Къахьар Сосрыкъуэ ихьыжащНартхэ зэщIэшасэри, Гъуд къалэ къащтэн мурад ящIащ. Гъуд къалэ дэмылъ фIыгъуэ щыIэтэкъым, мывэ сэреиблкIэ къэщIыхьати, пэлъэщакъым нартхэр. МазиблкIэ ебгъэрыкIуащ нартхэр, Гъуд къалэ къахуэщтакъым. Тхьэгурымагъуэм деж кIуащ нартхэр: - Сыт ди Iэмал, дауэ къэтщта хъуну Гъуд къалэ? – жаIэри. - Гъуд къалэ къыфхуэщтэнукъым, Батэрэз гъусэ фымыщIауэ, - къажриIащ тхьэгурымагъуэм. – Топым ивгъэтIысхьи, Батэрэз Гъуд къалэ дэвдзэ. Къалэм дэвдзэмэ, Батэрэз къалэ куэбжэр къыIуихынщи, фыдэзэрыгуэнщ. Батэрэз ирагъэджащ. Топым ирагъэтIысхьэри, Гъуд къалэ дадзащ. Куэбжэр къафIыIуихри, Батэрэз нартхэр Гъуд къалэ диутIыпщхьащ. Гъуд къалэ фIыгъуэу дэлъыр къыдахащ нартхэм, зэхэтIысхьэжри ягуэшын щIадзащ. Къалэм къыдахар кърагуэшэкIыурэ зэгурымыIуэ хъури, зэщыхьэжащ нартхэр. - Сосрыкъуэ девгъаджэ, абы едгъэгуэшынщ, – жаIащ иужьым. ЛIыкIуэ ягъэкIуащ Сосрыкъуэ деж: - Гъуд къалэ къыдэтхар къытхуэгуэш, - жаIэри. - Къалэр къыщыфщтэм сыфхэтакъым, иджы сыт щхьэкIэ сыфхыхьэн? – къахуидакъым Сосрыкъуэ. ЛIыкIуэхэр къыдигъэкIыжащ. - Къалэр къыщыфщтэм сыфхэтакъым жиIэри, къэкIуэн идакъым, - хъыбар яхьыжащ лIыкIуэхэм. - Сосрыкъуэ къытхэмытмэ, мыр тхуэгуэшынукъым. ФыкIуи къафшэ, езыри здэдгъэгуэшэнщ, - жаIэри, лIыкIуэ ящIащ аргуэру. Щыхагъэзыхьым, Сосрыкъуэ къахыхьащ. - Фхуэзгуэшынщ, ауэ мы зымкIэ дызэгурывгъаIуэ: пхъэ дзасэ зырыз къафщти фиувыкI, къыспэрыуэ къыхэкIмэ и нэр ифщI. - Хъунщ, - жаIащ нартхэм, - дыарэзыщ. - Фыарэзымэ, нокIуэ! – жиIэри, Гъуд къалэ къыдаха фIыгъуэр игуэшын щIидзащ. - Мыр Насрэн ЖьакIэ и Iыхьэщ, мыр Уэзырмэдж, мыри Къанж и къуэм… Гъуд къалэм къыдаха фIыгъуэм зы щIопщ пагуэжь, зы фэ Iэнэжь, зы псырыкIуэ вакъэжь хэлът. Сосрыкъуэ къегуэшэкIыурэ, щIопщ пагуэжьыр къыхэкIащ. ЩIопщ пагуэжьымкIэ утеуIуэмэ, фэ Iэнэжьым узыхуей фIыгъуэр къытехъуэрт. - Мыр си шыхъуэжь хуэсхьынщ, - жиIэри, Сосрыкъуэ щIопщ пагуэжьыр зригъэтIылъэкIащ. - Къэтхьар яхьыж, нарт делэхэ! – къыхэкIиикIащ нартхэм ящыщ зыр. ЗэрызэгурыIуати, абы и нэр пхъэ дзасэкIэ иращIащ. Сосрыкъуэ къегуэшэкIыурэ, фэ Iэнэжьыр къыхэкIащ. - Мыр си жэмыхъуэжь хуэсхьынщ, - жиIащ Сосрыкъуэ, фэ Iэнэжьыр зригъэтIылъэкIри. - Къэтхьар яхьыж, нарт делэхэ! – къыхэкIиикIащ зы. Абы и нэри иращIащ. Сосрыкъуэ, нартхэр зэтригъэсэбырэжри, къегуэшэкIыурэ, псырыкIуэ вакъэжьыр къыхэкIащ. ПсырыкIуэ вакъэжьыр лъыптIагъэмэ, псы гущIыIум ущызекIуэ хъурт. - Мыр си мэлыхъуэжь хуэсхьынщ, - жиIащ Сосрыкъуэ, псырыкIуэ вакъэжьыр зригъэтIылъэкIри. - Ай, нарт делэхэ, къэтхьауэ хъуар яхьыжащ! – къыхэкIиикIащ ещанэр. Абы и нэри иращIащ. Къэнар яхуигуэшри, Сосрыкъуэ шэсыжащ. - Дэкум хуэдэу дыкъигъэпцIащ: Гъуд къалэ къыдэтхам я нэхъ щIагъуэр Сосрыкъуэ ехь! – жаIащ зи нэ иращIахэм, зыкъащIэжа нэужь. - Фылъежьи фубыд! – кIэлъагъэпхъэращ Сосрыкъуэ. АрщхьэкIэ щIыхьакъым: псырыкIуэ вакъитIым иувэри, тIуащIэм дыхьэжащ Сосрыкъуэ. Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.
Поделиться:
Читать также:
17.07.2025 - 13:59 →
Печоринымрэ Азэмэтрэ
16.07.2025 - 18:39 →
Есэнокъуэ зэшищыр
11.07.2025 - 16:00 →
Си адэшхуэмрэ нэмыцэхэмрэ
11.07.2025 - 13:55 →
И тхыгъэхэм Iущагъ хэлъщ
09.07.2025 - 18:21 →
Тэнащхэ я лIэужь
|