Хэкурщ нэхъапэр

Дунейм къыдэгъуэгурыкIуэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ лъапIэныгъэхэм ящыщщ гугъуехь е гъэунэхуныгъэ хэхуахэм ядэIэпыкъуныр. Дэ, адыгэхэр, абы и лъэныкъуэмкIэ адрей лъэпкъхэм япэ димытмэ, дакъыкIэрыхуркъым. Дигу къэдгъэкIыжыну ирикъунщ дэхуэха е щтапIэ къызэрехьэжьа цIыхухэр Къэбэрдейм сыт щыгъуи хэщIапIэ щагъуэту къызэрекIуэкIар. Мыбы апхуэдэхэр щызэхашэрт, унагъуэу щагъэтIысыжырт, зэман дэкIырти, адрейхэм къахэмыщыж щыхъурт. Ар хъыбархэми литературэ щIэинхэми къахощ.

 Абы дезыгъэгупсысар Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхарщ. Абы къигъэлъэгъуащ ди къэралым и цIыхухэр зэрызэкъуэтыр, гуауэри гуфIэгъуэри зэрызэдагуэшыр. Урысейм хуит къищIыжа щIыналъэхэр плъагъуу къызэфIоувэж. ИкIи дэтхэнэри щогуфыкI абы езым къыбгъэдэкI и гуащIэ гуэр зэрыхэлъым.

 Апхуэдэ зэдэIэпыкъуныгъэм и къуэпсхэр жыжьэ къыщожьэ, аращ езы къэралым и къарур къызыхэкIри.

Псалъэм папщIэ, Урысейр сыт щыгъуи гъэунэхуныгъэ гугъухэм къыхэкIыфащ цIыхубэр къегъэлыныр икIи хъумэныр япэ зэрырагъэщым къыхэкIыу. Мис щапхъэхэр.

 Илъэс щищ хуэдизкIэ монгол тэтэрхэм я бжьым щIэта урыс пщыгъуэхэр къулейсыз дыдэ хъуат: абыхэм лъапсэрыхыр къыхуагъакIуэрт зэпымыууэ къатеуэ япэрейхэм. Ауэ Москва щIыналъэм зыри къеIусэртэкъым абы ипщ Калита Иван и Iущагъым и фIыгъэкIэ - абы хъанхэр IупэфIэгъу къищIат. Джыназыр къызыщхьэщыжыр езым и цIыхухэм я закъуэтэкъым: абы зришалIэрт зыщыпсэу щIыпIэхэм хьэзаб щызышэчхэр. А псоми илъэси 5-кIэ, 10-кIэ, языныкъуэхэм деж илъэс 20-кIэ налогхэр ящхьэщихырт, езым и мылъкуу щыт мэзхэм унэ-лъапсэ зэраухуэну пхъэхэр къыхах хъурт.

 Пэжщ, ар бюджетым и дежкIэ хэщIыныгъэт. Ауэ Москва еувэлIат зэрагъэшхэнур, зэрамыгъэпудынур, къазэрыдэIэпыкъунур къызыгурыIуа цIыху куэд. Абы и фIыгъэкIэ щIы IэнэщIхэр яващ, гъавэу кърахьэлIэм хуэдитIкIэ хэхъуащ. И адэм и щапхъэм ирикIуащ и къуэ Симеон Пагэри. Ар Москва и мызакъуэу, Новгороди ипщ хъуащ. Ясакъыр (дань) Симеон, къанэ щымыIэу, ящхьэщихыфакъым, ауэ ар апхуэдизкIэ мащIэ иригъэщIыфати, зыми зыхищIэртэкъым. ИкIэм-икIэжым, мис апхуэдэ цIыхухэрщ 1380 гъэм Куликовэ губгъуэм щытекIуар.

1382 гъэм хъан Тохъутэмыщ Москва иубыдауэ икIи игъэсауэ щытащ. Ар тхыдэмкIэ тхылъхэм итщ, ауэ хэкIуэдахэр зыхуэдизыр къыщыгъэлъэгъуакъым. Джыназ Донской Дмитрий хьэдэхэр щIаригъэлъхьащ абыхэм ящыщу пщIей къэс уасэу зы сом хуигъэуври. Псори зэхэту хьэдэщIэлъхьэм сом 300 хуэдиз тригъэкIуэдащ. Есэп къызэрыгуэкIым къегъэлъагъуэ псори зэхэту цIыху мин 25-рэ - къалэм щыпсэухэм я Iыхьэ щанэр - хэкIуэдауэ зэрыщытар. Къелахэм езыхэм я къару закъуэкIэ щIалъхьэжыфынутэкъым хэкIуэдахэр. Абы и фIыгъэкIэ лъэрыщIыкI емынэ узыр къэхъеякъым.

Пщы унагъуэм апхуэдэу и пщэ дилъхьэжащ уIэгъэхэм, зыщыпсэун зимыIэу къэнахэм ядэIэпыкъунри. Донской Дмитрий и щхьэгъусэ Евдокие езым и дыщэхэкIхэр хамэ къэралхэм къикIа къулеижьхэм ярищащ. КъыщIаха сом мини 3,5-р къанэ щымыIэу ятригъэкIуэдащ хуэныкъуэхэм.

 ЕпщыкIубланэ лIэщIыгъуэр къэсыхукIэ Урысейр гузэвэгъуэшхуэ хэмыту псэуащ. Ауэ илъэси 3-кIэ зэкIэлъыкIуэу - 1601-1603 гъэхэм - Урысейм гъавэ щIагъуэ къыщрахьэлIакъым. Москва и закъуэ цIыху мини 120-рэ щылIащ. Iуэхум щыгъуазэхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, псори зэхэту Москва къэралыгъуэм щыпсэухэм я Iыхьэ щанэр гъаблэм Iуихащ. А бжыгъэр процент 75-м нэсынут пащтыхь Годунов Борис мыхъуамэ.

Псом япэу Годунов езым и гуэнхэр къызэIуихащ икIи гъэр щынэхъыфIхэм щыIа уасэмкIэ гъавэр ищэу щIидзащ. Гуэдзым ирисондэджэрхэм я щхьэхэр пилъэрт, утыкум щызэхуэса цIыхухэм ялъагъуу. Борис и ахъшэхэри ягуэшу щIадзащ: Смоленск сом мин 20, Москва сом мин 200 ялъысащ. Абы къыдэкIуэу мы пащтыхьым ипэжыпIэкIэ пщылIыр IуигъэкIат - апхуэдэр хуитт зейр къигъанэу илъэс зыбжанэкIэ и Iуэху зэрихуэжыну. Мыри къыхэгъэщыпхъэщ: тетым и унафэкIэ къэралым и щIыхуэ псори цIыхухэм хуигъэгъуат, уней щIыхуэ яхуэмытыжыфу ягъэтIысахэм езы Годунов ахъшэр яхуипшынырт. Уеблэмэ коммунистхэми къыпхуащIэфынутэкъым апхуэдэ…

Пащтыхьыгъуэр 1613 гъэм зыIэщIыхьа Романовхэ ящыщу япэ итахэри мэжэщIалIагъэм ерыщу пэщIэтащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Алексей Щэху Дыдэм процент щхьэщамытыкIыу къэралым гъавэ цIыхухэм ярищэн хуейуэ игъэуващ. Мурадыр зыхуэгъэзар мэкъумэшыщIэхэм щIыхуэу ар сондэджэрхэм кърамыIыхынырт. Абы къыдэкIуэу гъей къыщыхъукIэ цIыху къызэрыгуэкIхэм пащтыхьым и хьэкъкIэ налог псори щхьэщахырт.

Къэралым шынагъуэ къыщыщхьэщыхьэхэм деж цIыхухэм ядэIэпыкъун щхьэкIэ IэмалыщIэхэр къагупсысырт. 1672 - 1681 гъэхэм Украинэм и щIыналъэм щекIуэкIа урыс-тырку зауэм и зэманым пащтыхь Федор налогым щыщ Iыхьэ ямытыну игъэувауэ щытащ. Пэжщ, щIэ къигупсысащ: «Унагъуэ къэскIэ зы сом хуозэ яхуэтыну щытмэ». Налог лIэужьыгъуэщIэ хуэдэт, ауэ и пэжыпIэкIэ ар заемым и япэ лIэужьыгъуэт. ГъэщIэгъуэнт зэрыхах щIыкIэри: «КъемыхьэлъэкIыу къэзытыфынухэм къеIыхын, икIи абы папщIэ налогкIи нэгъуэщIкIи ятелъ щIыхуэ псори яхуэгъэгъун». Фейдэр апхуэдизкIэ белджылыти, ахъшэр уэру къэкIуащ. ИлъэситIым къриубыдэу а ахъшэмкIэ дзэр IэщэщIэкIэ зэщIаузэдащ. Ар апхуэдизу лъэщ хъуати, зауэр зэрытемыгъэкIуауэ яухмэ, тыркухэм нэхъ къащтащ.

Екатеринэ ЕтIуанэм и тетыгъуэм биидзэхэр Урысейм и щIыналъэм къизэрыгуакъым, арщхьэкIэ щIэх-щIэхыурэ къэралым къебгъэрыкIуащ уз зэрыцIалэ шынагъуэхэр, мафIэсхэр, псыдзэхэр, н.къ. Пащтыхь гуащэм апхуэдэхэм деж цIыхубэм защIигъэкъуэныр хабзэу зыхуигъэувыжат. КъыдигъэкI унафэхэм мыпхуэдэ псалъэухахэр сыт щыгъуи хэтт! «Таможнэм къыхиххэмрэ налогхэмрэ гъэмэщIэн», «Бдзэжьей къаубыдыным, щэкIуэным, мэзхэм пхъэ къыхахыным зэран хуэхъу лъэпощхьэпо псори Iухын», «я гуэнхэр къызэIуахыным къулейхэр ехулIауэ гъавэр нэхъ пуду цIыхухэм ещэн», «Тепщэ гупхэм тыгъэ хуащIу мыдэн, гуфIэгъуэхэр гъэлъэпIэным трагъэкIуадэхэр гъэмэщIэн». Уеблэмэ мыпхуэди: Мурад бзаджэм къыхамыхыу факъырагъэм ирихулIэу ялэжьа щIэпхъаджагъэхэр яхуэгъэгъун».

 Зэрытлъагъущи, иджы куэдрэ къагъэсэбэп хъуа «Хэкум ухыфIидзэнукъым» псэлъафэм ныбжьышхуэ иIэщ.

              Шал Мухьэмэд.

Поделиться: