыплъынымкIэ и щIыналъэ къудамэм къэпщытэныгъэхэмкIэ и лабораториемрэ «Кавказ Ищхъэрэ МВЛ»-мрэ зэкъуэту толажьэ Урысейм и экономикэ щытыкIэмрэ цIыхухэм я узыншагъэмрэ зэран хуэхъун узыфэхэр ди къэкIыгъэхэм къахэмыгъэхьэным. А Iуэхум ехьэлIауэ шынагъуэ здэщыIэ щIыпIэхэр карантин щытыкIэм пIалъэкIэ ирагъэувэ, къэунэхуа узыфэхэр ягъэкIуэдыху. Апхуэдэу зэхалъхьащ абыхэм уазэрыпэщIэтын хущхъуэгъуэщIэхэри. Зи гугъу тщIы IуэхущIапIэм игъэзащIэ къалэн гугъум хъарзынэу зэрыпэлъэщыр мыпхуэдэ бжыгъэхэми къагъэлъагъуэ: Гъэ кIуам къапщытащ ди республикэм щыхасэну жылапхъэу тонн мелуани 5,5-м щIигъу, къэкIыгъэ гъэтIысыну мелуани 146-рэ, щIыпIэхэр зэрагъэдахэ къэкIыгъэу мелуан 13-м нэблагъэ, мэзхэм къыщыкI пхъэщхьэмыщхьэрэ удз лIэужьыгъуэу кубометр 66712-рэ, зэлэжьыну пхъэхэкIыу кубометр 571,88-рэ. Пкъыгъуэ зэранхэм я биологие, экологие щытыкIэм фIыуэ хэзыщIыкI щIэныгъэлIхэм нобэ къагъэсэбэп абыхэм уазэрыпэщIэтыну иджырей Iэмал псори. ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться:
Читать также:
18.07.2025 - 15:16 →
ЛIыхъужьыгъэм и орденыр хуагъэфащэ
18.07.2025 - 14:11 →
Гъэлъэхъукъуэ зекIуэхэр
18.07.2025 - 14:09 →
Жэбагъы зэрыакъылыфIэр наIуэ къызэрыхъуар
17.07.2025 - 14:01 →
ГуащIафIэм и лъэужь кIуэдыркъым
17.07.2025 - 12:56 →
КъелIэлIахэм фIыщIэ хуащI
|