«Уэшх щхъуафэхэр» къыстешхащ

"УсакIуэм и лэжьыгъэр узэщIауэ къыщилъытэр хилъхьэжынIауэ къэнауэ зэрыщымыIэр щищIэм и дежкъым, атIэ афIэкIа хихыжын къызэрымынэжар къыщыгурыIуэрщ", - Леонардэ да Винчи и псалъэхэр псалъащхьэ хуищIащ Бэлагъы Любэ «Уиндзэр и уэшх щхъуафэхэр» усэхэмрэ поэмэхэмрэ щызэхуэхьэса и тхылъым. 
Любэ и усэхэм езым и гъащIэр къахощ. Псалъэм папщIэ, анэм зэрызыхуигъазэ «Зэнзэныпс» усэм ар и лъагъуэм щроплъэж:
Балъкъ псы Iуфэм къыщежьэу
Щхьэлыкъуэпсым икIам,
Иордан зэпиупщIри,
Темзэ щIыIу ирикIуащ.                                                                                                                             
"Си анэ", "Иджы сэ езыр сыанэщ...", "Си анэм письмо хузотх", "Си анэм папщ1э" усэхэм псэ хуабагъэу хэлъыр къызэри1уатэ псалъэхэри къыхэщыпык1ауэ гуапэщ.        
УсакIуэм и дежкIэ щыIэкъым анэм нэхъ лъапIэ: ар тхьэпэлъхытэщ, ар Хэкущ.
Си Тхьэ, бегъымбару къэбгъэщIахэм
Сэ си анэ закъуэри хэбжэж… («Си анэ»). 

«Хэку, къызэджэж» фIищащ Бэлагъым и зы усэм. Хэкум и макъыр и тхьэкIумэм ит зэпытщ, и теплъэри и нэгум щIэкIыркъым. Хэкум теухуа гупсысэр абы и усыгъэм щыпхышащ, зэм иринэщхъыфIэу, зэм иринэщхъейуэ, зэм иринасыпыфIэу, зэм ирипIейтейуэ. Дэнэ щIыпIэ щыIэми, псэкIэ зыпыщIар и хэкуращ: «Хэкужьым гъатхэр къыщихьэмэ, Инджылызым пшэхэр щопыхьэ…» Аращ абы гукIи псэкIи хэкум зыщIыхуишийр: 
Сыщхьэщытыпи щIы нэзым! 
Хэку къызэджэж, къысхуэIэсэ.

Бэлагъы Любэ и лъагъуныгъэ лирикэр щIэщыгъуэщ. Абы гурыщIэм и щэхухэр щIепщытыкI, едж, егъэунэхури, зыхуишэри къегъэлъагъуэ. Лирическэ лIыхъужьым закъуэныгъэр нэхъ къищтэнущ имыгуэгъу гъусэ къыхуэхъу нэхърэ. Аращ «Сызыхуэмыдэм сомыпэс» щIыжиIэр. Абы и гухэлъ гъэунэхупIэр куущ: 
Укъыщымыфэ си утыку,
Ар мылгъурыджэщ! 
Абы тетыфым зыкъомыку,
УкIэлъымыджэ!

ЛIыхъужьым псэгъу хуэхъунур фIы дыдэу щыгъуэзэн хуейщ абы и псэм, и дунейм, и бэуэкIэм. «КъэскIуам лъакъуапIэу къытенам укърикIуэну?!» - жеIэ абы. 
«КъыздэIэпыкъу» усэм хэт лIыхъужьыр хэтщ гурыщIэм къыпекIуэкIыну:
КъыздэIэпыкъу узутIыпщыну,
Уэрыншэу махуэ сыгъэпсэу…
Укъэмыпсалъэ гъуэлъыжыгъуэм,
Пщэдджыжьым тхыгъэ къомыгъэхь.
 
Ауэ щыхъукIи, лIыхъужьым хуэмышэчу езыр лъыгъуэзэнкIэ мэшынэ:
СынэпсэлъакIи, схуэмыхьыжу, -
Жэуап къомыт, жэуап къомыт! 

Лъагъуныгъэм езым хуэдэ къызэрилъыхъуэр усакIуэм жиIэрейщ:
Лъагъуныгъэ зэрымылъ Iэпкълъэпкъыр нэщIщ…
Лъагъуныгъэр - ар Псэщ, маджэ…
Езым хуэдэ къелъыхъуэ!

УсакIуэр хуэхьэзырщ гъащIэм и IэфIми и дыджми. Абы хуэсакъыу ехъумэ зэгуэр и гъащIэм къыхыхьахэр, зи псэ и теплъэ зыхищIахэр. «Гу щызгъахуэ» усэм щыпхышащ а гупсысэр. 
… Мы дунейм сэ иджыри зы пщIэ,
Зы пщIэ закъуэ къыщысхьыфынущ -
Ар мы си гум зыхищIэ гухэрщ,
Ар гущIэгъу зэрыхуэсщIырщ цIыхум…
Дэнэ ар зыдэщыIэр, си Тхьэ,
… Сэ си узыр - ар сыту уз хьэлъэ…
Абдеж щомыух сэ схуэптхыр,
Гу щысхуакъым иджыри си хьэлъэм.
 
«Мы поэмэр фэеплъ яхузощI зи хэкум къыхуэпабгъэу дунейм текIыжа ди лъэпкъэгъу хэхэсхэм», - жеIэ Бэлагъы Любэ «Сэтэней» поэмэм щхьэкIэ. Iыхьищу зэхэлъ тхыгъэм блэкIари нобэрей гъащIэри щызэподжэж, къэкIуэнуми гугъэ хуегъэтIыгъуэ. Мыбы щызэблокI пасэрей Сэтэнейрэ иджырей Сэтэнейрэ я образхэр. БлэкIам къыхокIри къытхохьэж Сэтэней. Поэмэм щIэлъ гупсысэр щытыкIэ гугъум ит нобэрей гъащIэ гугъусыгъум къозэгъ:
Сэ - Сысэтэней Гуащэщ!
Сызипхъур Iуащхьэмахуэщ!
Фызылъхужар сэрдыдэщ…
Фыщхьэщысшыну гущэщ,
Фызыщхьэщыт кхъэ мащэм,
ЗызыукIыж, си бынхэ!

АрщхьэкIэ Сэтэнейм и чэнджэщхэр Iумпэм ящI, ар укIыпIэм ирашэ. «Гугъэр адэ щIэинщ». УсакIуэр мэгугъэ лъэпкъым зыкъищIэжыну. «Жьым хэту къокIуэ къару гуэрхэр» щыжиIэкIэ, ар зыгуэрым поплъэ. 
Гупсысэ нэхум хэлъи къыщыгъэнэIуа художественнэ тхыгъэм щIэджыкIакIуэр зыгуэрым хуегъасэ: е зыгуэр игъэгъуфу, е Iуэху гуэрым зрипщытыфу, е гурыщIэм зыдищIыфу… Куэд къыпыпщ1эфынущ. «Уиндзэр и уэшх щхъуафэхэр» тхылъми хэлъщ сатыр, псалъэ къэс зыпсыхьа щэху. Уафэмрэ щIылъэмрэ зэпищIэу я зэхуакум къыдохутэ усакIуэпсэр. Мыбы и усэ къэс дуней щхьэхуэщ. Усэхэм яхэтщ зызыгъафIи, зызыгъэгуси, щхьэжагъуи, уеблэмэ губжьаи. Ауэ щыхъукIи, абыхэм къахыбоцIыхукI усакIуэм и хъэтIыр.  

 

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 17:16 → ГукъэкIыжхэр
23.11.2026 - 18:05 → Данэ и щэхур
20.11.2026 - 12:40 → Къагъуэтыжащ